Гъатхэм и хуэмэбжьымэр къэуауэ, махуэхэр нэхъ зэІубзрэ бзыгъэрэ къохъуж. Дыгъэм и бзий гуапэхэр къытхуэупсэу хьэлэлу щІылъэм къытредзэ, цІыхуи, псэущхьи, удзи, жыги… щІымахуэ нэужьым псоми къаруущІэрэ псэщІэрэ къапилъхьэжу. Губгъуэхэм удз щхъуантІэ фащэр зыщатІэгъэжащи, унагъуэхэри, хъызмэтхэри темыпыІэжу поплъэ Іэщыр губгъуэхэм, хъупІэхэм щыдахужынум. Мис иджы дыхуэкІуащ дызыгъэпІейтей лъэныкъуэм. Ар зэхьэлІар автомобиль гъуэгухэм, гъуэгубгъухэм куэду щыплъагъу Іэщращ. Иужьрей зэманым гъуэгубгъухэм тет, гъуэгу дыдэми техьэ жэмхэм къинэмыщІауэ, шыхэр наІуэу нэхъыбэ хъуащ. Ахэр махуэкуми, пщыхьэщхьэми, пщэдджыжьыпэми трассэм щыплъагъунущ. Абы къыздехь цІыхумкІи езы ІэщымкІи шынагъуэ зыпылъ щытыкІэхэр, аварэхэр къагъэхъу. Абыхэм хэкІуадэр Іэщым и закъуэкъым, жагъуэ зэрыхъущи. Мызэ-мытІэу мы Іуэхум къуажэхэми щрипсэлъащ, власть, хабзэхъумэ къулыкъухэми унафэ тращІащ. Арами, Іуэхум зэрызихъуэжа щІагъуэ щыІэкъым, зихъуэжагъэххэкъым жумыІэнумэ. Абы и щыхьэтщ ГАИ-м къит бжыгъэхэмрэ хъыбар гущІыхьэхэмрэ.
Хуабжьу зэранышхуэ къахь гъуэгум щыхъуакІуэу тет шыхэми. Ахэр—икІуэт, къэгъазэ зимыІэщ, уеблэмэ зэуэ машинэм жьэхолъадэри, машинэ кІуэцІми къыщохутэ… Абы кърикІуэр гурыІуэгъуэщ: гуауэщ
КъЧР-м и муфтий Эркенов хьэжы Мухьэммэд и унафэкІэ, районхэм я динырылажьэхэм жылагъуэхэм зыхуагъазэ икІи къыхураджэ я Іэщым нэІэ быдэ трагъэтыным, машинэ зэблэжыпІэхэм трамыгъыхьэным, я щхьи нэгъуэщІ цІыхуми и гъащІэм, и узыншагъэм егупсысыным, зэран хуэмыхъуным.
Хьэбэз районым и раис-Іимамым и къуэдзэ ДыщэкІ Марат республикэм щыпсэухэм, Іэщ зыІыгъхэм захуигъазэкІэрэ, къыхегъэщ иужьрей зэманым нэхъри нэхъыбэ хъуа щытыкІэ хьэлъэр: Іэщым я зэранкІэ автомобиль гъуэгухэм къыщыхъур.
— Апхуэдэу псэущхьэр нэІэншэу гъуэгущхьэм зэрытетым и зэран зэкІыр абыхэм я закъуэкъым, атІэ цІыху гъащІэри здехь а щытыкІэм. Фи ІэщымкІэ, псэущхьэмкІэ фэ жэуаплыгъэ фохь, къэвмыгъанэ ахэр нэІэншэу. Рулым бгъэдэсхэми зэрахьэн хуейщ гъуэгу зэхэзекІуэ хабзэхэмрэ машинэр зэрызэрахуэ псынщІагъ мардэхэмрэ. АтІэ, псэущхьэмкІэ жэуаплыгъэ хьынымрэ цІыхум и шынагъуэншагъэм егупсысынымрэ зэгуэхыпІэ имыІэу зэпхащ. Шынагъуэншагъэмрэ цІыху гъащІэмрэ лъагэу флъытэ, пщІэ хуэфщІ. ЦІыху дапщэ зи гъащІэр хэзылъхьар гъуэгум тет нэІэншэ Іэщым и ягъэкІэ, дапщэ иджыри хэкІуэдэн хуейр Іэщыр зейхэм ахэр я нэІэм быдэу щІагъэувэным папщІэ?!
КъурІэнми щыжеІэ: «КІуэдыпІэм фэр-фэру зивмышэ, зывмыукІыж. ХьэкъыпІэкІэ, Аллыхьыр къыфхуэгущІэгъулыщ». «Лей зумыхыж, нэгъуэщІми лей йомых».
ИпэкІэ жылагъуэм, цІыхухэм зэрызахуэдгъэзар «рекомендательнэ» жыхуиІэм хуэдэу щытамэ, дяпэкІэ мы Іуэхум нэхъ ткІийуэ дыпылъынущ, арыншэуи хъунукъым, — апхуэдэщ динырылажьэм и зыхуэгъэзэныгъэм и купщІэр.
Пыбдзыжын щымыІэу къытщохъу а псалъэхэм. Ди щхьэ дыхуэмысакъыжмэ, нэгъуэщІым ар къытхуищІэнукъым. КъинэмыщІауэ, жэуаплыгъэ хэти зыхигъэлъмэ, къару зэгъэуІуакІэ псори дыпылъмэ, апщыгъуэращ Іуэхум фІы и лъэныкъуэкІэ зэхъуэкІыныгъэ щигъуэтынур.
ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.