ЩIылъэм и континентитхуми щыпсэу лъэпкъхэм къадекIуэкI хъыбарыжьхэм къахощыж иныжьхэр. Зыгуэрхэм къагъэлъагъуэ ахэр я акъылкIи я къарукIи мыдрей цIыхухэм ящхьэщыкIыу, яфIэкIыу, адрейхэм — къару ехьэжва зиIэ псэущхьэ акъылыншэжьхэу. Ещанэхэм къалъытэ иныжьхэр дунейм ауэми темытауэ, абыхэм ятеухуа хъыбархэр псысэу зэхалъхьауэ. Дауэ пIэрэ атIэ зэрыщытар и пэжыпIэкIэ? Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, иныжьхэм зэрану къахьам нэхърэ сэбэпу къапыкIар нэхъыбэщ, иныжьхэм цIыху цIыкIухэр куэдым хуагъэсащ, хурагъэджащ.
Блаватская Еленэ къызэрилъытэу щытамкIэ, иныжьхэр, нэ закъуэ нэхъ зи натIэм имыс циклопхэри яхэту, нартхэм япэ иту псэуа ещанэ щIыдэлъху лъэпкъым щыщт. Ахэр кIуэдыжа нэужьи ящыщ гуэрхэр къанэри, псэуащ нартхэр ягъэсэжу, иужькIэ — ягъэбийуэ… Нэхъапэхуным иныжьхэм (титанхэм) лъэкIыныгъэшхуэхэр яIащ Тхьэм къахуигъэфэщауэ. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, Прометей ящыщт иныжьхэм. Абы цIыхухэм къахуимыщIа щыIэжкъым. Абы цIыхухэм мафIэ къахуихьащ, ар зэщIагъэсту, яхъумэу игъэсащ.
МафIэр образ къудейщ: мафIэ закъуэракъым, Прометей цIыхухэм нэгъуэщI щIэныгъэ куэди къаритащ. Иныжь нэ закъуэхэм (циклопхэм) цIыхухэр ягъэсащ гъущI ягъавэу, абы Iэмэпсымэ зэхуэмыдэхэр къыхахыу, къагъэсэбэпу. Иныжьхэр щIым щыпсэуащ динозаврхэм я лъэхъэнэм. Ахэр я къарукIи, я инагъкIи, я хьэлъагъкIи япэувыфт динозавр щэджащэхэм. АтIэ фи нэгу къыщIэвгъыхьэ. Динозавр нэхъ ин дыдэхэм ящыщт патаготитаныр. Къагъуэтыжа и къупщхьэхэмкIэ къызэралъытэу, абы и хьэлъагъыр тонн 70-м нэблагъэт, и кIыхьагъыр метр 37-м щIигъут.
Аргентинозаврыр нэхъ иныжт: и хьэлъагъыр нэст тонн 90-м, 100-м, и кIыхьагъыр метр 40-м нэблагъэт. Апщыгъуэм псэуа цIыхуми (иныжьым) и лъагагъыр метр 20-25-м, и хьэлъагъыр тонни 100-м зэрынэхьэст. Армырамэ ар ауэми япэлъэщынутэкъым динозаврхэм, нэгъуэщI псэущхьэ инхэм. Абы къинэмыщIауэ, апщыгъуэм псэуа иныжьхэм яIэт икIи къагъэсэбэпт технологие къызэрымыкIуэхэр, а псэущхьэ щэджащэхэр IузыгъэщтыкI е хэзыгъащIэ Iэмэпсымэхэмрэ Iэщэхэмрэ. Иджы динозаврхэмрэ нэгъуэщI псэущхьэ ин дыдэхэмрэ я къупщхьэхэр апхуэдизу мыкуэдми къагъуэт, ахэр щыплъагъунущ Аргентинэм, Бразилием, Канадэм, Чынтым, Франджым Германием, Индием, Монголием, Ипщэ Африкэм, Испанием, Инджылызым, США-м я музейхэм. Динозаврхэм я къупщхьэ нэхъыбэ дыдэ къыздагъуэтахэм ящыщщ Штат Зэгуэтхэмрэ Чынтымрэ. Дэтхэнэ къэралми – динозавр лIэужьыгъуэ 320-м щIигъум я къупщхьэхэр. Ауэ жытIэфынукъым иныжьхэмрэ нартхэмрэ я къупщхьэхэр, апхуэдэ къабзэу, куэду ягъуэтауэ. Сыту пIэрэ атIэ ар къызыхэкIыр? Абы и ущхьэгъумкIэ еджагъэшхуэхэм къагъэлъагъуэ гупсысэр щысIуэтауэ щытащ мыбы и пэкIэ ди газетым тета тхыгъэхэм ящыщ зым. КIэщIу къытезгъэзэжынщи, иныжьхэмрэ нартхэмрэ кхъэ яIакъым. Абыхэм я лIахэр ягъэсти, сахуэр хьэуам щрапхъыхьыжт. Хъыбарыншэу кIуэдхэм, псым итхьэлэхэм е щIыр зэгуэчу дэхуэхэм я хьэдэхэр къагъуэтыжыфт… Абы къинэмыщIауэ, иныжьхэм я лъэпкъыр зы махуэкIэ кIуэдыжащ мафIэбгхэм къарыкIа лыгъэм исри, нартхэр хым щIэтIысыкIащ. МафIэм къел щыIэкъым… Километр бжыгъэ зи кууагъ хым и щIагъым археологическэ къэтIыныгъэхэр, къэхутэныгъэхэр иджыри зыми щригъэкIуэкIакъым, апхуэдэ лъэкIыныгъэхэр цIыхухэм иджыри ябгъэдэлъкъым. Абы ищIыIужкIэ хы толъкъунхэм илъэс мелуанкIэ къупщхьэхэри мывэхэри пшахъуэу яхьэжыж. Аращ цIыху иныжьхэм я къупщхьэхэр щIамыгъуэтыр. Пэжу, закъуэтIакъуэ гуэрхэр къыщагъуэт щыIэщ, ауэ ахэр яубзыщI, хэIущIыIу ящIыщэкъым. Зыгуэрхэри яхуэмыгъэпщкIуу «яIэщIокI». Щапхъэ гуэрхэри къэсхьынщ.
Пасэрей урымдэс Плиний и тхыдэ тхылъым зэрыщитхыжымкIэ, Iуащхьэ гуэр къыщыщатэм, абы къыщIэхуат метр 20 зи инагъыу щыта цIыхум и къупщхьэхэр. Уеблэмэ, Плиний а къупщхьэхэр зейуэ щыта цIыхум Орион цIэр фIищат. Еджагъэшхуэ философ Филострат зэритхыжым тетщIыхьмэ, Эфиопием къыщагъуэтат метр 16 зи инагъ цIыхум и къупщхьэхэр. Нарт лъэпкъ толтекхэм я тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, абыхэм япэкIэ я щIыналъэм иныжьхэр исащ. Ауэ динозаврхэри ящIыгъуу ахэр ягъэкIуэдыжащ мафIэбгхэм къариху ткIуаткIуэ пщтырымрэ щIыхъеиныгъэ къызэрымыкIуэхэмрэ. Иныжьхэм я къупщхьэ гуэрхэр къыщагъуэтащ дунейм и щIыпIэ куэдым: Мексикэм, Перум, Тунисым, Филиппинхэм, Австралием Испанием, Щамым, Марокком, Куржым, ИпщэКъуэкIыпIэ Азием, Океанием и хытIыгухэм. 2008 гъэм Боржоми къалэм пэмыжыжьэу, Харагуль къуэдмэзым деж, куржы археологхэм къагъуэтауэ щытащ метрищ зи инагъ цIыхушхуэм и къупщхьэхэр. Къагъуэтам и щхьэ къупщхьэр (черепыр) иджырей цIыхум ейм нэхърэ хуэдищкIэ нэхъ инт. Иныжьхэм я къупщхьэхэр къыщагъуэтат Австралиеми. ЦIыхум и дзэщхьэлым миллиметр 67-рэ и лъагагът, миллиметр 42-рэ и бгъуагът.
Апхуэдэ дзэхэр зыIута цIыхум ику иту и инагъынут метри 7,5-рэ, и хьэлъагъынут килограмм 370-рэ. Углеводород зэхэгъэкIыныгъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, абы и ныбжьт илъэс мелуани 9. Чынтым къыщагъуэта жьэкъупщхьэхэмкIэ къэтлъытэмэ, ахэр зея цIыхум и лъагагъыр метри 3,5-м, и хьэлъагъыр килограмм 300-м нэст. Ипщэ Африкэм и налмэс къыщIэхыпIэхэм къыщагъуэта цIыху щхьэкъупщхьэ щэджащэм и лъагагът сентиметр 45-рэ. Антропологхэм белджылы зэращIамкIэ, къупщхьэм и ныбжьт илъэс мелуани 9-м нэблагъэ. Мывэ хъужа къупщхьэхэр (окаменелости) къыщагъуэтащ Тыркум, Андхэм щыIэ Титикакэ гуэлым и Iуфэхэм. Чили къэралым хыхьэ Пасхи хытIыгум нобэр къыздэсым щыIэ мывэ цIыху сурэт щэджащэхэр-щэ? ЩIыпIэ лъэпкъхэм я хъыбарыжьхэм къызэрыхэщыжымкIэ, метр 20-м щIигъу зи лъагагъ, тонн 50 — м нэблагъэ зи хьэлъагъ мывэ сынхэр ягъэуващ «уафэм къеха цIыху IэпщIэлъапщIэхэм». КъэхутакIуэхэм къызэралъытэмкIэ, Пасхи хытIыгур иныжьхэм я континент щIэтIысыкIам и къутахуэщ.
Америкэ еджагъэшхуэ Джеймс Чечвард Тибетым и члисэхэм ящыщ зым къыщигъуэта мывэ гъущIынэтхым итхэр иджа нэужь, ар хуэкIуащ мыпхуэдэ гупсысэм: Пасхи хытIыгум и мывэ сын щэджащэхэр зыгъэува цIыхухэр езыхэр антигравитацэ Iэмалхэр къэзыгъэIэрыхуа, мывэ абрагъуэхэр гугъу демыхьу зыгъэIэпхъуэ иныжь лъэпкъыу щытащ. Перум къыщагъуэтауэ, Джавир музейм щахъумэ, инкхэм ягъэхьэзыра мывэ гъущIынэтххэми къыщыгъэлъэгъуащ цIыхухэмрэ динозаврхэмрэ зы зэманым зэрыпсэуар. Уеблэмэ, а динозаврхэр иныжьхэм унагъуэ Iэщым хуэдэу зэрахуэт.
Жыжьэ сыщIэIэбэр сыт, щIэджыкIакIуэхэм пцIы сагъэупсынукъым, ди газетым тхыгъэ тетауэ щытащ Хьэгъундыкъуей бгы гъуанэм и лъабжьэм гъуэгу щащIым цIыху щхьэ къупщхьэ ин къызэрыщIэхуам теухуауэ. Ар мы сатырхэр зытх сэ къысхуиIуэтэжат Аслъэныкъуэ Асчэрбий и къуэ Уэсмэн. Езым ар къынигъэсыжат Асчэрбий и адэ Шу. ЗэрыжаIэжымкIэ, а цIыху щхьэ къупщхьэм и нэхэр зэрыса гъуанэхэм цIыхухъу IэштIымыр ихьэт. «МыхъумыщIагъэ гуэр къимыкI щIыкIэ…» — жиIэри ефэндым щIаригъэтIэжат. А щIыпIэр ящыгъупщэжащ нэхъ, абдежым археологхэр щагъэлэжьамэ, гъэщIэгъуэныщэ Iэджи къыщагъуэтынут… Блаватская Еленэ и «Тайная доктрина» тхылъым зэрыщитхымкIэ, нартхэм япэ ита иныжьхэращ иужькIэ нартхэм къагъэIэрыхуа, иджы цIыхуцIэ зиIэм къигъэсэбэп технологие нэхъыщхьэхэр псори къызыбгъэдэкIар. Иныжьхэм я цивилизацэр псэуащ илъэс мелуан куэдкIэ. Ахэр дунейм текIуэдыкIыжащ илъэс мелуанитI- щыкIэ узэIэбэкIыжмэ. Абыхэм къакIэлъыкIуа нартхэри цIыху цIыкIутэкъым. Абыхэми технологие дэгъуэхэр, бэлыхьхэр яIэт. Ахэр иджырей цIыхухэм ящхьт я теплъэкIэ, ауэ метри 5-6 я лъагагът. Нартхэр илъэс мин 850-кIэ узэIэбэкIыжмэ щыIа псыдзэшхуэм итхьэлащ.
Бгы лъагапIэхэм куэшу абы къела гуэрхэр псэуащ илъэс мин 12 хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ. Ахэра хъунщ нарт эпосыр къэзыгъэщIари… Дэ дызыхиубыдэ иджырей арий лъэпкъыр нартхэм къахэкIащ илъэс мелуан хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ. Арий пасэхэри цIыкIутэкъым, абыхэм я инагъыр нэст метри 3-4-м. АдэкIэ цIыхухэр, апхуэдэу жытIэну къекIумэ, нэхъ жьгъей хъуащ. Еджагъэшхуэ, эзотерик щхьэхуэхэм къызэралъытэмкIэ, Мысырым и Щимэхэр (Пирамидэхэр), Сфинкс Абрагъуэр, Чили къэралым хиубыдэ Пасхи хытIыгум тет мывэ сын щэджащэхэр, нэгъуэщI ухуэныгъэ къызэрымыкIуэу зи хъыбар къытIэрыхьахэр, ди деж къынэсахэр — псори япкъ къикIащ иныжьхэмрэ нартхэмрэ. Афганистаным и Бамиан къалэм и Iэгъуэблагъэм ижь-ижьыж лъандэрэ щытащ Буддэм и мывэ сын щэджащэу тху.
Нэхъ ин дыдэм и лъагагъыр хъут метр 55-рэ. Ар ди эрэм ипэ къихуэ лIыщIыгъуэ ещанэм щIадзэри илъэс 200-м нэблагъэкIэ мывэм къыхаIущIыкIат. Ар тхыдэм зыри хэзымыщIыкI афган тIалибхэм 2001 гъэм лагъымкIэ къагъэуауэ щытащ. Иныжьхэмрэ нартхэмрэ къащIэна фэеплъхэр мащIэ – мащIэурэ мэкIуэдыж. Насып диIэмэ, къытхуэнэнщ нартхэм я эпосыр. Угугъэ хъунущ абы хъуэрыбзэхэмкIэ щыгъэпщкIуа щIэныгъэхэри зэгуэрым къэдгъэщхьэпэжыну.
ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.