И инагъым хуэдиз и гуапагъыу

Тхьэмахуэ кIуам къыдитащ гукъинэж дахи, дыщIэнэщхъеин щхьэусыгъуи. СССР-м Iэхуитлъэхуит бэнэкIэмкIэ спортым и мастер, Урысей Федерацэм, Къэрэшей-Черкесым физкультурэмрэ спортымрэкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ищхьэ нагъыщэ зиIэ гъэсакIуэ ХЪУПСЫРОКЪУЭ Мухьэмэдбий (ПIатIэ) Хьэлым и къуэм щIэблэр Iэжанлъэжану, пкъыфIэу, гъэсауэ къэгъэтэджыным и гъащIэ псор зытриухуауэ щыта и IэщIагъэр зригъэтIылъэкIащ и ныбжьыр илъэс 75-рэ зэрырикъуам къыхэкIкIэ.


Хэгъуэгу спортыр къэIэтыным хэлъхьэныгъэу хуищIам хуэфэщэну спорт пшыхь дахэ къыхуаIэтащ Мухьэмэдбий. Адыгэ-Хьэблэ районым щэнхабзэмкIэ и Унэм щызэхуашэсащ гъэсакIуэм и Iыхьлыхэр, КъЧР-м, КъБР-м, Адыгэ Республикэм щыщ и лэжьэгъухэр, и гъэсэнхэр, адыгэхьэблэдэсхэр. Дауэдапщэр къызэгъэпэщынри егъэкIуэкIынри и жэрдэмащ Адыгэ-Хьэблэ муниципальнэ районым и Iэтащхьэ Астэжь Мыхъутар зи пашэ гупым.
Спортым илъэс щэныкъуэ тебгъэкIуэдэныр мыбдеж щылъкъым. Мухьэмэдбий и гуащIэдэкIыр зэрыщыту епхауэ щытащ сабийхэм. Абы и бэнакIуэхэр игъасэт гугъуехьым щымыщтэу, зэдэIэпыкъужу, тегушхуэгъуафIэу щытхэм къащхьэщыжу. Зэкъуэшым хуэдэу зэхущигъэтыфа дэтхэнэ зымкIи нэхъапэу къыщIэкIыжри цIыхухъу хьэлыфIхэр зыхэубыдэнрат: лъэпкъыпсэу, адэжь щIыналъэр фIыуэ илъагъуу, нэхъыжьым фIэлIыкI хуиIэу.
Зи IуэхущIафэ дахэхэмкIэ ди республикэм, Адыгэ-Хьэблэ районым щапхъэ нэсу игъэлъагъуэ Мухьэмэдбий и гъэсэнхэм къахэкIащ Дунейпсо пашагъэмкIэ чемпионитIрэ Урысейм спортым и мастер пщIы бжыгъэрэ.
А махуэм, Хъупсырокъуэ Мухьэмэдбий и гуфIэгъуэ махуэр дагъэлъэпIэн щхьэкIэ щэнхабзэмкIэ Унэм къекIуэлIа цIыху Iувым яхэту плъагъунут спортым къуэш къыхуищIа, гъэсакIуэ лъэрыхь къызыхэкIа нэрыбгэхэр. Апхуэдэ цIыхушхуэхэм ящыщщ СССР-м щIыхь зиIэ и гъэсакIуэхэу Пчелкин Вячеславрэ Мэлэчэр Юрэрэ, СССР-м спортым и мастер, Дуней псом, Европэми самбомкIэ тIэунейрэ чемпион щыхъуа Хьэпай Арэмбий, экономикэ щIэныгъэхэм я кандидат, СССР-м спортым и мастер Аубэч Мухьэдин, Iуэхуитлъэхуит бэнэкIэмкIэ УФ-м щIыхь зиIэ и гъэсакIуэхэу, СССР-м спортым и мастерхэу Щэнджатэ Хьэзрэт-Уэлий, Уэз СулътIан, Мэзукъуэбз Мурадин, СССР-м спортым и мастер, ищхьэ нагъыщэ зиIэ хеящIэ Адэмокъуэ Елбэрд, самбомкIэ СССР-м спортым и мастер Пщымахуэ Iэюб, РСФСР-м щIыхь зиIэ и гъэсакIуэ ПIапIшу Мухьэмэд, Адыгэ-Хьэблэ спорт еджапIэм и унафэщI Борсэ Iэуес, УФ-м бгырыпх зэпекъу бэнэкIэмкIэ и командэ зэхуэшэсам и гъэсакIуэ нэхъыщхьэ Лайпанов Дахир сымэ.
Къэрал унафэщI къулыкъухэм къабгъэдэкIыу пшыхьым хэтащ КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат Аслъэнхэ Алийрэ Хъупсырокъуэ Алийрэ, КъЧР-м физкультурэмрэ спортымрэкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Тхьэгъэпсэу Ахьмэд, Адыгэ-Хьэблэ, Нэгъуей муниципальнэ районхэм я Iэтащхьэхэу Астэжь Мыхъутаррэ Хапиштов Муратрэ, КъЧР-м и промышленностым щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Сатурн» фирмэм и къызэгъэпэщакIуэ Хъупсырокъуэ Жамбот, КъЧР-м щыпсэу адыгэхэм я Нэхъыжь Хасэм и тхьэмадэ Шэрджэс Мухьэмэд.
— Нобэ сэркIэ пщIэшхуэщ адыгэлI нэгъэса Хъупсырокъуэ Мухьэмэдбий и цIэкIэ къетхьэжьа Iуэхугъуэм сыхэтыну. Уи IэщIагъэм илъэс 50-кIэ узэрыхуэпэжам куэд къегъэлъагъуэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Мэзукъуэбз Мухьэдинрэ уэрэщ Адыгэ-Хьэблэ районым япэу Iэхуитлъэхуит бэнэкIэр къизыхьар. Уэ уи IитIым япIащ, ягъэсащ нэрыбгищэ бжыгъэ. Уэ а псори зыхуэбгъэсар спорт закъуэкъым, атIэ, адыгэ хабзэхэри, хэкупсагъэри зыхагъэлъыну къыхуебджэт. ГъэфIэгъыбзэу уи анэ тхьэмыщкIэм къыпфIища ПIатIэ цIэмкIэщ гъунэгъуу укъэзыцIыхухэр дызэрыноджэр. Уэ уи лъагагъым, уи Iэпкълъэпкъым и инагъым худогъадэ пхэлъ адыгагъэшхуэмрэ пкIуэцIылъ гушхуэмрэ, — жиIащ Астэжь Мыхъутар къыщыпсалъэм.
Хъупсырокъуэхэ Хьэлымрэ КIурацэрэ я бынихым щыщу ещанэу къакIуэр Мухьэмэдбийщ. Мухьэрбий, Фатимэ, Мухьэмэд-Нурбий, Iэмин, Iэминат. ГъэсакIуэм и адэри, и адэ къуэшхэу Мырзэбэч, Елдар, Мурат сымэ яхэтащ Хьэбэз къыхэкуэшыкIыу Адыгэ-Хьэблэ къуажэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм. Адыгэ лъэпкъыр щхьэIэтыгъуэ изыгъэхуа еджагъэшхуэхэр, къэрал къулыкъузехьэхэр къыдатащ Хъупсырокъуэхэ. Псом хуэмыдэу, зи цIэр фIыкIэ жыжьэ зыгъэIуа абрэджхэм халъытэт Мухьэмэдбий и адэ къуэш Дыжьын.
«Уи лъагъуж фIы ухъу» — жи адыгэм. Пэж дыдэу, спортыр къигъанэу тIысыжыну триубыдати Мухьэмэдбий, и пшыхьри иужьрей лъагъунлъагъум хуэдэт. Хъуэхъу псалъэу а махуэм къыхужаIам пкъы иритыжу къэпсэлъащ Хъупсырокъуэм и япэ гъэсакIуэу щыта Пчёлкин Вячеслав. Педагог цIэрыIуэм, и нэхэм щIагъуэу зэрамылъагъужым емылъытауэ, дауэдапщэм мыкIуэу зыкъигъэнакъым.
— ПIатIэ, уэ уцIыху дыщэщ икIи угъэсакIуэ лъэрыхьщ. Сэ нобэ хуэдэу сощIэж япэу си деж зыщыбгъэсэну укъыщыкIуа 1970 гъэр. Спортзалым ныщIыхьа уэ — щIалэ щхьэпэлъагэм, бжьыфIэм къыпщымыхъуу щIыбкIэ зыщхьэпрыбдзт, апхуэдэр нэхъ зыхузэфIэкIыфыну зыхуэдгъэфащэ ныбжьыщIэхэм нэхърэ нэхъ IэкIуэлъакIуэу. Нэхъыщхьэр арати, си гуапэу сыкIэлъыплът Iэпкълъэпкъыр псыхьыным ткIийуэ зэрызептам, спортым фIылъагъуныгъэ лей зэрыхууиIэм. Абы щыхьэт тохъуэ махуэ къэс Адыгэ-Хьэблэ уникIыурэ Черкесск унакIуэу зэрыщытар.
Тонн бжыгъэ хъу хьэлъэ къыптехуэу фэбжь хыумыхатэмэ, Дуней псоми, Европэми я чемпион ухъунут Iуэхуитлъэхуит бэнэкIэмкIи, самбомкIи, уеблэмэ дзюдомкIи. Уеблэмэ щIыжысIэр, гугъущи аращ апхуэдиз зэдэпхьу уи Iэпкълъэпкъым ебгъэшэчыныр.
Фэбжь хэсхащ жыпIэуи спортыр IэщIыб пщIакъым. Къарууэ уиIэр зэхуэпсхьэсри, лэжьэн щIэбдзэжащ, ухъуащ Iэхуитлъэхуит бэнэкIэмкIи самбомкIи спортым я мастер. Си гъащIэ гъуэгум узэрытетамкIэ сехъу-лIауэ солъытэ. Сэ сызыхуейр зы закъуэщ — уи деж сыкъэпсалъэмэ — «сигу щIэныкъуэн сиIэкъым» жыпIэу укъыспэджэжынращ. АфIэкIаи сыхуейкъым, — и гукъэкIыж гуапэхэмкIэ залым щIэсахэм ядэгуэшащ Пчёлкин Вячеслав.
Апхуэдэу пщIэшхуэ къыхуэзыщIу къыхуеблэгъа и гъэсакIуэм пэджэжкIэрэ, Хъупсырокъуэ Мухьэмэдбий микрофоныр ищтэри фIыщIэ хуищIащ ныбжьэгъуу, акъылэгъу пэжу иIэ лIым икIи хуигъэфэщащ лъакъуищ щIэту адыгэхэм зэрахьэ Iэнэ хъурей дахащэ.
Хъупсырокъуэ Мухьэмэдбий къыхуаIэта Iуэхугъуэм и нэхутегъапсэу щытащ и унагъуэр: и щхьэгъусэ Зулифэ (Щхьэгуэшхэ япхъу), и къуэ Мурат, ипхъухэу Муслъимэтрэ Iэсятрэ, абыхэм къащIэхъуэжа цIыкIухэр и щIэгъэкъуэнт, и гушхуапIэт. Хэти нэрылъагъу хуэхъуащ абыхэм я адэм пщIэрэ щхьэуэ иIэр зэрыиныр, дапхуэдиз псалъэ гуапэ хужумыIэми, зэрыхуэфащэр.
Адыгэ-Хьэблэ дэт щэнхабзэмкIэ Унэм и утыкугъэдахэу щытащ творческэ цIыхухэри: Мухьэмэдбий и гъэсэнхэу, уэрэджыIэ цIэрыIуэхэу ЕлъэщIыIэ Ислъамрэ Коцбэ Адлеррэ, КъЧР-м щIыхь зиIэ и артистхэу Муратхэ Муратрэ Гуэж Iэминэрэ, уэрэджыIэхэу Гъуэщокъуэ Зуридэ, Гъэп Iэлинэ сымэ, «Радуга» сабий къэфакIуэ гупыр, «Звёздочка» уэрэджыIэ студием и гъэсэнхэр.
Урысей Федерацэм, адыгэ лъэпкъым илъэс бжыгъэ хъуауэ псэемыблэжу зэрахуэлажьэм папщIэ, 2019 гъэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкIыу Хъупсырокъуэ Мухьэмэдбий къыхуагъэфэщауэ щытащ ЩIыхь тхылърэ медалрэ. 2025 гъэм и щIышылэ мазэм щегъэжьауэ ар спорт Iуэхухэм хэтыжкъым.
ПIатIэ, щIэблэр гъэсэнымкIэ ди лъэпкъым хуэпщIар къэлъытэгъуейщ. Жьыщхьэ махуэ ухъуну, фIыуэ къыббгъэдэкIар псапэу къыуитыжыну дыпхуохъуахъуэ!
ЛЫХЬ Тимур


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *