Тхьэм жиIэмэ, Хъумэрэ къуажэм щыщ ЖЭГУЭТЭН (Дыгъужь) Розэ Исмэхьил и пхъум накъыгъэм и 14-м илъэс 80 зэрырикъунур игъэлъэпIэнущ. Ар си анэшхуэм и дыщымкIэ къысхэщIыхьауэ сщIэжыххэнутэкъым, ди нэхъыжьыфI Дыгъужь Барисбий абы сыдэпсэлъэну чэнджэщ къыщызитым сигу къимыгъэкIыжамэ. Совет лъэхъэнэм пщIэ зыхуащIу щыта губгъуэ IэщIагъэхэм ятеухуауэ зыгуэр нэхъ къыбжезыIэжыфыну Хъумэрэ иджыпсту дэсыр Розэ закъуэу Барисбий къызжиӏати, кIыхьлIыхь езмыгъэщIу си лыджанэм лъагъунлъагъу сыхуэкIуащ.
Абы сызыхигъэдэIуауэ хъуар гъэщIэгъуэнщ: и цIыкIущхьэр къызэрекIуэкIари, губгъуэрылажьэу, депутату зэрыщытари, си анэшхуэм теухуауэ игу къинэжахэри. Сытми, дызэбгъэдэсащ зэману диIэр тфIэмащIэу, Барисбий ди жьантӏэдэсу. КъызэрыщIэкIамкIэ, Розэ щашэм и жэмхэгъэсар арат. Тӏури зэры-Дыгъужьым къинэмыщIауэ, я хапIэхэр зэпэщытщ, я шыгъупӏасти зэхэлъщ. Сыт-тIэ, Розэ сытепсэлъыхьынумэ къызэрыщIэздзапхъэр?
Шэч хэмылъу, и адэанэм я гугъу сщIыуэ, ахэр абы и лъагъуэхэшу зэрыщытыр къыхэзгъэщын хуейуэ солъытэ нэхъапэ. И анэ Кулистан и дежкIэ бгъазэмэ, ар Хъумэрэ къэрэшейуэ дэтIысхьэу адыгэ хъужа Хъатухэм япхъущ. Ди адыгэ газетым еджэхэм фщIэну къыщIэкIынщ, си къуажэгъухэмрэ къэрэшейхэмрэ япэм зэдэлажьэу, дипхъу яшэу, япхъу къатшэу, зэрылъытэ-зэрылъагъуу зэрыщытар, ноби зэгъунэгъу лъэпкъхэм дяку дэлъ пщIэр зэрыдмыгъэкIуэдыр. Къэрэшейхэр ди щIыналъэм щрагъэкIым Кулистан и унагъуэри яхэхуащ мафIэгум ирадзэу зи жьэгу, зи лъапсэ зрагъэбгынахэм.
«Сэ апщыгъуэм сыцIыкIут, ауэ хъарпшэру сощIэж си анэш дадэмрэ нанэмрэ Къыргъызым щагъэIэпхъуа махуэр. Ди анэ тхьэмыщкIэр сытым хуэдэу якIэлъыгъуэгрэт абыхэм, и гур кӏуэдыпат, шынэт и Iыхьлыхэр зэи имылъагъужынкIэ. Ди анэр къэрэшей лъэпкъым къызэрыхэкIар къыщысцIыхуар тIэкIу нэхъ сыкъыдэкIуэтея нэужьщ, ари ди нанэ къызжимыIамэ, щэхуу къэнэнут. Мамэ къэзылъхуахэм япэIэщIэу къызэрынам къыхэкIкIэ, и анэдэлъхубзэмкIэ и быным къыддэгуэшэну зы гурыфIыгъуи иIакъым. Абы жэщи, махуи игъейт и адэ-анэмрэ и шыпхъуитхумрэ», — Розэ и макъыр къызэфIэнэу къызжиIэжащ и анэм игъэвын къыхудэхуар.

Пхъур анэм ещхь хъужащ и псэр мэкъумэш лэжьыгъэм кIэрыпщIауэ къызэрекIуэкIамкIэ. ЩыцIыкIу лъандэрэ Кулистан и кIэр иутIыпщакъым, гъусэ зыхуищӏурэ къуажэ фызхэм жану ядэIэпыкъуащ. ПщыIэм ар дэкӏмэ, мэлхэм я кIэхэр щIищэт, кIэртIоф, нартыху зыпщIэну губгъуэм ихьэхэм ябгъурыувэт, плъагъунут силосыр гуахъуэкIэ зэкIэщIэзытхъыурэ тракторым изыдзэхэм яхэтуи. Япэ дыдэу мэкъумэш Iуэхум щыпэрыхьа махуэр мыпхуэдэу игу къегъэкIыж Розэ: «КIэртIоф зыпщIэну ежьа губгъуэрылажьэ хъыджэбзхэм сыздащтауэ щытащ схуэщIэмкIэ сызыдагъэIэпыкъуну, лэжьэным гугъуехьу пылъыр сагъэгъэунэхуну. Апщыгъуэм ди звеном и пашэт Цагъэ Гуащэ, лэжьакIуэ емышыжхэу ди гъусэт Хьэжмэстафэ Рае, Ещэр Будихъан сымэ, нэгъуэщI куэди.
«Совхоз щхьэкӀэ, улахуэу къэтхьыр кӏэпӏейкӏэ бжыгъэт. Ди бригадиру щыта Къарэсэлыхь Мыхьэмэт зы махуэ гуэрым лэжьапщӏэ тыгъуэр къэсауэ къыщыджиӏэм, уи анэшхуэ Нэшифэтрэ сэрэ дыщӏыхьащ бухгалтерием. Сэ, гупым нэхъыщIэ цIыкIуу сызэрыхэтрагъэнти сыщIагъэгушхуэр, куэд щӀауэ губгъуэ ӏуэхум пэрыт Нэшифэт нэхърэ си улахуэр зы сомкIэ нэхъыбэу икIи «за звеноводство» сомрэ кIэпIейкIэ тIощIрэ къыщIыгъужауэ къыщIэсхати, си нэгум гуфIэр схуигъапщкӏуэтэкъым. Уэшхми, дыгъэми губгъуэм иту лажьэу еса гугъуехьакIуэхэм садэгъуэгурыкIуащ, ядэсщIэр сфIэмащIэу, сфӏэфӏу», — щIым телэжьыхьхэм зэрахэтам къытопсэлъыхь мэкъумэшыщIэр.
Иджы Розэ жыхуиIа кIэпIейкIэ бжыгъэм зыгуэру уфIэкIынщ, узыфIэмыкIыжыну гъэщIэгъуэн хъур абы и цIыкIущхьэр зыпхиха зауэнэужь илъэс хьэлъэхэрат. ТIэкIунитIэ жэпхъауэ фIанэ зыIыгъыфыну, Iуэху зыщIэфыну щыIэр губгъуэм дашт гъэмахуэ мазэхэр къызэрынэсу, къуажэдэсхэр зэрыубыдауэ зэдэӏэпыкъут, зым хуэмыгъэкъарур зыбжанэм зэдагъэкӏуатэу. Хъумэрэ колхозым Розэ махуэм щилэжьар трудоденкIэт къызэрабжыр, ахъшэм ипIэкIэ шхылэ бжыгъэ къыхашэчыкIыурэ къратт: нартыхууи, жэгундэуи, кIэртIофуи, гуэдзуи, нэгъуэщI-къинэмыщIуи. Ауэ лэжьыгъэр ахъшэкIэ къапщу зэрыщӏадзэнур Жэгуэтэнхэ я нысэм щызэхихым, адрей губгъуэрылажьэхэми яхуэдэу, и фӏэщ хъуакъым иджы нэужь и жыпым сом илъ зэпыту зэрыщытынур.
Къэралым и гулъытэ щагъэщIакъым мы бзылъхугъэр. И гуащIэдэкIым къыпэкIуэу ФIыщIэ, ЩIыхь тхылъу зыкъом къыхуагъэфэщащ ди хэгъуэгум и унафэщӏхэм, абы ищIыIужуи, крайком партым и депутату зы гъэ хахащ. И анэр зэрыкъэрэшейр къыпамыубыдамэ, КПСС-м и Ставрополь крайкомым и депутату хамыхыу, и нысэгъу Нюся ипӀэкӀэ СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм ягъэкIуэну щытащ. Крайм и жылагъуэ Iуэхухэм зэрырапхари щIыхьышхуэт абы и дежкӏэ, и цIыху хэтыкIэмрэ и IэбэкIэмрэ, и гуащIэдэкI къабзэмрэ и гумызагъагъымрэ къыхуахьати. Депутат билетыр къыIэрызыгъыхьэжауэ щытар крайкомым и япэ секретару тета Горбачёв Михаилт. Розэ и адэ Исмэхьил, Хэку зауэшхуэр къыщежьэм, зи лъэ вакъэ изылъхьэфу, Iэщэ къэзыщтэфу къуажэм дэса дэтхэнэ цIыхухъуми хуэдэу, 1941 гъэм и щIышылэ мазэм ирагъэкIуэкIа етIуанэ дзэ дэшыгъуэм зэрыхэхуэнум хуэхьэзыру, и щхьэгъусэмрэ гущэм къемыувэха и къуэ закъуэ Борисрэ (ПIатIэ) къигъанэри, зауэм кӏуащ.
А зауэ гущIэгъуншэм ди къуажэм щыщу нэрыбгиплI къикIыжащ я лъакъуэ лъэныкъуэхэр пымытыжу. Исмэхьил и щхьэгъусэр колхозым хэтти, къызэрыкӏуэжу бжьаIуэу мэкъумэшыщӀэхэм яхыхьащ. ЦIыхум ишхын къызыхих псори унафэкIэ и пщэ къыдалъхьэурэ Къардэныджи, Къызыл-Тогъаи, Къущхьэхъуи еуалӏэу колхозым иӀыгъа щӏыгухэр ирагъэлэжьащ абы. И Iэгуфэм щӏэмыкIауэ, зытемыувауэ Хъумэрэ и Iэхэлъахэм зы щӀы кӏапи щыбгъуэтынкъым. Езыр апхуэдизымкIэ къы зэрыгуэкI бзылъхугъэщи, ауи гурыщхъуэ зыхууигъэщIкъым и щхьэм темылъ трилъхьэну, IуэхуфIу зэфIихам тепсэлъыхьыну хэту. Сэращи, схуэущэхукъым икIи сыущэхунуи сыхуейкъым абы цIыхугъэрэ дахагъэу дэслъэгъуар утыку сымыщIу.
Къэрэшейхэр ягъэзэхуэжу къыщагъэкIуэжам, Дыгъужь Исмэхьил зиIэту еханэ шахтымкIэ (нобэкIэ Малокурганнэ жылагъуэм) Iэпхъуэну унафэ къихьащ: «Мы унэр зея къэрэшей унагъуэм къигъэзэжу зэхэсхащи, хамэ жьэгур къэдгъанэу дыдей зэдгъэпэщыну игъуэщ», — жиIэри. Еханэ шахтым дэт классий еджапIэм Розэ щыщӏагъэтӏысхьэм къыжраӏащ: «Адыгэбзэр щытепщэ еджапIэм укъызэрикIам папщIэ, ещанэ классым ухэсами, етӀуанэм укъедгъэкIуэтэхыу уеджэжын хуеинущ». Зы махуэ гуэрым, ебланэ классым хэс Розэ къыхуозэ адыгэ уэрэд дахэхэр ину жаIэу хьэблэм къыдыхьэжа хъыджэбздэс губгъуэрылажьэхэр. И анэм ещхь хъуну хъуапсэ пщащэ цIыкIум и гъащIэр а напIэзыпIэм зэрыщыту ихъуэжат. Мо илъэгъуа уэрэджыӏэхэм къагъэбырсеяуэ, хузэмыгъэзахуэу къэнат абыхэм я гъусэу губгъуэм дэкӏыну зэрыхуейр и анэм зэрыжриӏэнур.
Дапщэрэ къешхыда и пхъум Кулистан: «А си дыщэ, еджэ, зы IэщIагъэ гуэр зэгъэгъуэти, итIанэ улэжьэнщ», — къыжриIэурэ. АрщхьэкIэ едэӏуакъым, пасэу лэжьыгъэм зритри игъэунэхуащ уи щхьэрэ уи унагъуэрэ ппIыжыным уасэу щIэптыр. Розэ конденсаторхэр щащIу Карачаевск дэт заводми Iутащ, Хъумэрэ и дапIэ фабрикэми цIыхухъу джанэхэр иду щылэжьащ. Абы и щхьэгъусэ тхьэмыщкӀэ Хьудрэ езымрэ зэдэпсэуащ илъэс 48-кIэ, къащӏэхъуащ зыпхъурэ къуитӏрэ: Майе, Руслан, Сулътӏан сымэ. Хьуд илъэс щэныкъуэм нэблагъэкIэ колхозым трактористу хэтащ. «Губгъуэрылажьэу узэрыщыта илъэс къомым сыт къыуатар щIэныгъэ нэхъыщхьэу?» — жысIэу Розэ сыщеупщIым, жьантIэм дэса Барисбий псалъэр ищтэри: «Розэ и лэжьыгъэращ и Академиер.
Ищхьэ щIэныгъэ къыздыщIах еджапIэ ар щIэмысами, зэхущытыкIэ пэжымрэ гуащIэдэкI къабзэмрэ я мыхьэнэр къыгурызыгъэIуа гъащIэ дахэ къызэпичыфащ абы. Розэ губгъуэм къехыжу лэжьэным тезыгъэгушхуа хъыджэбзхэм зыхашэри, уэрэд ядыжиIэ хуэдэурэ тракторым теса Хьуд зыдригъэхьэхащ и макъ дахащэкIэ, и Iэдэбыфӏагъымкӏэ», — жиIащ Барисбий Iэнэм щысхэр дигъэдыхьэшхыу, и блэкӏам къыхуигъэушыжа гукъэкӏыжхэмкӏэ дигухэр игъэхуабэу. Сыт щыгъуи зыгуэр зыщIэу есам щысыныр и хьэлкъым. Розэ и унагъуэ хадэри елэжь, и джэд-къазхэри егъэбагъуэ, а илэжьу щытахэмкIэ и гур мапхъэ зэпыт, и махуэхэр хуэгъакӏуэкъым Iуэхуншэу. Тхьэм апхуэдэу иджыри куэдрэ щигъэт!
ЛЫХЬ Тимур
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.