Усть-Жэгуэтэ районым, Хэкум и зауэлIхэм я Комитетымрэ Урысейм и бзылъхугъэхэм я Зэгухьэныгъэмрэ и гъусэу, зауэ операцэ хэхам щыIэ ди къулыкъущIэхэм гуманитар дэIэпыкъуныгъэ хурагъэшащ.
Ахэр щызэхуахьэсащ Урысейм и бзылъхугъэхэм я Зэгухьэныгъэм и Къэрэшей-Черкес хэгъуэгу къудамэм зэхиша форумым ипкъ иту ирагъэкIуэкIа мастерклассхэм деж. Ди щIалэхэм хуаутIыпща тхылъымпIэ ашыч цIыкIу къэс витамин зэхэлъхэм, щIытI уэздыгъэхэм, къэзыхъумэхэм я мызакъуэу, а Ӏуэхум хэта дэтхэнэ бзылъхугъэми я гуапагъэм щыщ зы Ӏыхьэ хэлъщ. Щхьэхуэу увыпӀэ яубыд гуапагъэрэ гулъытэрэ къызыхэщу тха дэӀэпыкъуэгъу тхыгъэхэм.
ЕЗАУЭ Маринэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.