«ГъащIэм пхухихам уфIэкIынукъым»

«Щхьэмыгъазэ» жиIэмэ, абы и мыхьэнэр — хъыжьэ, ерыщ, къикIуэтрэ шынэрэ зымыщIэщ. А зы псалъэмкIи къэбгъэлъэгъуэфынущ мы тхыгъэр зытеухуа, Куэш-Хьэблэ къуажэм щыщ ГЪУКIЭ Алий и хьэлыр. И ныбжьым емылъытауэ (илъэс 28-рэ), абы хущIыхьащ гъащIэм и гуащIэгъуэм хэплъэну. Зауэ операцэ хэхар къыщежьа къудейм, мазэ нэхъ темыкIауэ, езым и арэзыныгъэ хэлъу абы кIуауэ щытащ. Абы лъандэрэ зауэлIыр щэнейрэ уIэгъэ хьэлъэ хъуащ. Иужьрейм и лъакъуэри хилъхьащ…

Алий еджапIэм щыщIэсым щIэхъуэпст зауэ къулыкъум и гъащIэр ирипхыну, офицер хъуну. Апщыгъуэм щыщIидзауи, зигъэхьэзырт зауэм епха IэщIагъэм хуеджэну. Ауэ, ар къехъулIакъым, и узыншагъэ елъытакIэ. Ар дыдэр и щхьэусыгъуэу къулыкъуми дашакъым. И гугъи хихыжри Къэрэшей-Черкес къэрал университетым экологыу щеджащ. Абы хэтуи, лэжьэн щыщIидзащ ди зыгъэпсэхупIэ цIэрыIуэхэм. Экстремальнэ спорт лIэужьыгъуэхэр фIы дыдэу зылъагъу ныбжьыщIэм абдеж лэжьапIэ хьэлэмэти щигъуэтауэ, тыншу зэкIэлъыкIуэу псэут. Ауэ, зы напIэдэхьеигъуэкIэ абы и гъащIэ гъуэгум нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ игъэшащ. Шэшэн Республикэм щыщ и ныбжьэгъуфIхэм чэнджэщ къыхалъхьащ зэщIыгъуу Хэкур зыхъумэ зауэлIхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуну.

Абы папщIэ, «Ахмат» спецназ еджапIэм зыщагъэхьэзырыну ираджат. Зауэ IэщIагъэм щIэхъуэпса ныбжьыщIэм зыкIи шэч къимыхьу, псори хыфIидзэри, абы кIуащ. И узыншагъэм дагъуэ къызэрыхуагъуэтауэ щытам къыхэкIыу, и зауэ тхылъым къулыкъу имыщIэну ит пэтми, ар зыхуейм яхутекIакъым, сыт хуэдэ жэуаплыгъэри езым ищтэри, Украинэм яфIэкIуащ.
— Къулыкъум зэрыдамышауэ щытам щхьэкIэ, си къуэм и гугъу къамыщIын къысфIэщIу сэри сыщыст. Ауэ, зы махуэ гуэрым телефоным къысхутеуэри, «мамэ зыри къыпомыдзэу «Гъуэгу махуэ!» къызжеIи сегъажьэ» къызжиIащ, — къыддэгуэшащ Алий анэ Ленэ. — Абы и ерыщагъыр сцIыхути, сыпэщIэувэкIэ мыхьэнэ иIэжтэкъым. Пэжыр жыпIэнумэ, зэрыцIыкIу лъандэрэ, Алий адрей сабийхэм ямыщхьу къэхъуащ. Ар щыцIыкIунитIам ерыщт, жыджэрт, и цIэр гъэфIагъыбзэ хэлъу жытIэу идэтэкъым, и Iэр дигъэубыдтэкъым, зигъэлIт. ЕджапIэм щIэсыху хуиту бэнэным пылъащ. Бгы лъакъуэрыгъажэкIэ, лъэрыжэкIэ, сноубордкIэ профессиональнэу къижыхьт, аэропланкIэ къэлъэтыхьыным дихьэхт. КIэщIу жыпIэмэ, шынагъуэ зыхэлъ спорт лIэужьыгъуэхэр фIэфI дыдэт икIи къыдэхъут…
Апхуэдэу, ищIа мурадым тету Алий спецназым хэту ЛНР-м яшащ, икIи ебгъэрыкIуэ гупым хэту къалэн къыхуагъэувахэм занщIэу пэрыуващ. Ауэ, зауэр уи нэгу къызэрыщIэбгъыхьэмрэ узыхуэзэмрэ куэдкIэ зэрызэщхьэщыкIыр зэуэ къыгурыIуащ.
— Япэ махуэм иджыри къэхъур къызгурыIуащэтэкъым. Къагъауэ макъ зэхэсх-хэри къысфIэIуэхущэтэкъым. Ахэр сэ къы-зэмыхьэлIауэт сызэрыгупсысэр. ЩIэх дыдэ къызгурыIуэжащ ар зэрымэджэгур. Ауэ, сэ гъащIэм деж сыт щыгъуи сызытет гупсысэщ — псори зэрыхъун хуейм хуэдэущ зэрыкIуэнур, гъащIэм пхухихам зыкIи уебэкъуэфынукъым. Ар уи гум илъмэ, шынэри къыптекIуэнукъым, — жеIэ Алий.
Зауэр зылъэгъуа цIыхум и гупсысэкIи, и дуней еплъыкIи зэрызэрихъуэжыр, уеблэ-мэ зыщIыпIэ дежи гущIэгъуншэ узэрищIыр къыхегъэщ Алий.
— Зауэм цIыху хэмыкIуадэу хъукъым; е уэ, е къыппэщIэувар. Къапщтэмэ, а Iуэхум зыри хуэхьэзыркъым. Ауэ, хьэкIэкхъуэкIагъэ зэрахьэу плъэгъуа нэужь, абыхэм гущIэгъуншэу уобгъэрыкIуэри, нэхъыбэ зэрыхэбгъэщIыным упылъщ. Дапщэрэ тлъэгъуа, украинэ сэлэтхэм езыхэм я цIыху дыдэхэм, я лIыжь-фызыжьхэм гущIэгъуншэу яхущыту?! Ахэр къагъэсэбэпт ди сэлэтхэр зрашэлIэнымкIэ. Сабий иIыгъыу анэр здэщысым, сыплъэурэ, пулеметкIэ къауэХэкум ри яукIат. Абы иужькIэ абыхэм сыт хуэдэ гущIэгъу хуаIэн хуейр? Абы лIыгъэ зэрахьэтэкъым, хьэкIэкхъуэкIагъэт къагъэлъагъуэр, — къыддогуашэ щIалэр.
Ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэм и хахуагъымрэ щхьэмыгъазэу и Iуэхур зэрынигъэсыфымрэ щIэх дыдэ игъэунэхуащ зы-хэт спецназ гупми. ЛНР-р хуит къэщIыжынымкIэ бийм ебгъэрыкIуэхэм, цIыху зыщыпсэу щIыпIэхэр къаIэщIэзыххэм яхэтт. Ар дэнэкIи щыпэрытт, и ныбжьыщIагъым емылъытауэ, щытыкIэ хьэлъэхэм хэкIыпIэ къыщигъуэтыфт. ЕбгъэрыкIуэ гупым и пашэу ягъэуват. Къулыкъу зыщIэну даша къудей сэлэт гупыр бийм къиухъуреихьауэ, зыри яхэмыщIу къащыIэщIигъэкIи къэхъуащ.
Алий япэу уIэгъэ хъуауэ щытащ 2022 гъэм и гъэмахуэм. Апщыгъуэм и лъакъуэ сэмэгум и лыпцIэр къриудри, псантхуэми зэран хуэхъуауэ, мазэ бжыгъэкIэ уIэгъэ-щым щIэлъащ. И узыншагъэр зэтемыпсыхьыжыпауэ, бжьыхьэм аргуэру зэуапIэм Iухьэжащ. ПIалъэкIэ абы щызэуа нэужь, аргуэру уIэгъэ къащI, бжыгъэрэ контузие егъуэт. Абы иужькIи псынщIэ дыдэу фронтым Iуохьэж.
Иужьрейуэ, 2023 гъэм и кIэм игъуэта уIэгъэр псом нэхърэ нэхъ хьэлъэт. Ап-щыгъуэм ебгъэрыкIуэ гупым танккIэ къа-хэуэри, нэрыбгэ 13-м щыщу Алий закъуэщ къелар, адрейхэр хэкIуэдат. Бурденко зауэ сымаджэщым хьэлъэ дыдэу куэдрэ щIэлъащ. КъелынкIэ щымыгугъыжу, Алий и анэ Лени и къуэм деж кIуэри мазэкIэ кIэрысащ. Ауэ, зауэлIым и лъакъуэр къахуемыгъэлу, пахын хуей хъуащ.
Реабилитацэ кIыхь фIэхъуащ апщыгъуэм, протез хуащIам зригъэсэжыху зэмани текIащ. Иджы и протез-лъакъуэр зэрыхуей дыдэу имыгъэшэрыуэми, нэхъыфI къэхъужащи, аргуэру мурад ищIащ зэуапIэм игъэзэжыну.
— Си лъакъуэр къыздэмыхъуми, сэ абдеж щызлэжьын згъуэтынущ икIи сащхьэпэфынущ. Абы щыIэщ гукIи псэкIи спэ-гъунэгъу хъуа цIыхухэр. Мыбдеж сыдэсыфынукъым, — жеIэ ди псэлъэгъум.
Иджыдыдэ абы къыхуагъэфэщащ лейтенант офицерыцIэр. НыбжьыщIэр зыщIэхъуэпсу щыта дамэтелъыр, дауэ мы-хъуами, къилэжьащ. АбыкIи къызэрымыувыIэнум шэч къытетхьэкъым.
Алий зэуапIэм щызэрихьа лIыхъужьыгъэмрэ гуеигъэмрэ къыпэкIуащ «Ахмат-Спецназ» орденыр, «За отвагу», «Жукова» медалхэмрэ фIыщIэ тхылъхэмрэ. «Ахмат» спецназым я унафэщIхэм Алий зэрихьа лIыхъужьыгъэм уасэшхуэ ират. Ауэ, ахэр нэхъыщхьэу къилъытэкъым Алий. Иджыпсту зэуапIэм кIуэжу, къуэш къыхуэхъуахэм ящIыгъуу, Iуэхур икIэм нэгъэсауэ илъагъунращ зыхущIэкъур. Мы зэманым пIалъэкIэ военкоматым епхауэ мэлажьэ. МазитI-щыкIэ ар зауэлIхэм яхыхьэжынущ.
БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *