2024 гъэм дыгъэгъазэм и 26-м, зи №1110-уэ УФ-м и Президентым къыдигъэкІа, «О ежемесячной социальной выплате детям отдельных категорий военнослужащих» зи фІэщыгъэцІэ Унафэм ипкъ иткІэрэ, гъэру яубыда, зауэ операцэ хэхам хъыбарыншэ щыхъуа зауэлІхэм я бынхэм папщІэ социальнэ дэІэпыкъуныгъэ лІэужьыгъуэ щхьэхуэ щыІэнущ.
Апхуэдэ тыныгъэр ялъысынущ СВО-м гъэр щыхъуахэм, хъыбарыншэхэм, контртеррор операцэм хэкІуэдахэм, я къалэн ягъэзащІэу Сирием щикІуэдахэм я бынхэм. Социальнэ ахъшэм и мардэу щытынущ унагъуэр зыщыпсэу хэгъуэгум сабийхэм папщІэ ягъэува ахъшэ мардэ нэхъ мащІэр. Къэрэшей-Черкес Республикэм деж апхуэдэ мардэр 2025 гъэм щІышылэм и 1-м щегъэжьауэ сом 16 169-рэ мэхъу. Ахъшэр щратыжкІэ къыхалъытэнур зауэлІыр гъэр щыхъуа е хъыбарыншэу щыкІуэда мазэ, гъэращ, ауэ, гу зылъытапхъэщи, 2024 гъэм дыгъэгъазэм ипэкІэ мыІэбэжу. Ахъшэр иратынущ гъэру зауэлІыр щытыхун е хъыбарыншэ щыхъуам щегъэжьауэ мази 6-кІэ. Абыи гу лъытапхъэщи, мыпхуэдэ хэхъуэр зыщІыпІи хабжэну къым, нэгъуэщІ тыныгъэ лІэужьыгъуэ унагъуэм къылъысын щыхъум деж, унагъуэм и хэхъуэуи ар къалъытэнукъым. Зи гугъу тщІы социальнэ дэІэпыкъуныгъэр къратын папщІэ ящІапхъэр: дзэ пакІэм лъэІу тхылъ щІэлъхьэн, абы щІыгъун тхылъыр къызыбгъэдэкІам, сабийр къызэрыхъуам и щыхьэт дэфтэрхэр. Очнэ щытыкІэм тету еджэ быным (илъэс 23-рэ ирикъухун), езыр-езыру апхуэдэ лъэІу тхылъыр ятх хъунущ, я банк счетыр щагъэнэІуэнри зыщамыгъэгъупщэу. Зыгъэхьэзырар ТУАРШЫ Ирэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.