КъЧР-м тегъэчынауэ зыхуегъэхьэзыр ТекІуэныгъэ Иным и Махуэм. Абы и нагъыщэхэмрэ дамыгъэхэмрэ, Черкесск къалэм, псалъэм папщІэ дэнэкІи щынэрылъагъущ: къалэ купсэ утыкум щиІэ парк ихьэпІэм сыхьэтым щІебжыкІ махуэрэ сыхьэту Махуэшхуэм дынэсыным къэнэжар, щхьэгъубжэхэм кІэрагъэпщІащ Хэку зауэшхуэм, ТекІуэныгъэ Иным теухуа сурэтхэр, уэрамхэм зауэлІхэм, ветеранхэм я сурэтышхуэхэр, нагъыщэхэр, Ныпхэр, Бэракъхэр трагъэувэ. Мы гъэр Хэкум и хъумакІуэм и Илъэсу зэрагъэувам ипкъ иткІэрэ, дгъэлъапІэр Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм я закъуэкъым, атІэ СВО-м хэт ди зауэлІхэми я цІэхэр лъагэу доІэт, щІэблэм, цІыхубэм щапхъэ яхуэтщІу, я щІыхьым ди щхьэхэр хуэдгъэщхъыу.
Къалэ транспортри ТекІуэныгъэ фащэм хуэкІуащи, мес, автобусхэр, троллейбусхэр георгиевскэ лентІхэмкІэ, ныпхэмкІэ, махуэщІ дамыгъэхэмкІэ гъэщІэрэщІащ. И уэрамхэм нэр ягъэгуфІэ удз гъэгъахэмкІэ, щхъуантІагъэхэмкІэ. Псори поплъэ махуэщІым, къэралым, абы и дэтхэнэ хэгъуэгуми хэІэтыкІауэ игъэлъапІэ ТекІуэныгъэ Иным и Махуэм.
КъуажэхэмкІэ зыбгъазэми апхуэдэрыххэщ. Щапхъэу къэтхьынщ Куэш-Хьэблэ къуажэм дэт гимназиер. Абы и пщІантІэр хуабжьу къызэрымыкІуэрэ уардэу къызэрагъэпэщащим, аращ нэхъ къыщІыхэдгъэщыр. Фэеплъ сыным деж щыт сыхьэтым щІебжыкІ ТекІуэныгъэм и Махуэм къэнэжа зэманыр, пщІантІэм «щхьэщолъэтыкІ» хьэршым зи псэхэр хыхьэжа ди зауэлІ хахуэхэм я нагъыщэ «кърухэр».
Псори, унагъуэхэри, сабий ІыгъыпІэхэри, курыт еджапІэхэри, ІуэхущІапІэхэри жыджэру хохьэ хэкупсэ, лъэпкъыпсэ Іуэхум, лъэпкъхэр, цІыхубэр зэрызэкъуэтым, я фІыр зэрызэдагъэлъапІэм, фэеплъыр зэрызэдахъумэм и щыхьэту. Апхуэдэ зэкъуэтыныгъэращ къэралым и къару лъэщыр, и лъэрыхьагъыр.
ТУАРШЫ Ирэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.