ХьэжыщI гъуэгукIэ

2026 гъэм хьэжыщI кIуэн мурад нэхур зыгъафIэхэр зыщIэупщIэр мащIэкъым. Сыт щIэн хуейр иджы щегъэжьауэ, сыт хуэдэ пIалъэхэр, сыт хуэдэ Iуэхухэр хуэгъэнэIуа, уасэр дапхуэдиз, гъуэгур сыт хуэдэ?.. Абыхэм я жэуапхэр къритащ КъЧР-м щыпсэу муслъымэнхэм я Духовнэ Управленэм хьэжыщI IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI БИДЖИЕВ хьэжы Ансар.

— Дэтхэнэ муслъымэнми хьэж къищIыныр — хъуэпсапIэщ икIи, и узыншагъэрэ и мылъку зэфIэкIрэкIэ лъэкIыныгъэ иIэххэмэ, дин лъапIэныгъэшхуэ зыпылъ а Iуэхур и гъащIэм зэ закъуэ нэхъ нэмыIэми ищIэн хуейщ. ХьэжыщIыр — ар зекIуэ, нэгузыужь Iуэхукъым. Ар — псэ гъэунэхуныгъэщ, Алыхьым пэгъунэгъу дызыщIщ, дигукIэ, ди псэкIэ, ди дин зэхэщIыкIкIэ зыдэзыгъэхъуэжщ, зыдэзыгъэужьщ.

Щихъ щIыпIэхэм цIыхум и лъэр щихуиунэтIкIэ, гъуэгум и кIыхьагъми, гугъуехьхэми, хуабагъми — псори шэчыгъуафIэ хуохъу, и мурадыр къыщехъулIэнум и пIейтеиныгъэр щхьэщихыу, — жиIащ динырылажьэм. Гъэ къакIуэ хьэжыщI кIуэн зи мурадхэм я дэфтэрхэр къащтэн щIадзагъэххэщ. Гъуэгу щытехьэну ягъэнэIуащ накъыгъэм (майм) и 9-18 махуэхэр. ХьэжыщI зэрыщыIэну махуэ бжыгъэр лIэужьыгъуитI мэхъу — махуэ 20-рэ махуэ 14-рэ. Абыхэм къриубыдэу, дэтхэнэми щIежьа дин Iуэху лъапIэр щызу игъэзэщIэфынущ.

Хьэж къэщIыным техуэнущ доллар 5700-рэ. А уасэм къызэщIеубыдэ гъуэгупщIэр, хьэщIэщ зэгъэпэщахэм щыпсэуныр, шхэныр, хьэщIэщхэм къикIыу дин Iуэхугъуэ зехьэпIэхэм зэрыкIуэну транспортыпщIэр. Щхьэхуэу уасэ зыщIатынур зы закъуэщ: хьэж къыздащIа щIыпIэм деж къурмэн щыукIыныр, къурмэн уасэр. — Хьэж къыщащIыну щIыпIэхэм нэса нэужь, Iуэхум и пэублэ хъунущ Мединэ.

Ди къэралми, хамэ къэралхэми, дэнэ щIыпIи къыщикIа муслъымэнхэр абдеж махуищкIэ щыIэнущ, Мухьэммэд Бегъымбар лъапIэм ехьэлIа щIыпIэ псори къаплъыхьынущ. Япэ муслъымэнхэм гуапагъэрэ фIылъагъуныгъэ къабзэрэкIэ япежьа мы къалэм дэтхэнэ муслъымэнми гукIи, псэкIи, IэпкълъэпкъкIи щызыхищIэнущ япэу зи лъэ а щIылъэм теувахэм я гум щыхъар, къапкърыхьа гуфIэгъуэр. ИужькIэ яунэтIынущ хьэжыщI Iуэхум и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр щагъэзэщIэну, ислъам дунейм и купсэ Мэчэ. Мединэрэ Мэчэрэ яку километр 500-м нэс дэлъщ, ауэ ар хьэжыщIым и гуфIэгъуэ нэхур зигухэм къыщыблэ муслъымэнхэм зыуи къатехьэлъэкъым, — жиIащ Ансар хьэжы.

Илъэс къэси хуэдэу, хьэжыщI кIуэнухэм я дэфтэркIи, я узыншагъэкIи, хьэж щIыпIэхэм щызэрахьэн хуей хабзэ, щытыкIэ щхьэхуэхэр текI зимыIэщ. Апхуэдэщи, дэфтэрхэр ДУМ-м къещтэххэ, замыгъэгувэу Iуэхум хуепIэщIэкIын хуейщ. Зыхуэныкъуэнухэм щыщщ хамэ къэрал паспортыр, урысей паспортым и щIэтхыкIыр (япэ напэкIуэцIымрэ здыщIэтхамрэ щыгъэнэIуахэр), ВИЗ-хэр зыгъэхьэзырри, псори гъуэгум тезыухуэри республикэм и ДУМ-ращ, аращ пыщIэныгъэ зыдаIыгъыпхъэри. — Ар щхьэпэнущ хьэжыщI ежьэхэми, здэкIуэми я зэгурыIуэныгъэм, я тыншыгъуэм. КъинэмыщIауэ, ДУМ-м щыщ цIыху гъуэгум щащIыгъунущи, абыи сэбэпышхуэ хэлъщ.

АтIэ, хьэж къэ-щIыным ехьэлIа бытовой лъэныкъуэхэм къинэмыщIа, хабзэ, хьэжыщIым ехьэлIа щытыкIэ куэд къоуври, а псори зэзыгъэзэхуэн, нэхъ къызыгурыIуэ пщIымыгъумэ, Iуэхур хьэлъэ хъунущ, мыкIуэтэххэнкIи зы хуэIуакъым, — жеIэ ди псэлъэгъум. Къыхэгъэщыпхъэщи, хьэжыщI къэзыщIыну хуейм я бжыгъэм гъэ къэс нэхъри хохъуэ. Апхуэдэу, 2025 гъэм Къэрэшей-Черкесым щыщу нэрыбгэ 412-рэ хьэжыщI щыIащ. Гъэ къакIуэ а бжыгъэр нэхъыбэнущ, республикэм и муфтий Эркенов хьэжы Мухьэммэд и лъэIукIэ квотэу хэгъуэгум къылъагъэсынум хагъэхъуащ. Дин хабзэфI зэрыхъуам тету, хьэжыщI кIуэнухэм зыпэщIагъэкIынущ «хьэжы» щIыхьыцIэ лъапIэр къызыпэкIуэну Iуэхугъуэхэр: Арэфат бгым тетыныр, Чэбэ хъуреягъыр бланэрэ къэкIухьыныр, мывэ цIыкIухэр дзыныр…

— Хьэж къэзыщI цIыхур ещхьщ дин фIэщхъуныгъэм и псыпэ къабзэм хуэзунэтIым. Алыхьым фи хьэжыщIым берычэт къыхилъхьи абы хуэфча фи лъэбакъуэ къэс быдэ ищI, — къыщIигъужащ динырылажьэм.

ТУАРШЫ Ирэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *