И унагъуэцIэм хуэдэт и пшынэ еуэкIэри

1904 гъэм и гъатхэку мазэм, Екатеринодар къалэм концерт ин щызэхэтащ, гум жьы дэзыгъэкI гупсысэхэр къызэщIигъэушэу. Жылэр къыщIызэхуэсам и щхьэусыгъуэри зэ щхьэкIэ узыгъэгушхуэт, итIани, уегупсысмэ, арэзы укъэзыщIу, еувэлIэгъуафIэу щыттэкъым. Япон зауэм хыхьэну таучэл зыщIа адыгэ щIалэхэр, уэрэдрэ къафэрэкIэ гъуэгу махуэ трагъэхьэу арати, утыкур зыгъэдахэ музыкантхэм гъэщIэгъуэныщэу зылI яхэтт — ХЬЭГЪЭУДЖ Мыхьэмэт — зэрыпшынауэ Iэзэм къыщинэмыщIа, дэгъуэ дыдэу адыгэбзэкIи урысыбзэкIи уэрэдхэр къыIурылъэлъу жиIэу.

Лъапэлъагэрэ IэпIащэлъэпIащэу гъэпса Мыхьэмэт и пшынэуэкIэ къызэрымыкIуэм я нэ тенауэ, къаувыхьауэ кIэлъыплът псори: и щIыбым ирихьэкIыурэ, щIым нэс зрихьэхыурэ зы IэпхъуамбэкIэ пшынэм зэреуэм. 1912 гъэми апхуэдэ пшыхь екIу щызэхаублам, Мыхьэмэт и цIэр дэни къыщацIыхуххэт, адыгэ уэрэдым и зэфIэкIыр, и IукIэ дахэр Урысейм, дуней псом зэрыщызэлъащIысам хуэдэ къабзэу.

Мыхьэмэт 1870 гъэм къихъухьащ Нэтырбей къуажэм дэс творческэ унагъуэм. Я пэш блыным зыкъришу шыкIэпшынэ фIэлъти, ар и адэм къищтэурэ гъыбзэжьхэм еуэн щригъажьэкIэ, щIалэ цIыкIур бжэныфэ щабэм тетIысхьэт, гъунэгъуу абы бгъэдэтIысхьэти, псэхэлъхьэж уэрэдхэм сыхьэт бжыгъэкIэ щыму едэIуу щыст. ЗэрыжаIэмкIэ, лъэпкъ Iэмэпсымэхэм еуэфу, тхыдэм хуэгужану я хьэщIэщым цIыхуу къихьа къомым Мыхьэмэт гъуазджэм драгъэхьэхыпати, гъащIэм щэнхабзэр емыпхауэ упсэуныр дапхуэдэми и нэгу къыхущIэгъыхьэжтэкъым. Илъэс пщыкIутIым иту и адэ-анэр Тыркум ирагъэкIри, и адэ къуэшым ипIыну къыIэщIэнащ.

Щхьэлым щагъэхьэжэри, Iэщ, мэл зрагъэгъэхъури, унагъуэм илъ Iуэху хьэлъэхэр зи пщэ иралъхьэри Мыхьэмэтт. Хэкубгынэ гъуэгум адэ-анэншэ ищIа щIалэр щIэх есащ дэIэпыкъуэгъуншэу, щхьэхуэпIу щытыным. Япэ дыдэ ар пшынэм нэIуасэ щыхуэхъуар нэгъуеилI гуэрым и Iэхъуэкъуэдзэу щагъэуварат. ДэIэпыкъуэгъу зыхуащIам пшынэ иIэти, Хьэгъэуджыр елъэIуащ жи, хъуну щытмэ, лэжьапщIэ къызумыту, пшынэ сеуэфу сыгъасэ, жиIэри.

Абы уэрэд цIэрыIуэу щыIэр псынщIэу къиубыдт икIи езым щIэуэ зэхилъхьэхэри хъарзынэу къыдэхъут. Зэзэмызэ, зэрыщхьэзыфIэфIым къыхэкIыу, хуэщIауэ псэухэм ахъшэ къытрагъэлъэлъэну хьэзыру зыкъыщыхуагъазэкIэ, пшынэ яхуеуэн идэтэкъым, абы уэрэд яжриIэу яхэсмэ нэхъ къыхихт зы мылъку кIапи зыбгъэдэмылъ унагъуэхэм.

Хьэгъэуджым и балигъ гъащIэр нэхъыбэу щигъэкIуар Ермэлыхьэблэ (Армавир) къалэращ. Абдеж ар черкесогайхэм сатуущIэу яхуэлажьэти, и унафэщIыр Вятки къалэм хьэпшыпышэ щыкIуэм, къищэхури Мыхьэмэт пшынэ къыхуишауэ щытат Зыри зыдимыгъэIэпыкъуурэ, езыр-езыру пшынэр къигъэIэрыхуащ, адыгэ къафэхэр къригъэкIыу есэхун. Япэм адыгэхэм «ЩIэпщэ» хабзэжьыр хуабжьу къагъэщхьэпэт, уIэгъэ хьэлъэ хъуауэ пIэм хэгъуэлъхьахэр уэрэдкIэ ирагъэхъужу. Мыхьэмэт а Iэзэгъуэр хэлъти, гъунэгъу къуажэхэм ирагъэблагъэурэ пшынэ ирагъауэт, сымаджэхэм къайузыр ящхьэщихын папщIэ. Iэджэрэ жэщ псом щыдэси къэхъут, плъыржьэрым исым и Iэпкълъэпкъыр уэрэд-хущхъуэхэмкIэ игъэщIыIэтыIэу.

Иужьым пшынауэ цIэрыIуэр Куэшхьэблэ мэкуэшыжри, абдеж унагъуэ щещIэ, ансамбли къыщызэрегъэпэщ, ауэ зыгъэсапIэ зэрамыIэм щхьэкIэ, махуэкIэ Джэрыкъуей кIуэурэ зыщагъэхьэзыр, пщыхьэщхьэкIэ хьэгъуэлIыгъуэхэм щолажьэ. ЗэраIуэтэжымкIэ, Хьэгъэуджым и уэрэдхэр псэр зыIэпашэу дахэ дыдэти, абыхэм ядежьууэрэ КъурIэн лъапIэм и сурэхэм мэжджытхэм къыщеджэт. Уеблэмэ молэ гуэр азэн джапIэм къыхуехауэ жаIэ, апхуэдэ зы уэрэдым дихьэхыпауэ щыхэдэIухьым.

Мыхьэмэт и уэрэдхэм къыщIэлъэIуу къыхуэкIуэт бжьэдыгъухэри, абэзэххэхэри, шапсыгъхэри, Къэбэрдейм щыщ хьэтхауэхэри куэду хузэблэкIт. ЦIэрыIуэ зэрыхъум къыдэкIуэу, ныбжьэгъу нэпцIхэм, фыгъуэнэдхэм я бжыгъэми къемыхъуу къанэтэкъым. Зы махуэ гуэрым, пшынауэ Iэзэм цIапIагъэ кIэлъызэрахьэри, бзэгукIэ хьэпсэм ирагъэсауэ щытащ махуэ зыбжанэ. И лэжьыгъэр зэпагъэуну арат зэрахуэр. Мы джэгуакIуэм и пшыналъэм кIэбгъу ищIыфащ классическэ Iэмэпсымэхэр. Лондон щыщу Хэкум къихьа зыплъыхьакIуэхэм абы и уэрэдхэр пластинкэхэм тратхэри здашат, иджырей зэманым къахьэсынкIэ гугъэри. ИкIи къахьэсащ!

Абы и гъащIэр 1918 гъэм Куэшхьэблэ деж къыщызэпыуда зэрыхъуам теухуауэ тхылъхэм иту ущеджэкIэ, сыту лIэкIейуэ лIа апхуэдиз зэфIэкIышхуэ Тхьэм къызыхуиутIыпща адыгэ щIалэр, жыуегъэIэ. Мыхьэмэт и къуажэдэсхэр Тэман дивизэм хэтхэм зэтраукIэу зэрыхуежьарат а псори къызыхэкIар…

Дунейр бжьыхьэт. Хьэгъэудж Мыхьэмэт Еджэрыкъуей къуажэм нысэишыж кIуауэ къэтт. А махуэм, и къуажэм щыуэркъыу, зыхуейр щагъахъэу гуп зэрыдэтыр и деж щынэсыжым зи гуфIэгъуэ иIэт лIым пасэу зэрежьэжымкIэ емыкIу къыхуимыщIыну елъэIури, Куэшхьэблэ шэсыжащ.

Къуажэм зэрынэсыжу, къелъагъу и хьэблэгъу, ныбжьэгъу гуп къаубыдауэ зэтраукIэну зыщIыпIэ зэрашэр, абыхэм зы щIалэ цIыкIу зэрахэтыр. Куэдрэ пылъащ ар зигу Iей фIэкI имылъ капитаныр псалъэкIи, ахъшэкIи къыдишэхыну, хьэзырт къамэ щIэрыпси, адыгэ бгырыпхи, шы жэри иритыну, ауэ хэзэгъакъым.

Хэгупсысыхьауэ утыку къина пшынауэм ищIэнур хузэгурымыгъаIуэу здэщытым, командирыр зыщIыпIэ IукIауэ къыщилъагъум, хьилагъэ хуокIуэ, гъэру яубыда сабийр къаIэщIепхъуэтыкIри, нартыху хадэмкIэ щIегъэпхъуэж, абы кIэлъыпхъэрыну хуежьа зауэлIми и сэшхуэр хуегъэдалъэ, и пIэ имыкIыну. Мыдрейри Мыхьэмэту плъагъум хуэму жьэхокIуэт, зоIэбэкIри, зы щысхьырабгъуи хэмылъу, и фочымкIэ и бгъэгум йоуэри, еукI. Пшынауэ лъэщым, сэнаущ ин зиIэ адыгэлI хахуэм и гъащIэр мис апхуэдэу гуузу къоувыIэ илъэс плIыщIрэ хым иту, сабийр кърегъэлри…

Зыгъэхьэзырар ЛЫХЬ Тимурщ. (Тхыгъэр зытепсэлъыхь лIым и сурэтыр къэухь IэрыщIкIэ (ИИ) къагъэщIащ)


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *