Гъатхэпэм и 27-р —  УФ-м и Лъэпкъ гвардием и дзэ  пакIэм и Махуэщ

ПщIэ зыхуэтщI ди ныбжьэгъухэ, къулыкъущIэхэ, Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардием и дзэ пакIэм и ветеранхэ, и лэжьакIуэхэ! Дывохъуэхъу фи IэщIагъэ махуэщIым и щIыхькIэ! Мыр — махуэбжым къыхэщ, мыхьэнэшхуэ зиIэ махуэ закъуэкъым, атIэ гуеигъэм, лIыгъэм, IэщIагъэм хуэпэжы­ным я нагъыщэщ.

Лъэпкъ гвардиер сыт щыгъуи щытащ ди къэралым и шынагъуэншагъэмрэ и зэпIэзэрытыныгъэмрэ я быдапIэу, апхуэдэуи къонэж. Фэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэнхэр фо­гъэзащIэ — Конституцэр, цIыхухэм я мамыр гъащIэр фохъумэ, хабзэ зэпIэзэрытыныгъэр къызывогъэпэщ. Лъэпкъ гвардием и дзэ пакIэхэм къулыкъу щыщIэныр — жэуаплыгъэшхуэ зэрыпылъым и мызакъуэу, икIи пщIэш­хуэ зиIэщ. Фи гъащIэми, узыншагъэми фытегушхуэкIэрэ, дэтхэнэ зыми къывогъэлъагъуэ хьэл-щэныфIхэр: гуеигъэр, быдагъэр, пщэрылъым хуэпэжыныр. Фи къулыкъур щэхуу къанэми, ди къэралым и хьэлэмэтхэр хъумэным ехьэлIауэ зауэ операцэ хэхар здекIуэкI щIыпIэм нобэ куэд зэрыщыв­лэжьыр дощIэ. Догушхуэ фэркIэ икIи ТекIуэныгъэр фи Iэрылъхьэу къэвгъэзэжыну дыныфпоплъэ!

Мы махуэ хьэлэмэтым фIыщIэ яхуэтщIыну дыхуейщ зи къаруи, щIэныгъи ди къэралым и хьэлэмэтым щхьэу­зыхь хуэзыщIа ветеранхэми. МахуэщIымкIэ, пщIэ зыхуэтщI росгвардейцхэ! Мы махуэр гуфIэгъуэкIэ, фи къулыкъум фригушхуэу, фи лэжьыгъэм къыпэкIуэ фIыщIэкIэ гъэнщIауэ щрет. Узыншагъэ быдэ, гуапагъэ, илъэс куэд гъащIэ фиIэну!

ТЕМРЕЗОВ Рэшид, Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэ

ИВАНОВ Александр, Къэрэшей-Черкес Республикэм и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ

АРГУН Мурат, Къэрэшей-Черкес Республикэм и Правительствэм и тхьэмадэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *