Апхуэдэ щхьэщIэдзапIэм щIэту, Жьакуэ къуажэм дэт «Дыгъэ» сабий IыгъыпIэм фэеплъ пшыхь щрагъэкIуэкIащ. Ар траухуащ мы къуажэм къыдэкIа, театрымрэ киномрэ я артист, зэчий къызэрымыкIуэ зыбгъэдэлъа АКЪ Мухьэрбэч, ар къызэралъхурэ илъэс 76-рэ зэрырикъуам.

ФЭЕПЛЪ Iуэхугъуэм сабийхэр къыхэпшэныр, ар я гум зыхебгъэщIэныр, дауэми, тыншкъым. Ауэ гъэ сакIуэхэм зыхуагъэувыжа пщэрылъхэмкIэ къызэщIаубыдащ Iуэхугъуэ зыбжанэ: я къуажэм къыдэкIа цIыхушхуэм и фэеплъыр гъэщыпкъэныр, сабийхэм я гупсысэр адыгэбзэкIэ къаIуэтэфу егъэсэныр, зыщыпсэу щIыналъэм щызэрахьэ щэнхабзэм хащIыкIыу къыдэгъэкIуэтеиныр. Фэеплъ пшыхьым пэшышхуэр екIуу къыхузэрагъэпэщащ. Сабийхэр нэIуасэ хуащIащ зи гугъу ящI артист цIэрыIуэм. Абы и теплъэр я пащхьэ кърахьащ, зыхэта фильмхэм щыщ теплъэгъуэхэр сабийхэм ирагъэлъэгъуащ. ЦIыкIухэми адыгэ фащэ ящыгъым игъэнэщхъыфIэу, къащхьэщыту «къахэплъэ» артист цIэрыIуэм и теплъэм нэхъри зэригъэгушхуэм гу лъыптэу я къалэнхэри нэгъэсауэ ягъэзэщIащ. Сабий садым и гъэсакIуэ БакIуу Заремэ и нэIэ щIэт нэхъыжь гупым хэс цIыкIухэм утыку кърахьащ Мухьэрбэч теухуа фэеплъ усэхэр. Дэтхэнэми и образыр екIут, и псалъэхэр гум къыбгъэдэкIт, адыгэбзэр къабзэу игъэшэрыуэт. ГъэсакIуэр къахутепсэлъыхьащ артист цIэрыIуэм и гъащIэ гъуэгум, игъэзэщIа ролхэм, зыхэта фильмхэм. Сабий IыгъыпIэм и гъэсакIуэхэу Бахътыр Фозэ, Хъупсырокъуэ Маринэ, Акъ Жанетэ сымэ къагъэлъэгъуащ Мухьэрбэч зыхэтауэ щыта «Дусэ и пэшхьэку щIыкIэ» спектаклым и зы пычыгъуэр. Къыхэзгъэщынщи, Жьакуэ къуажэм дэт «Дыгъэ» сабий IыгъыпIэм сыт щыгъуи щIэщыгъуэ куэд я лэжьыгъэм къыщагъэсэбэп, Iуэхугъуэ щхьэпэхэм гулъытэ хуащI, лэжьакIуэхэр зэщIыгъуу абыхэм хэту. — Егъэджэныгъэ программэм нэхъыщхьэу къа хэщхэм ящыщ зыщ — сабий IыгъыпIэм екIуалIэ нанухэр хэкупсэу гъэсэныр. Къыщалъхуа щIыпIэм, къэ ралым теухуауэ я гупсысэм щIэныгъэ лъабжьэ тэрэз яIэу къыдэдгъэкIуэтеин хуейщ щIэблэр. Нобэрей Iуэхугъуэри фэеплъ закъуэкъым зытеухуар, Акъ Мухьэрбэч и лэжьыгъэр фIыуэ илъагъуу, и псэм хэпщIауэ зэрыпсэуар абы кIуэцIылъа хэкупсагъэм и щапхъэщ. И зэчиймкIэ иIэтащ и лъэпкъыр, и хэкур. АбыкIэ сабийхэм къахудогъэуш хэкупсагъэри, зыщалъхуа щIыналъэм хуаIэн хуей фIылъагъуныгъэр, — къыддэгуэшащ «Дыгъэ» сабий садым и унафэщI Мамхэгъ Мадинэ. Сабийр гъэсэным псэ хуабагъ хэзылъхьэхэм фIыщIэ яхуэфащэщ. Апхуэдэщ «Дыгъэ» сабий IыгъыпIэм щылажьэ дэтэнэри. Абы я Iуэху бгъэдыхьэкIэм нэхъри гугъапIэ къыдет щIэблэ узыншэ лъэпкъым къытщIэхъуэну.
АСЛЪЭНЫКЪУЭ Мадинэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.