Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшидрэ республикэм гуащIэдэкIымрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Хачиров Кемалрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ зэIущIащ. Ахэр тепсэлъыхьащ ди хэгъуэгум и социальнэ политикэм ехьэлIа упщIэ нэхъыщхьэхэм. КъаIэта Iуэхугъуэхэм ящыщщ зауэ операцэ хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ защIэгъэкъуэным, цIыхухэм социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр зэрыIэрагъэхьэр егъэфIэкIуэным яхьэлIа упщIэхэр.
Темрезов Рэшид къызэрыхигъэщамкIэ, нэхъыщхьэхэм ящыщщ — УФ-м и Президент Путин Владимир цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ ищIа унафэхэмрэ Урысейм и гуащIэдэкIымкIэ и министр Котяков Антон игъэува пщэрылъхэмрэ гъэзэщIэныр. Ахэр хуэгъэзащ «Унагъуэ» лъэпкъ проектым ипкъ иту быныбэхэмрэ СВО-м хэт ди лIыхъужьхэм я унагъуэ къэс защIэгъэкъуэным.
Хачиров Кемал ди хэгъуэгум и лIыщхьэр щигъэгъуэзащ цIыхухэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэ зэрырагъэгъуэт щIыкIэм зэрызиужьам. Ар щхьэхуэу къытеувыIащ зауэ операцэ хэхам хэт къулыкъущIэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрызыщIагъакъуэм.
ЗэIущIахэр тепсэлъыхьащ зауэм къыхэкIыжа ди щIалэхэм психологическэ, юридическэ дэIэпыкъуныгъэ ягъэгъуэтынымкIэ, мылъкукIэ, я псэукIэр егъэфIэкIуэнымкIэ щIэгъэкъуэн зэрахуэхъум. КъинэмыщIауэ, ирипсэлъахэщ республикэм и власть къулыкъухэр волонтёр организацэхэмрэ «Защитники Отечества» фондымрэ зэрадэлажьэм.
— Хэкум и хъумакIуэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ гулъытэ яхуэщIыныр республикэм и властым и сыт хуэдэ унэтIыныгъэми я къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ къэнэжын хуейщ. Ди зауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ къабгъэдэкIа упщIэхэр зэгъэтIылъэкI имыIэу зэфIэхыпхъэщ, — жиIащ ди хэгъуэгум и Iэтащхьэм.
ЗэIущIэм и кIэм Темрезов Рэшид пщэрылъ яхуищIащ щытыкIэ хьэлъэм иува цIыхухэм, СВО-м хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ защIэгъэкъуэнымкIэ лэжьыгъэр фIагъ иIэу къызэрагъэпэщыну.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.