Къупщхьэ куцIымкIэ донорхэр нэхъыбэ щIыным хуэгъэза Урысейпсо акцэр Къэрэшей-Черкес Республикэм щрагъэжьащ.
«ГъащIэм и мафIэ» («Огонь жизни») пхъэдзакIэмафIэр (факел) Черкесск къалэм къынахьэсащ. Абы ипкъ иту, ЩIыхьым и Аллеем къыщыщIадзэри Черкесск къалэм лъы здат Станцэм нэс къэжэныгъэ ирагъэкIуэкIащ.
Гугъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ къэзыгъэлъагъуэ акцэм и нагъыщэ пхъэдзакIэмафIэр лъы здат Станцэм къынихьэсащ Урысейм къупщхьэ куцI донорхэр нэхъыбэ хъуным щIэгъэхуэбжьауэ елэжь, плIэнейрэ дунейпсо рекордсмен, «лейкоз» узыжьым текIуэфа Алискеров Артём.
Абы узыжьыр къыщыхуагъуэта 2019 гъэм щыщIэдзауэ химиотерапие 31-рэ къызэринэкIащ. ИтаIани, спортым пыщIащ, Iуащхьэмахуэ и щыгум дэкIащ. ЩIалэм и щапхъэмкIэ цIыхухэм янехьэс сыт хуэдэ гугъуехьми узэрытекIуэфынур, уз нэужьым жыджэру гъащIэр зэребгъэкIуэкIыфынур.
— Мыпхуэдэ акцэхэр ауэ сытми екIуэкIкъым. Мыр цIыху нэхъыбэм ялъагъуху, гулъытэми хохъуэ. Зэм мыхъуами, адрейм цIыхур зригъэгупсысыжынкIэ мэхъу. Зыгуэрым и гъащIэр къызэрыригъэлыфынур къыгурыIуэмэ, къупщхьэ куцIымкIэ донор хъуным тегушхуэфынущ.
Сэ узыжьым сытекIуа нэужь, си щхьэкIэ сыхуэкIуащ мы Iуэхум зыгуэркIэ сыхэлIыфIыхьыну, зымащIэ нэхъ мыхъуми. ФМБА-мрэ (Федеральное медико-биологическое агентство) жыджэр гупымрэ ди зэдэлэжьыныгъэм къыдэкIуа зэхъуэкIыныгъэхэр нэрылъагъущ. ЩыщIэддза къудейм къупщхьэ куцIымкIэ донорхэм я регистрым цIыху мини 120-т итыр. Илъэсрэ ныкъуэм бжыгъэр мелуан Узыншагъэныкъуэм ныдохус, — жиIащ Алискеровым.
Акцэр ди хэгъуэгум тхьэмахуитIкIэ щекIуэкIынущ. А Iуэху щхьэпэм езыри щыщ хъуну дэтхэнэми лъэкIыныгъэ иIэщ. Лышх узыжьымрэ гематологическэ узыфэхэмрэ зиIэ цIыху куэдыр ажалым къелынымкIэ Iэмалу къахуэнэр донорым и стволовой клеткэхэр яхуигъэтIысхьэнращ.
— Къыхэгъэщыпхъэщ лъэпкъ щхьэхуэхэм яйм техуэ къупщхьэ куцI донорхэр зэрыримыкъур. Апхуэдэхэр Урысейм и щIыпIэ зэхуэмыдэхэм, псом хуэмыдэу Ищхъэрэ Кавказым, щопсэу. Абы къыхэкIыу, мыхьэнэ иIэщ хэгъуэгум щыпсэу лъэпкъхэм къахэкIахэм ящыщхэр донор бжыгъэм хыхьэным. А лъэныкъуэм нэхъ гулъытэ хуащI хъуащ Урысейм и Минздравми, ФМБА-ми. Программэр илъэс зыбжанэ хъуащ зэрылажьэри, регистрым ит донорхэр зэрыхэхъуэр нэрылъагъущ. Ди республикэр адрей хэгъуэгухэм яплъытмэ, а IуэхумкIэ пэрытхэм яхэтщ, — жиIащ лъы здат Станцэм и дохутыр нэхъыщхьэ Башкаев Мурат.
Регистрым хыхьэн папщIэ, лъы ятыфынущ зи ныбжьыр илъэс 18-35-м ит, уз гъэтIылъа зимыIэ ныбжьыщIэхэм. Абы папщIэ, паспортымрэ СНИЛС-мрэ яIыгъыу Черкесск къалэм дэт, лъы здат Станцэм екIуэлIапхъэщ.
БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.