Домбай зыгъэпсэхупIэм щызэхэтащ Ищхъэрэ-Кавказ федеральнэ хэгъуэгумрэ КъэрэшейЧеркес Республикэмрэ щылажьэ егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэм яхуэгъэза «Профсоюз+Молодость+Образование=Успех» зи фIэщыгъэцIэ хэгъуэгузэпх форумыр. Ар — егъэджэныгъэмкIэ Урысейпсо Профсоюзым и республикэ организацэм къызэригъэпэща Iуэху щхьэпэщ. Форумым къызэхуишэсащ зи Iуэхум дихьэха, хэгъуэгу псом къыбгъэдэкIа егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэр. Мыбдеж щызэхуэзащ щIалэгъуэм и къарумрэ нэхъыжьыгъэм и Iуэху зэхэщIыкIымрэ.
Мыпхуэдэ утыкухэм деж егъэджэныгъэм и фIагъыр хэзыгъахъуэ гупсысэщIэхэр къыщохъей, проектыщIэхэр къагъэщI хабзэщ. ЕгъэджакIуэ ныбжьыщIэхэр фIэхъускIэ кърагъэблэгъащ КъЧР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ и министр Кравченко Иннэ, егъэджэныгъэмкIэ Урысейпсо профсоюзым и Къэрэшей-Черкес Республикэ организацэм и унафэщI Караевэ Маринэ, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) щIэныгъэмкIэ, егъэджэныгъэмкIэ, щэнхабзэмрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмрэкIэ и Комитетым и унафэщI Черняевэ Татьянэ, Ищхъэрэ-Кавказ федеральнэ хэгъуэгум и профсоюз организацэхэм я лIыкIуэхэр. Форумым и япэ Iыхьэм егъэджакIуэхэм я IэщIагъэ зэхэщIыкIым хэгъэхъуэным, гъащIэ узыншэ щытыкIэм тетыным, я IэщIагъэ гукъыдэжыр къэIэтыным хуэгъэза лекцэхэмрэ зэпсэлъэныгъэхэмрэ ирагъэкIуэкIащ. Абыхэм къыщаIэтащ егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ хуэгъэза бгъэдыхьэкIэщIэхэм теухуа упщIэхэр, егъэджакIуэхэр я IэщIагъэ гъэунэхуныгъэхэмкIэ зэхъуэжащ, зэрызэдэлэжьэну Iэмалхэр ягъэнэIуащ. Егъэджэныгъэ Iуэхум къыдэкIуэу форумыр утыку хьэлэмэт хъуащ цIыхухэм я зэкъуэтыныгъэр къэгъэлъэгъуэнымкIэ.
КъЧР-м и Парламентым, СВО и ветеранхэм я Ассоциацэм, республикэм и еджакIуэхэм, егъэджакIуэхэм, адэ-анэхэм, профсоюз организацэм хэтхэм къагъэлъэгъуащ СВО-м щыIэ ди зауэлIхэм зэракъуэтыр гуманитар дэIэпыкъуэгъуи абыхэм яхуэхъуащ. 34-нэ гвардейскэ мотострелковэ бригадэм хэт зауэлIхэм къабгъэдэкIыу фIыщIэ хуащIащ псапащIэ Iуэхум хэт, ди республикэм щыпсэу дэтхэнэми. Абыхэм къыхагъэщащ апхуэдэ гулъытэмрэ зэхэщIыкIымрэ къэрал пщэрылъхэр гъэзэщIэнымкIэ зауэлIхэм къарурэ фIэщхъуныгъэрэ къазэрыхилъхьэр. Домбай щекIуэкIа форумым щIэныгъэкIэ, Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэхэмкIэ зэрызэхъуэжам къинэмыщIауэ, егъэджэныгъэм зегъэужьынымрэ жылагъуэ дэIэпыкъуныгъэмрэ хуэгъэза къыхэлъхьэныгъэщIэхэр зыщыкуэд утыкуу щытащ. Зэхыхьэр къызэзыгъэпэщахэр щогугъ а махуэм къаIэта Iуэхугъуэхэр проектыщIэхэм, программэщIэхэм хуагъэкIуэжыну, я IэщIагъэ зэпыщIэныгъэр игъэбыдэну.
Зыгъэхьэзырар БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.