Къэрэшей-Черкесым щэнхабзэмкIэ пщIэ зыхуэтщI и лэжьакIуэхэ! Ди гум къыбгъэдэкIыу дывохъуэхъу фи IэщIа-гъэ махуэщIымкIэ! Фэ, щэнхабзэм фрихъумакIуэщ икIи фыкъызэгъэпэщакIуэщ, фи лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ щиIэщ ди республикэми, зэрыкъэралуи. Фи IэщIагъэр фIыуэ зэрыфлъагъум къыхэ-кIыу, ди хэгъуэгум къыщекIуэкI хабзэмрэ и телъыджагъымрэ мэпсэу, заужь, Урысейпсо, Къэралыбэ мыхьэнэ зиIэ гулъытэхэр ягъуэт.
Щэнхабзэр — лъэпкъым и псэщ, дыхуэсакъыу тхъумэ икIи зыхэдгъахъуэ и щIэин къулейщ. Абы къыхэкIыу, гъуаз-джэм, макъамэм, театрым, нэгъуэщIу щэнхабзэм и унэтIыныгъэхэм загъэужьыным хуэфщI хэлъхьэныгъэр уасэншэщ. КъэхъукъащIэ дахэхэмкIэ, фестивалхэмкIэ, гъэ-лъэгъуэныгъэхэмрэ пшыхьхэмрэкIэ ди гъащIэр фогъэдахэ, дахагъэм хувиIэ лъагъуныгъэмрэ гуапагъэмрэ яIэщIэфлъ-хьэкIэрэ, творческэ щIэблэщIэр фогъасэ, абыкIэ цIыхубэр нэхъ къулей фощI.
ТекIуэныгъэ Иным и илъэс 80-мрэ Черкесск къалэр илъэс 200 зэрырикъумрэ щыдгъэлъэпIэну мы гъэм мыхьэ-нэшхуэ зиIэ къалэнхэр къыфхуоув, а махуэхэр Къэрэшей-Черкесым щыпсэухэм ягухэм гукъэкIыж гуапэхэмкIэ къинэжын папщIэ. Ди фIэщ мэхъу, фэ, сыт щыгъуи хуэдэу, республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я дахагъэмрэ щэнхабзэ къулеягъэмрэ къызэрывгъэлъэгъуэнур.
ПщIэ зыхуэтщI щэнхабзэм и лэжьакIуэхэ! Дэтхэнэми фIыщIэ фхудощI фи лэжьыгъэм фызэрыхуэпэжым, фхэлъ шыIэныгъэмрэ хущIэкъуныгъэмрэ папщIэ. Дывохъуэхъу узыншагъэ фиIэну, фIыуэ тлъагъу ди республикэм и фIыгъуэ зыхэлъ творческэ ехъулIэныгъэрэ лъагапIэ-щIэхэмрэ зыIэрывгъыхьэну! Фи гурыщIэхэр мыкIуэщIыну, махуэщIэ къэс гуфIэгъуэ къыфхуихьыну. МахуэщIымкIэ!
ТЕМРЕЗОВ Рэшид, Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэ
ИВАНОВ Александр, Къэрэшей-Черкес Республикэм и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ
АРГУН Мурат, Къэрэшей-Черкес Республикэм и Правительствэм и тхьэмадэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.