ФIыуэ флъагъухэр зыщывмыгъэгъупщэ

Новеллэ

Хьэмыщэ фIэфIт и благъэ дадэмрэ нанэмрэ щIэупщIакIуэ яхуэкIуэну, уэршэру ябгъэдэсыну. «ЩIэупщIакIуэ» щыжиIэкIэ, ахэр сымаджэу аратэкъым. Тхьэм и шыкуркIэ, ахэр узыншэт, лъэрытетт, я щхьэ Iуэху ящIэжыфт, я бынхэмрэ абыхэм къалъхужахэмрэ ящыгуфIыкIыу, зи дэкIуэгъуэр дагъакIуэу, зи къэшэгъуэм кърагъашэу псэут. Хьэмыщэ иужэгъутэкъым, куэд къэзыгъэщIа, куэд зылъэгъуа мы цIыху лъагъугъуафIэхэр.  Езы лIыжь фызыжьри къыщыгуфIыкIт, ямыгъэхамэу, я бын дыдэхэм хабжэу. Илъэс куэдкIэ Европэм щыпсэуа Хьэмыщэ и благъэхэр зэримылъагъум пэгъубжэ ищIауэ къэкIуэжат.

Мы лIыжь – фызыжьыр апхуэдизу игу къэкIти, и машинэр къигъэувыIэу, гъуэгубгъу дыдэм Iут пщIантIэ нэIуасэм дэмыхьэу блэкIтэкъым.

Мис, зы махуи пщIантIэ куэбжэр зэрыIуихым хуэдэу, IэплIэ къуэрагъкIэ къыпежьащ илъэс 68–рэ хъуауэ я псэр зы чысэм илъу зэдэпсэу дадэ Алийрэ нанэ Мэтинэрэ. Сэлам – чэламыр зэфIэкIа нэужь, зэрахабзэу, щетIысэхащ унэ щIыхьэпIэм и гъунэгъуу щыт тетIысхьэпIэ щабэм. Хьэмыщи, зэресауэ, зигъэгъунэгъуащ дадэм нэхъыфIу зэхэзых и тхьэкIумэ сэмэгумкIэ. Илъэс 93–рэ зи ныбжь Алий псори фIэгъэщIэгъуэнт, ар къыщIэупщIэт хамэ къэралхэм цIыхухэр зэрыщыпсэум, абыкIэ адыгэхэр щыIэмэ. Хьэмыщи къиIуэтэжт илъэгъуахэр.

Дадэ Алий, а псори зэрыфIэфIыр и нэгум иплъагъуэу, и щхьэр ищIу, къыщIодэIу хамэ къэралхэмрэ лъэпкъхэмрэ ятеухуа хъыбархэм. КъоувалIэ чеххэм я сырэм хуэдэ дунейм зэрытемытым, игъэщIагъуэкъым абыхэм сырэр псым хуэдэу зэрырафыр, апхуэдэ къабзэу, игу къыщIеубыдэ чеххэм хьэхэр фIыуэ зэралъагъур, егъэщIагъуэ Прагэ зы хьэ хьэулеи зэрыдэмытыр. ЖеIэ адыгэхэми хьэр сыт щыгъуи фIыщэу зэралъагъур, унагъуэм щыщу къызэралъытэр: «Дэ ди сабийхэми хьэ хужь цIыкIур ваннэм ирагъэтIысхьэурэ, сабынкIэ, уеблэмэ шампункIэ ягъэпскI…».

Зи цIэ жаIэр бжэщхьэIу тетщ, зэрыжаIэу, зи гугъу ищI хьэ цIыкIур хадэмкIэ къожыжри пщIантIэм къыдолъэдэж.

ИгъащIэми и нэIуэсам хуэдэу, Хьэмыщэ и куэщIым къопкIэ, зыщеIуантIэ, зыщешантIэ, сабийм хуэдэу щоджэгу, и лъакъуэхэр и дамэм къытрелъхьэри, къопэм, къобзей. Мыр сыт телъыджэлажьэ, мыр сыт псэущхьэ IэфI, псэм дэщIа? ЦIыху сабийм хуэди… Хьэ цIыкIур Хьэмыщэ и куэщIым ипкIыжу, жаIэм къедэIу хуэдэ я пащхьэм къитIысхьэжа нэужь, хьэщIэм и гупсысэхэм къеджа нэхъ умыщIэну, Алий къыхурегъажьэ мы хьэ хужь цIыкIум и хъыбарыр. Мы псэущхьэ гуапэр езыхэм яйкъым,  къэралхэмрэ лъэпкъхэмрэ ятеухуа хъыбархэм. КъоувалIэ чеххэм я сырэм хуэдэ дунейм зэрытемытым, игъэщIагъуэкъым абыхэм сырэр псым хуэдэу зэрырафыр, апхуэдэ къабзэу, игу къыщIеубыдэ чеххэм хьэхэр фIыуэ зэралъагъур, егъэщIагъуэ Прагэ зы хьэ хьэулеи зэрыдэмытыр. ЖеIэ адыгэхэми хьэр сыт щыгъуи фIыщэу зэралъагъур, унагъуэм щыщу къызэралъытэр: «Дэ ди сабийхэми хьэ хужь цIыкIур ваннэм ирагъэтIысхьэурэ, сабынкIэ, уеблэмэ шампункIэ ягъэпскI…».

Зи цIэ жаIэр бжэщхьэIу тетщ, зэрыжаIэу, зи гугъу ищI хьэ цIыкIур хадэмкIэ къожыжри пщIантIэм къыдолъэдэж. ИгъащIэми и нэIуэсам хуэдэу, Хьэмыщэ и куэщIым къопкIэ, зыщеIуантIэ, зыщешантIэ, сабийм хуэдэу щоджэгу, и лъакъуэхэр и дамэм къытрелъхьэри, къопэм, къобзей. Мыр сыт телъыджэлажьэ, мыр сыт псэущхьэ IэфI, псэм дэщIа? ЦIыху сабийм хуэди… Хьэ цIыкIур Хьэмыщэ и куэщIым ипкIыжу, жаIэм къедэIу хуэдэ я пащхьэм къитIысхьэжа нэужь, хьэщIэм и гупсысэхэм къеджа нэхъ умыщIэну, Алий къыхурегъажьэ мы хьэ хужь цIыкIум и хъыбарыр. Мы псэущхьэ гуапэр езыхэм яйкъым, къуажапщэм къикIри хьэщIапIэ къахуэкIуащ.

Ауэ дапщэщи здэпсэуар мы пщIантIэращ. Хьэвшыр къэжэпхъа цIыкIуитIыр я гъунэгъум кърахыу къыщыхуахьам цIэи яIэххэт. Зы хьэм къилъхуа пэтми, Самыр хужь цIыкIут, Мырсыт фIыцIабзэт. Хьэвшырхэм балигъхэми сабийхэми гуфIэгъуэу къыхуахьамрэ я гъащIэр щIэщыгъуэ зэрыхуащIамрэ ущIэмыупщIэми хъунущ. Езыхэр сытым хуэдэу фIыуэ зэрылъагъурэт! ЗэкIэрыкIтэкъым, зэгъусэу сабийхэм ящIыгъуу къажыхьт, ядэджэгут. ЗыщагъэпсэхукIи, зэбгъурылъу, пэфыфэу, жейт.

Ауэ хьэвшырхэр нэхъ такъыр щыхъум, зэкIэрачащ. Мис, псори къыгурыIуэ хуэдэ, и нэ губзыгъабзэхэмкIэ къыдэплъу, ди пащхьэм ис хьэ хужь цIыкIур Самыр къуажапщэм щынысэ я пхъум иратащ.

Ауэ хьэ цIыкIухэр итIани зэрыгъэкIуэдакъым. Къызэдалъхуа псэущхьэхэр, цIыхум хуэдэ къабзэу, зэкIэлъыкIуэт, зэрылъагъут. Зэм Мырсыт къуажапщэм дэкIуейти, тхьэмахуэкIэ Самырхэ я деж щыIэт, итIанэ къэкIуэжт. Е Самыр Мырсыт деж лъагъунлъагъу къуажэкIэм къехти, ари махуэ зыбжанэкIэ щыIэт. Хьэхэр сабийхэм ядэджэгут. Зэман гуэр текIмэ, куэбжэмкIэ еплъэкIыу щIидзэти, Самыр къуажапщэм дэжеижт, е сабийхэр къехти, драшеижт.

МыдэкIэ къэна Мырсыти и къуэшым хуезэшу къыщIэкIынт, куэбжэм къыдэжурэ, гъуэгум телъадэт, машинэ блэжхэм якIэлъыбанэт. МыдэкIи гузавэхэт, машинэхэм щIэхуэмэ, жаIэти… Къуажэ уэрам нэхъыщхьэм иджы машинэ куэд щызожэ… А щIыкIэм итурэ екIуэкIащ, зыщышына дыдэр къащыщIыху. Зы махуэ гуэрым хьэ фIыцIэ цIыкIур машинэ блэжым здебэным, мыдрей лъэныкъуэмкIэ къакIуэ машинэм щIэхуэри иукIащ.

А махуэ дыдэм, и псэм ицIыхуа хуэдэ, Самыр къуажапщэм нэгъунэ къижри, къежэхащ. Ауэ и къуэш цIыкIур игъуэтыжакъым. И мэр пщIантIэм къыдэнат, ауэ езыр щыIэжтэкъым… Тхьэмахуэ нэхърэ нэхъыбэкIэ дэтащ, къэхъуар къыгурымыIуэу. Мырсыт къыщилъыхъуащ унэ пэшхэми, пщIантIэми, Iуэми, хадэми. Ауэ ажалыр гущIэгъуншэщ, хэт ищIэрэ ар хьэхэм къагурыIуэрэ къагурымыIуэрэ… Самыр нэщхъейуэ, сабийхэм ядэджэгунуи гукъыдэж имыIэжу, и пащхьэ кърагъэувэ хьэIусми хэмыIэбэу, махуэ зыбжанэкIэ пщIантIэм дэсащ. ИужькIэ щэхуу дэкIуэсыкIыжри, къуажапщэм дэкIуеижащ.

Куэдрэ къыкъуэкIакъым. Сабийхэри, хьэ  цIыкIум хуезэшауэ, яхуэхьыжтэкъым. Зыгуэр къыщымыщIащэрэт… КIэлъыгъуэзахэщ. Ялъэгъуащ и напIэ къимыIэту унэ шындэбзийм зэрыщысыр. Дунейр зэрижагъуэр къагурыIуэри, и гугъу ямыщIу, бгъэдэмыхьэу къэкIуэжахэщ.

Мазэ хуэдиз текIа нэужь, Самыр езыр къэкIуащ. Мыр сыт гъуабжэгъуэщ дахэ! Нэжэгужэу къежыхь, сабийхэм аргуэру ядоджэгу.

Зыри къэмыхъуам хуэдэщ… Ажалыр гущIэгъуншэщ, ауэ гукъеуэ лейри гуэныхьщ.

Хьэхэм ар къагурымыIуэми, а псэущхьэ Iущхэр егъэлеиныгъэр зыфIэмыфI гъащIэм и хабзэхэм тету псэууэ къыщIэкIынщ… Ауэ псоми гу лъатащ Самыр имыIа щэн гуэр къызэрищтам. Зэзэмызэ мэтIысри, нэщхъейуэ щысщ. ЩыжейкIэ къыхощтыкI, къыхопщIэукI. Зыдэджэгуу, зыдэшхэу, зыдэхьэкъувэкъуу щыта и къуэш цIыкIур игу къэкIыжу къыщIэкIынщ.

Дадэ Алий къыхуиIуэтэжа хъыбар гуузым иужь Хьэмыщэ Самыр цIыхуфэ ириплъащ, абы и нэ губзыгъэхэм Мырсыт и сурэтыр къащIэщу къыщыхъуащ… Къэтэджри, и щхьэм Iэ дилъащ, езыри къыщыгуфIыкIыпэу, къебзеящ, и кIэ бацэр къыхуигъэджэгуащ… «ГъащIэм адэкIэ пещэ, ауэ фIыуэ флъагъухэр зэгуэрми зыщывмыгъэгъупщэ», — жиIэм  хуэдэт…

ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *