КъафэхэмкIэ IэкIуэлъакIуэ

Мэлыжьыхьым (апрелым) и 13-м Ставрополь къалэм щекIуэкIа «Короли танцпола» Урысейпсо фестивалым ипкъ иту, АлиБэрдыкъуэ къуажэм щыщ, уэрэдымрэ къафэмрэкIэ «Сэтэней» цIыхубэ ансамблым зэхьэзэхуэм и Гран-При-р къилъэщащ, I нагъыщэ зиIэ и Лауреат щэнейрэ хъуащ. Гупым и унафэщIыр Къэрэшей-Черкесым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЛIымаху Анатолэщ. Ансамблым къафищ къигъэлъэгъуащ: «Танец чабанов», «Ислъэмей», «У подножия Эльбруса» хуэдэхэр. Иужьрейм фестивалым и Гран-При-р къилъэщащ.

КъинэмыщIауэ, фестивалым ипкъ иту ансамблым сом мин 20 къыхуагъэфэщащ икIи щэкIуэгъуэм (ноябрым) Къэзан къалэм щекIуэкIыну, мы зэпеуэм и Дунейпсо Iыхьэм хэтыну Iэмал ягъуэтащ. «Сэтэней» цIыхубэ ансамблым хэтхэм, я унафэщIым, ныбжьыщIэхэм я адэанэхэм мы зэпеуэм сабийхэр кIуэнымкIэ щIэгъэкъуэн къахуэхъуа, Али-Бэрдыкъуэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Иуан Руслан фIыщIэшхуэ хуащI.

Адэжьхэм къытхуагъэна щэнхабзэ дахэр лъэпкъым IэщIэмыхуу зэрызэрахьэм папщIэ, дэтхэнэ адыгэри мы гупым дрогушхуэ, дроин!

ЗэрыгурыIуэгъуэщи, мы текIуэныгъэр творческэ лэжьыгъэшхуэм, лъэпкъ гъуазджэм хуаIэ фIылъагъуныгъэм къыпэкIуа дамыгъэщ. Ансамблым хэтхэми я художественнэ унафэщIми дохъуэхъу апхуэдэ ехъулIэныгъэмкIэ! ИкIи дяпэкIи лъагапIэщIэхэм нэсыну, я хъуэпсапIэхэр зыIэрагъэхьэну Тхьэм жиIэ!

ЧЫРБЫЖ Иринэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *