Муслъымэну дунейм тетымкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ нэщI мазэ лъапIэр иухащ. НэщIыр къызэрихьэрэ районкIэрэ, къуажэкIэрэ, республикэм и къалащхьэми щекIуэкIащ пщыхьэщхьэ зэдыхэщхьэж пшыхьхэр, жумэ нэмэзхэр.
Гъатхэпэм и 29-м, Рэмэдан мазэм и иужьрей махуэм, Черкесск къалэм дэт Соборнэ мэжджытышхуэм, «Шатёр Рамадана 2025»-м щекIуэкIащ КъЧР-м и Iэтащхьэм и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща хэщхьэжыр. ХьэкъыпIэкIэ ар, зэрыжаIа дыдэу, «интернациональнэ» хъуащ. АтIэ, лъэпкъ куэду зэхэт Къэрэшей-Черкесым щыпсэу, лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIа муслъымэн, рес- публикэм ит мэжджытхэм я Iимамхэр, нэрыбгэ 1500-м нэс къекIуэлIащ а дин Iуэху угъурлым.
— Лъэпкъ куэду зэхэт ди республикэм щыпсэухэм я къуэш зэхущытыкIэ къабзэхэр щIигъэбыдэу, ха- бзэфI зэрыхъуауэ, Рэмэдан мазэр мы гъэми хъуащ псэкIэ нэхъри зыдузэщIыным, дыуэ, тхьэлъэIу къабзэхэм, IуэхуфIхэмрэ гупсысэ узыншэхэмрэ я мазэ лъапIэ. Республикэм щыпсэу цIыхухэр сыт щыгъуи гущIэгъулыныгъэкIэ, гулъытэкIэ жумартщ икIи нэщI мазэми къриубыдэу дэIэпыкъуныгъэ ирагъэгъуэтащ гъащIэм щытыкIэ хьэлъэм иригъэува цIыхухэм, СВО-м щыIэ ди зауэлIхэм, ухуэныгъэхэм, зэгъэзэхуэжыныгъэхэм я мылъку халъхьащ.
Си гум къыбгъэдэкIыу псоми сывохъуэхъу, дэтхэ нэ унагъуэми зиузэщIыну, зэгурыIуэныгъэрэ ДыкъэзыгъэщIам и гущIэгъурэкIэ гъэнщIауэ щытыну!
Алыхьым къабыл ищI муслъымэн къэс и нэщIи, и нэмэзи! — жиIащ Темрезов Рэшид, хэщхьэж пшыхьым къекIуэлIахэм захуигъазэкIэрэ.
КъЧР-м и муфтий Эркенов хьэжы Мухьэммэд и гуапэу къыхигъэщащ КъЧР-м лъэпкъыу исым яку дэлъ зэгурыIуэныгъэр.
— Республикэм щыпсэу цIыхухэр зэхуэгуапэщ, зэролъытэ, зэролъагъу. Нэхъыщхьэращи, мамырыгъэм- рэ зэгурыIуэныгъэмрэ дяку дэлъу допсэу! — къыхигъэщащ абы.
Пшыхьым хэта муслъымэнхэм нэмэз зэдащIащ, Тхьэ зэделъэIуащ, зэдыхэщхьэжащ.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.