Хэку зауэшхуэр ди ТекIуэныгъэкIэ зэриухрэ илъэс 80 текIыжами, абы къытхуихьа нэщIэбжьэмрэ гугъуехьымрэ зыщыгъэгъупщэгъуейщ. А зауэ гущIэгъуншэм нэхъ дыджрэ цIыхухэр Iыхьлырэ гъунэгъурэкIэ нэхъ зыгъэгуIарэ тхыдэм щыбгъуэтынкъым. Урысейм зы унагъуи къинауэ къыщIэкIынкъым зауэр Iэ щIыIэкIэ хэмыIэбауэ: хэт и анэ, хэт и адэ, хэт и къуэш, хэт и шыпхъу, хэт и щхьэгъусэ абы хэкIуэдащ.
Бийм Хэкур щызыхъумэну зыкъэзыIэтахэм яхэтащ Хьэбэз районым хыхьэ Инжыджышхуэ адыгэ къуажэм и цIыхухэри. 1941 гъэм мы къуажэм дэкIауэ фронтым Iухьащ нэрыбги 124-рэ. Къуажэдэс цIыхухъухэр мамыр гъащIэм щIэбэныху, мыдэкIэ къэна бзылъхугъэхэр фронтым папщIэ жаIэурэ щхьэкъэмыIэту лэжьащ: мэкъу еуащ, губгъуэ яващ, ясащ, гъавэ кърахьэлIэжащ, сабийхэр япIащ.
Дэтхэнэми я щхьэм илъыр зыт — я адэхэмрэ щхьэгъусэхэмрэ псэууэ къагъэзэжу зэIущIэжынрат. …Къэблэгъащ цIыхухэр зыпэплъа 1945 гъэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, Инжыджышхуэ къуажэм дэкIа нэрыбги 124-м щыщу 62-м къагъэзэжакъым.
Псэууэ я унагъуэхэм къахыхьэжащ 62-рэ. Абыхэм ящыщу офицер цIэр яIэу зауэм нэрыбгий къикIыжащ.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.