Дыгъужь Къурмэн и цIэр зезыхьэ Хъумэрэ курыт еджапIэм зи IэщIагъэм хуэпэжу, зи лэжьыгъэм гумызагъэу бгъэдыхьэу Iут педагогхэм ящыщ зыщ ГЪУКIЭМЫХЪУ Мадинэ Уэсмэн и пхъур. Анэдэлъхубзэр фIыуэ илъагъуу щIэблэр къэзыгъэтэдж мы бзылъхугъэм и ӀуэхущӀапӀэм деблэгъащ адыгэбзэм и Махуэм ехъулIэу, икIи и лэжьыгъэм зыщыдгъэгъуазэмэ ди гуапэу, упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.
— Мадинэ, адыгэбзэ дерсым сабий дапщэ къакӀуэр? Иджырей щӀэблэм дауэ къыщыхъурэ тхэфу икӀи еджэфу зыгъэсэныр? — Класс къэс, ику иту къапщтэмэ, нэхъыбэ дыдэу сабиипщI къакIуэми аращ. Сэ классу хъуар изогъаджэри, сымылъагъуу къанэкъым нэхъ цӀыкӀунитӀэхэм бзэр къазэрегугъуэкIыр, урысыбзэкIэ яхузумыдзэкIмэ, адыгэ псалъэхэм къарыкIыр къазэрымыгурыӀуэр. Зы щапхъэ къэсхьынщ. Лэжьэн щыщIэздзагъащIэм, си еджакIуэхэм бзэм и хабзэхэр щIэх къэубыдыным нэхърэ, литературэмкIэ лэжьыгъэ ятезгъащIэмэ нэхъ къыхахт. Иджы, нэгъуэщIущ зэрыщытыр: си еджакӀуэхэр тхэным хуэщIащ, литературэм — хуэгунэфщ. — Сыту пӀэрэ ар къызыхэкIыр? — Сэ къызэрысщыхъумкIэ, ар апхуэдэу щIэхъум и щхьэусыгъуэщ урысыбзэр джыным сыхьэт нэхъыбэ хухахауэ, теориемрэ бзэм и хабзэхэмрэ зэпымыууэ зэраджыр. АтIэ, куэдрэ узрипсалъэ бзэм уи тхьэкIумэр йосэри, анэбзэм и IукIэм щIэх ущоуж. Iуэрытх щазгъэтхкIи зы гъэщIэгъуэн гуэр ядызолъагъу цӀыкIухэм: адыгэбзэм зэгъэуӀуауэ иримыпсэлъэф пэтрэ, «4»
нэхъ мащIэ къамыхьу матхэ. — Дауэ уеплърэ, анэдэлъхубзэр егъэджыгъуафIэ щIыным къыпэнэр абы сыхьэт мащIэ зэрыхухэхара? — Нэхъыбамэ хъунут сыхьэт бжыгъэу диIэр жысIэмэ укъэзгъэпцIэнущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, япэрауэ, адэ-анэхэм ягу щIэузу щытын хуейщ я сабийр бзэм пэIэщIэу къызэрытэджым. Ар нобэ гуныкъуэгъуэ дыхэзыдза Iуэхукъым, бзэ щIэныгъэлIхэри егъэджакIуэхэри зыкъом щӀауэ иропсалъэ зэпыт унагъуэм деж нэхъыжьым нэхъыщIэр и бзэмкIэ иущиин зэрыхуейм, абы нэгъэсауэ гулъытэ зэрыхуищIыпхъэм. АрщхьэкIэ, жаIэр здыжаIэм къонэж! — Еджэныр нэхъыфӀу къызыдэхъухэм ятеухуауэ сыт жыпӀэн? — Егугъупэу еджэ цIыкIухэм я цIэр си гуапэу къисIуэну сыхуейщ: еплIанэ классым хэс Дыгъужьхэ Элинэрэ Русланрэ, ебланэм — Темыр Даринэ, еянэм — Дыгъужь Аидэ, Астэжь Мурат, Беслъэней Астемыр сымэ. Нэгъабэ Черкесск къалэм щекIуэкIауэ щыта адыгэ фестивалым иужьреищыр сшати, фIы дыдэу зыкъыщагъэлъэгъуащ. АдэкIэ къыхэзгъэщмэ сфIэфIщ ебгъуанэ классым кIуэ Те мыр Хьэлимэт. А хъыджэбз цIыкIур щапI адыгэ хабзэжьхэм тету псэу унагъуэ хъарзынэм. Езым къызэрызжиIамкIэ, и адэр ткIийуэ кIэлъоплъ лъэпкъ хабзэхэр зэрызэрихьэм, зэзэмызи, псори унагъуэм къекIуэлIэжа нэужь, зэман хехри Ӏуэрытх ирегъэтх, бзэр джыным нэхъри трегъэгушхуэ. Мис апхуэдэу адрей адэанэхэри я щIэблэм пылъатэмэ… — Дапщэ хъуа адыгэбзэм хуебгъэджэн зэрыщIэбдзэрэ? — Илъэс епщIанэр йокIуэкI адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ сызэрыхъурэ. Къэрэшей-Черкес къэрал университетым филологиемкIэ и факультетыр къыщызуха 1997 гъэ лъандэрэ еджапIэм сыщолажьэ. Си дипломым итыр «анэдэлъхубзэмрэ литературэмрэкIэ егъэджакIуэ, журналистикэ» IэщIагъэхэрати, сэ къыстегъэпсыхьа IэнатIэ Хъумэрэ еджапIэм щызмыгъуэтым, гъэсакIуэу щIэздзэн хуей хъуащ. ЕгъэджакIуэ сыхъуным нэхърэ, журналистикэрат си нэ къызыхуикIыр. Уеблэмэ «Ленин нур» газетми практикэ сыщыIауэ щытащ, фIы дыдэу сцIыхут япэм абдеж щылэжьа журналист, тхакIуэ лъэрыхьхэр. — ДяпэкIэ адыгэбзэм и щытыкIэнур дапхуэдэу уи нэгу къызэрыщӀэбгъыхьэр? — Дигу дгъэфIыж щхьэкIэ, гужьеигъуэщ бзэм и къэкIуэнкӀэ хъунур. Тхьэм сыщыуауэ, сызэрымыгугъауэ къыщIигъэкI. Жагъуэ зэрыхъущи, нобэ хъумэрэ дэсхэм нысэу къашэм инэхъыбаIуэр къыдэхъукIащ урысыбзэр здытепщэ жылагъуэхэм, е адыгэ къуажэ къыдэкIами, бзэр ныкъуэджу зыIурылъхэм. Бзылъхугъэм езым и бзэр имыщIэмэ, къыщIэхъуэнум хэт иригъэпсэлъэнур? Адэ-анэ ныбжьыщIэхэр щыгъэтыжа, дадэ-нанэхэм ящыщ куэдми къафIэIуэхущэкъым я къуэрылъхухэр адыгэбзэм щIапIыкIын зэрыхуейр. — АдыгэбзэкӀэ мыпсэлъэфыр адыгэж? — Хьэуэ. УрысыбзэкIэ дэгъуэу псалъэ сабийм, адыгэбзэм щытехьэжым деж, и гупсысэр къабзэрэ гурыIуэгъуэу къыхуэIуатэкъым. Зы бзэм и ухуэкIэр нэгъуэщIыбзэм иригъэзэгъэфкъыми, жиIэну зыпылъыр фIызэхозэрыхь, лъэхъауэ мэпсалъэ. Тхьэм тыгъэу ди лъэпкъым кърита бзэр тхуэмыIыгъыу щыкIуэд махуэ дыхуимыгъазэкIэ … — Фестивалхэм, зэпеуэхэм хыхьэным сыт щыгъуи фыхуэхьэзыр? — Нобэр къыздэсым диIэкъым еджакIуэхэр фестивалхэм зэрыхэдгъыхьэн адыгэ фащэ. Хьэбэз, Карачаевск щыIэ къэфакIуэ гупхэм яйр къаIитхын хуей мэхъу. ДиIамэ ди махуат щIалIиплIымрэ пщащиплIымрэ яхурикъун фащэ дахэхэр, фэ тету, щэкIыфIым къыхэдыкIауэ. И дыпщIэм мащIэкъыми техуэр, ахъшэ тхущӀэзытыфынум дылъыхъуэн дытегухушхуэфкъым. — УэркӀэ сыт адыгэбзэр? — Си анэшхуэм и псэр хэлъу солъытэ си бзэм. Зымахуэ зы гупсысэ гуэрым сытещхьэрыуащ: «Тхьэм цIыхуу сыкъыщигъэщIым адыгэ лъэпкъым сыщыхибжакIэ, абы нэхъыфI щыIэу къыщIэкIынкъыми, иджыри зэ адыгэу сыкъигъэхъужащэрэт…» — Упсэу, Мадинэ! Уи нэIэм щIэту къэтэдж хъумэрэдэс цIыкIухэм Тхьэм уяужь къригъэувэ лъэпкъ Iуэху дэзыгъэкIыни, анэдэлъхубзэмрэ адыгэ хабзэхэмрэ я пщIэр къэзыIэтыни! Епсэлъар ЛЫХЬ Тимурщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.