Мазаем (февралым) и 6-9 махуэхэм Хьэбэз къуажэм щекIуэкIащ 2011-2012 гъэхэм къалъхуа, зи ныбжьыр илъэс 13 — 14 хъу боксёр ныбжьыщIэхэр зыхэта, Къэрэшей-Черкес Республикэм боксымкIэ пашагъэр къыщыхьыным ехьэлIа спорт зэхьэзэхуэр.
Ар теухуауэ щытащ зи гъащIэ псор спортым пыщIауэ къекIуэкIа Хьэмыкъуэ Мухьэмэд и фэеплъым. Боксёрхэр зэпэщIэтащ хьэлъагъ зэхуэмыдэ 17-кIэ. Сурэтым щыволъагъу Иуан ХьэзрэIил и нэIэм щIэту зызыгъасэ, текIуэныгъэр къэзыхьа: Шорэ Самир (кг.40), Хьэщкъуей Щэмил (кг. 42-рэ), Къардэн Рамил (кг. 44-рэ) сымэ; зэпеуэм призер щыхъуа боксёр ныбжьыщIэхэм я гъэсэныр яхэту. КъинэмыщIауэ, зэпеуэм къыхэжаныкIахэм ящыщщ Лий Александр, Сэкий Раул, Чым Сэид, Мэршэнкъул Умар, Жэгуэтэн Идар, Дзэмыхь Алдемыр, Пхъэш Дамир, Мэкъушэ Амал, Къардэн Алим, Хьэткъуэ Назар, Къардэн Рамил, АбытIэ Уэсмэн, Муртаз Эмир, Къущхьэ Элмир сымэ.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.