Ем зэгъусэу пэувыр токIуэ

Республикэ прокуратурэм «Iэнэ хъурей» гъэпсыкIэм иту зэIущIэ щекIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ Iулъхьэм бэнэныгъэ дегъэкIуэкIыным хуэгъэзауэ хабзэхъумэ къулыкъухэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуар къызэщIэкъуэжыным. ЗэIущIэм ирагъэблэгъащ Урысейпсо ЦIыхубэ Фронтым и хэгъуэгу къудамэм, Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ КъЧР-м и Iэтащхьэм деж щыIэ Купсэмрэ Жылагъуэ палатэмрэ я лIыкIуэхэр, хъыбарегъащIэ Iэмалхэм я лэжьакIуэхэр.

Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ хабзэ зэхэтыкIэр зэрагъэзащIэр нэIэм щIэгъэтыныр зи пщэрылъ, республикэм и прокурорым и дэIэпыкъуэгъу нэхъыжь Боташев Радмир хабзэхъумэ къулыкъущIэхэм Iуэхуу зэфIахам зэхэгъэкIауэ къытепсэлъыхьащ. Мы гъэм и япэ мазищым прокурорхэм къыщIагъэщащ Iулъхьэм епха хабзэкъутэныгъэ 950-м щIигъу, ахэр ягъэкIуэдын я мураду прокурорхэм къратхыкIащ акт тхылъ 400-м нэблагъэ. IэнатIэ зэхуэмыдэхэм пэрыт нэрыбгищэм нэхърэ нэхъыбэр гъэсэныгъэ, административнэ жэуаплыгъэхэм ирашэлIащ икIи республикэм и хьэкумхэм тхьэусыхэ тхылъ 12 щIалъхьащ. Къэрал хабзэхэм япкъ иту, прокурорхэм я мыарэзыныгъэкIэ, Iулъхьэ къэзыгъэхъункIэ шынагъуэ мардэ тхылъу 67-рэ зэрагъэзэхуэжащ. Къэрал, муниципальнэ къулыкъухэм хабзэ зэхэтыкIэр зэрагъэлажьэм, бюджет хабзэ зэхущытыкIэхэр зэрагъэзащIэм, къэралым, муниципалитетхэм я мылъкухэр къызэрагъэщхьэпэмрэ цIыхухэм хуэIухуэщIэ зэрырагъэгъуэтымрэ щIаплъыкIкIэрэ, прокурорхэм сэтей къащIащ IулъхьэмкIэ зи цIэр хэутэн зыщIахэр.

Боташев Радмир и къэпсэлъэныгъэм къызэрыхигъэщамкIэ, республикэм унафэщI IэнатIэ лъагэ щызыIыгъхэм, и муниципальнэ къулыкъущIэхэм яхэту къыщIэкIащ фIэкIыпIэ имыIэу гъэзэщIапхъэ пщэрылъхэм емыплъу, хабзэм ебэкъуахэр. Апхуэдэхэм, къэралым къатрихри и хэхъуэ мылъкум хибжащ сом мелуани 182-м щIигъу. Прокурорым и дэIэпыкъуэгъум дыщигъэгъуэзащ зэхэгъэкIакIуэ къулыкъухэм коррупцэ и лъэныкъуэкIэ уголовнэ Iуэхуу къаIэта 34-рэм щыщу 9-р Iулъхьэ зытахэм яхьэлIауэ зэрыщытым, иджыпстукIэ цIыху 13 зыхэшытIа уголовнэ Iуэху 11-м хеящIэхэр зэрыхэплъэм. Мы дауэдапщэм хэтахэм нэхъ зыгъэпIейтейуэ яIа упщIэхэм щрипсалъэм, икIэм-икIэжым зыхуэкIуар аращи, гъерэтыфIэу, щIэгъэхуэбжьауэ Iулъхьэ тыным адэкIи узэрыпэщIэт хъун хэкIыпIэфI гуэр щыIэу къэзылъытэм, и гупсысэхэр имыущэхуу, хабзэхъумэ къулыкъухэм, жылагъуэ Iуэхузехьэхэм, уеблэмэ журналистхэм яхъуажэмэ нэхъыфIщ, Iулъхьэ зезыгъакIуэхэр нэхъ псынщIэу я хьэкъ зэрыIуагъэщIэнум хуэдэу.

ЛЫХЬ Тимур


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *