Гуапагъэ

ХабзэфI зэрыхъуауэ, ныбжь дахэм нэса, зи илъэс 90-р зыгъэлъапIэ жьыщхьэмахуэхэр властым гулъытэ щхьэхуэкIэ къыхегъэщ, я щIыхьыр егъэлъапIэ.

Иджы дыдэ и ныбжьыр илъэс 90 ирикъуащ АлиБэрдыкъуэ къуажэм дэс бзылъхугъэ нэхъыжь Iумахуэм — Щокъарэ Тоня Iэмин и пхъум. Я къуажэгъу бзылъхугъэм и махуэщIымкIэ ехъуэхъуну Щокъарэхэ я унагъуэм а махуэм еблэгъащ АлиБэрдыкъуэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Иуан Русланрэ щэнхабзэмкIэ Унэм и унафэщI Унэгъэс Зэмрэтрэ. Къуажэм и Iэтащхьэр Тоня ехъуэхъуа, тыгъэу ахъшэ, удз гъэгъа хуигъэфэща нэужь, Хьэбэз район администрацэм и Iэтащхьэ Жу Тимур къыбгъэдэкIа ФIыщIэ тхылъри IэщIилъхьащ. «ПщIэшхуэ зыхуэтщI Тоня Iэмин ипхъу! Ди гуапэу дыпхуохъуахъуэ уи махуэщI дахэмкIэ! Уэ уи гъащIэр — хахуагъэм и щапхъэщ, пэжагъ пхэлъу узыщалъхуа щIыналъэм, уи Iыхьлыхэмрэ къыбдалъхуахэмрэ уакъыдогъуэгурыкIуэ. А илъэс 90-м къриубыдэу гъащIэ зэхэщIыкI ин зыIэрыбгъэхьащ, гугъуехь куэдым ухэплъащ, нэщIэбжьэ куэди уи нэгу щIэкIащ. Гуапагъэмрэ цIыхугъэмрэ къобэкIыу, абыхэмкIи псоми уадэгуашэу дунейм утетщ. ФIым дыхубоущий, щапхъэ утхуохъу. ФIыщIэ ин пхудощI ди къуажэм и зыужьыныгъэм, ефIэкIуэныгъэм хэлъхьэныгъэ зэрыхуэпщIам папщIэ, жыджэру жылагъуэ гъащIэм, щIалэгъуалэр гъэсэным узэрыхэлэжьыхьам ипкъ иту. Гуапагъэ Дрогушхуэ уэ пхуэдэ цIыхухэмкIэ икIи дыпхуохъуахъуэ иджыри куэдрэ фIыуэ плъагъухэм уузыншэу уахэтыну, бгъэбжьыфIэну. Дынохъуэхъу узыншагъэ быдэкIэ гуфIэгъуэрэ унагъуэ насыпрэкIэ. Дэтхэнэ махуэми гукъыдэж къыуитыну Тхьэм жиIэ!» — итщ хъуэхъу тхыгъэм.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *