ЛЕФЛЕР Андрей – урысей уэрэджыӀэ цӀэрыӀуэ, тенор-альтино макъ закъуэтӀакъуэр зиӀэ. Мы щӀалэр и адэмкӀэ къуэш Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщщ, и анэмкIэ ди лъахэгъущ — Хъумэрэ къуажэм и Ӏэтащхьэу, еджапӀэм и унафэщӀу щыта ГъукӀэмыхъу Залым (Тхьэм здэкIуам щигъэтынш) и пхъурылъхущ.

УэрэджыIэр къэралым и утыку инхэм ихьэ зэрыхъурэ, Москва куэшыжауэ щыпсэуми, и адэ-анэр зыщалъхуа хэгъуэгухэм щохьэщӀэ зэпыт, адыгэм зэрыжиIэщи, тӀури и уанэ пIэщхьэгъщ. Илъэс 13-м иту гъуазджэм япэ лъэбакъуэхэр хечэ, гитарэ еуэу зегъасэ икIи Нарткъалэ деж и ныбжьэгъухэм я гъусэу «Апокалипсис» рок-гупыр къызэрегъэпэщ, альбомищи етхри, концертхэр итын ирегъажьэ, радиохэм, фестивалхэм ирагъэблагъэ. А псом ищӀыӀужу, Андрей щӀотӀысхьэ Москва дэт «Станкин» къэрал технологическэ университетым.
2014 гъэм и бжьыхьэм екIуэкIа «Голос» шоум ар хэтащ «Песни о корабле» уэрэдымкIэ икIи жюрим хэс уэрэджыIэ, егъэджакIуэ лъэрыхь Градский Александр щIалэм и зэфIэкIым гу къылъитэри, и гупэ къыхуигъэзащ, къыдэлэжьэну зэрыхуейр къигъэлъагъуэу. Мис абы щегъэжьауэ Градскэмрэ Лефлеррэ ныбжьэгъугъэкIэ зэпыщIауэ къэгъуэгурыкIуащ. НэхъыщIэм артистышхуэ къызэрыхэкIыфынур нэхъыжьым къыгуроӀуэри, и нэӀэ щӀегъэувэ. И макъым нэхъ зрегъэлъэщӀ, нэхъри зыкъызэкъурегъэх, щэхууи хуегъэхьэзыр «Градский Холл» театрым и солист пашэу щытыным.
Мы махуэхэм зы нэтын гуэр къысIэщIэлъэгъуащ интернетым. Абы итт Александррэ Андрейрэ «Нэхугъэмрэ фIыцIагъэмрэ я балладэ» уэрэдыр ягъэзащIэу. Уи нэр зытедиет, уи гур хэзыгъахъуэт Тхьэм и нэфI зыщыхуагъитIым я утыку итыкIэмрэ я зыIыгъыкIэмрэ. Лефлерым и гугъу ящIу зэи зэхэсхатэкъыми, абы теухуауэ ятхкъатхыжу къызэзгъэщIэфам шхыдэ къызыхузигъэхьыжащ, иджырэ къэс адыгэ псалъэ хужысIэну зэрыслъэмыкӀам щхьэкӀэ. Хъумэрэдэс нэхъыжьыфI Дыгъужь Барэсбий зыдэзгъэӀэпыкъури Андрей зыпысщӀащ икIи зэрызыхуэзгъэза упщIэхэм я жэуап и гуапэу къызитыжащ.
— Андрей, уэ ГъукӀэмыхъу Залым урипхъурылъхуу, Хъумэрэ къуажэм пыщӀэныгъэ быдэ хууиӀэу интернет хъым къыщизджыкӀам, сыгуфӀащ ину. Уи анэш дадэр, Тхьэм здэкIуам щигъэтынщ, уигу къызэринар дапхуэдэу?
— Ди адэшхуэмрэ сэрэ дызэпыщIат псэкIэ, дызэтехуэт ди хьэл-щэнкIи, Iуэху дыублар игъуэу нэдгъэсыну зэрытфIэфIымкIи. Зы мэскъалкIи дыпхутекIынутэкъым къэдубыда гъуэгум. ГъукIэмыхъухэ си гъащӀэм куууэ хэтщ. Дадэ и къуэш Абрэдж илъэс 80 зэрырикъур игъэлъэпIэну къыщытхуаIуэхум, зымахуэ, си унагъуэр си гъусэу Черкесск сыкъэкIуащ. ГуфӀэгъуэ махуэм зэхуишэсащ Iэнэ кIыхьищым пэрыз ди Iыхьлыхэр: зым нэхъыжьхэр щысащ, етIуанэм — ныбжькIэ сэ схуэдэнухэр, ещанэм — щIалэгъуалэ дыдэр.
Москва щопсэу дадэ и къуэ Ислъам. Ар сэр нэхърэ илъэсихщ зэрынэхъыжьыр, зэкъуэшым хуэдэу дыкъызэдэхъуащ. ХьэщIапIэ дызэхуокIуэ, ди зэпыщIэныгъэр дгъэкIуэдкъым икIи сыт щыгъуи догъуэт дызытепсэлъыхьын – машинэ, уэрэд я лъэныкъуэкIэ.
— Хъумэрэныжь укIуэ зэпыту щыта ущыцIыкIум? А зэманыр уигу къыщыкIыжым деж, сыт хуэдэ гупсысэ япэу къыпхуэушыр?
— Анэшым Iэджэрэ сыщыIащ жысIэмэ пцIы сыупсынукъым. Сэ сигу къеуэр нэгъуэщIщ — дадэрэ сэрэ нэхъыбэрэ дызэрылъагъуну япэм ди Iуэху зэрызэхуэмыхъуаращ. Ар къызыхэкIар, къызэрысщыхъумкIэ, си цIыкIущхьэр техуащи аращ дадэ Магадан щыдэса зэманым. Абы хэкум къыщигъэзэжам, сэ балигъыпIэ сиувэн щӀэздза къудейт. Си анэр зыщалъхуа къуажэр зыми пэплъыт мыхъуну къызэрымыкIуэщ. Хъумэрэ къуажэр — унагъуэкIэ зыздэдгъэпсэху щIыпIэщ. Дадэхэ я пщIантIэм укъыдэкIыу уэрамым утехьэмэ, занщIэу уIуоуэ абы къыщхьэщыт бгы щэджащэм. ЩIыуэпсри куэдкIэ щынэхъ къабзэщ абдеж. Си щхьэгъусэм лIыщIыгъуэ курыт лъэхъэнэм епхауэ художественнэ теплъэ дахэхэр егъэхьэзырри, зыхуей образхэр къуажэм хъарзынэу щегъуэт.
— Къуэш, шыпхъу уиIэ?
— ИлъэсийкIэ сэр нэхърэ нэхъыщIэу зы къуэш сиIэщ, Артем и цIэу. Къэбэрдей-Балъкъэрым щопсэу ди адэ-анэм яхэсу. Бынунагъуэщ. И IэщIагъэкIэ крановщикщи, хьэлъэ къэзыIэт техникэр здащIыж лъэщапIэм щолажьэ. Куэдым къацIыху икIи пщIэи къыхуащI а Iуэхухэм фIыуэ зэрыхищIыкIымрэ жэуаплыгъэ зэрыхэлъымрэ папщIэ.
— Уи анэм и бзэр — адыгэбзэр пщIэрэ? Езыр адыгэбзэкIэ пхуатхмэ пхуэгъэзэщIэну рок-уэрэд?
— Нарткъалэ сыщыпсэуам адыгэбзэр мыIейуэ сIурылът. Иджыпсту, си жагъуэ зэрыхъущи, бзэр сIэщIэхуащ, сытегушхуэу сыпхуэпсэлъэнукъым, ауэ, адыгитI щызэпсалъэкIэ, зытепсэлъыхьыр къызгуроӀуэ. АдыгэбзэкIэ уэрэд жысIэну, зэрыгурыIуэгъуэщи, сыкъыпхутегъэнэнукъым. Сыхуэмейуэ аракъым, атIэ, шэ икIам къысхуегъэгъэзэжынукъыми аращ: бзэр уэрсэрыжьу сщIэкъым, адыгэ дунейм сыпэIэщIэщ. Ауэ, си шынэхъыщIэр сэр хуэдэкъым. Ари уэрэджыIэщ, лэжьэным къыщыдэхуэкIэ, шыкӀэпшынэ йоуэ. Уеблэмэ фIыуэ къыдэхъу уэрэдхэм яхэтщ адыгэбзэкIэ тха гуэрхэри. ЖыпӀэнурамэ, адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэм и хъумакIуэ пэжу ди унагъуэм къыхэкӀар Артемщ.
— Хъунумэ, уи адэ-анэр нэIуасэ къытхуэщI. Хэт ахэр, сыт я IэщIагъэ? «Лефлерыр» уи унагъуэцӀэ хьэмэрэ сценэм узэрытет цӀэпапщӀэу къэпщта?
— Ди анэм и цIэр Тамарэщ, и гъащIэ псом гъэсакIуэу нану IыгъыпIэм щылэжьащ. НобэкIэ пенсэм тIысыжауэ, уней егъэджэныгъэ купсэ гуэрым Iуэху ядещIэ.
Ди адэр Георгийщ — зи Iэпэм дыщэ къыпыщ зыхужаIэхэм ящыщщ, техникэм епхауэ хъуар ещIыжыф.
Си адэмкӀэ къыслъыса унагъуэцӀэр къэрал зыбжанэм ущрохьэлӀэ, ауэ сысейм нэмыцэ лъабжьэ иӀэщ – «лефлерым» и мыхьэнэкӀэ «гъэсэнщ» къикӀыр.
Си унагъуэм щыщхэм гъуазджэр я хамэу щытакъым зэи. 1980 гъэхэм, ди адэ-анэр курыт еджапIэм щыщIэсам, ныбжьыщIэ ансамблхэм хэтти, Антонов Юрий, Кузьмин Владимир хуэдэ рок-уэрэджыIэхэр я щапхъэт. Нобэ ахэращ си концертхэм я хьэщIэ лъапIэр, си ежьууэгъур.
— Къэрэшей-Черкесым концерт къыщыптатэмэ, уи уэрэдхэр куэдым ягу зэрыдыхьэнум шэч къытетхьэкъым, Андрей…
— Черкесскрэ Налшыкрэ концерт къыщытыныр си хъуэпсапIэщ. Си нэгу къыщIэзгъэхьай абыхэм я утыку нэхъ инхэм сихьауэ, оркестрышхуэ си щIыбагъ къыдэту зыкъыщызгъэлъагъуэу. ФIы дыдэтэкъэ ар къызэхъулIамэ. ЩэнхабзэмкIэ хэгъуэгу Министерствэхэм зыкъыпщIамыгъакъуэу гугъущ концертыфI къызэбгъэпэщыныр. Гува-щIэхами, а Iуэхухэм я ужь сихьэнущ…
— ГъукIэмыхъу Залым дэбгъэкӀуа махуэхэм сыт хуэдэ гукъэкIыжхэр къыпхуагъэна? Укъыддэгуашэмэ ди гуапэт уэркIэ уасэ зимыIэ напIэзыпIэхэмкIэ, къэхъугъэхэмкIэ…
— СыкъэмыпцIэмэ, дадэ иужьрейуэ сыщигъуса махуэхэр апхуэдизу гум къехуэбылIащи, ноби-ныжэби мыупщIыIуу а хуабэм сеIыгъ. Нашэкъашэрэ быркъуэшыркъуэу гъэпса бгы задэхэм дридэкIыф хъууэ, си машинэшхуэр къесхужьэри зы махуэ гуэрым, анэш дадэ, Артем, си щхьэгъусэ Дарьерэ си щIалэ Эрикрэ есшэжьащ Хурла-Кел псыхъурейр язгъэлъагъуну. Илъэс 70-м щхьэдэха дадэ Залым, а щIыпIэр и щыпэлъагъути, и нэгум гуфӀэр къищт, дэри дигъэгуфIэт, къызэпытча гъуэгум и хьэлъагъыр къидмыдзэжу.
АдэкIэ-мыдэкIэ щылъ пхъэ гъурыкIэхэр къызэщIэткъуэри псы Iуфэм мафIэ IутщIыхьащ. Зы нокIуэ-тIу нокIуэ жытIэурэ, дгъэзэжащ дадэ и щIалэгъуэр Магадан щрихьэкIа илъэсхэм. ЩIыпIэ жыжьэм гукъеуэу, щэхуу абы къриха къомым хэдэIуэныр сэркIэ щIыхьышхуэти, и нэгури игури зэIухауэ а пщыхьэщхьэм къызэрызбгъэдэсамкӀэ сыкъищэхупащ. Дадэ къысхуиIа гулъытэ къабзэр къысхуэхьыжкъым, схущощIэ…
— Тхьэм уи дадэм укӀэлъигъэпсэу, Андрей! Уи ӀэщӀагъэкӀэ уехъулӀэну, псэ зыӀут гухэхъуэ уэрэдхэр уи куэдыну!
Епсэлъар ЛЫХЬ Тимурщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.