Дзыхьыр бгъэпэжыным

Урысейм и Президент Путин Владимир видеозэпыщӀэныгъэкӀэ ядэпсэлъащ хэгъуэгухэм я унафэщӀу хахахэм.

Урысейм и Президент Путин Владимир видеозэпыщӀэныгъэкӀэ ядэпсэлъащ хэгъуэгухэм я унафэщӀу хахахэм. дзыхьыр бгъэпэжыным, унафэщӀхэр уи гъусэу, цӀыхухэм я сэбэп зыхэлъ Ӏуэхухэр блэжьыным, абыхэм я гугъапӀэхэмрэ хъуэпсапӀэхэмрэ сыт щыгъуи зэхэпхыным, абыкӀэ хэгъуэгухэм я парламент хэм къыщыгъэлъэгъуа фракцэхэми, жылагъуэ, волонтёр зэгухьэныгъэхэми зэпсэлъэныгъэ ядебгъэкӀуэкӀыным. ИкӀи, дауи, къэрал унафэщӀ ӀэнатӀэм щылажьэ псом дежкӀи нэхъыщхьэу щытын хуейр зауэ операцэ хэхам ди зауэлӀхэм щызэрахьэ быдагъэмрэ лӀыгъэмрэщ.

Властым, бизнесым, цӀыхубэ зэгухьэныгъэм я къарур зэхэтлъхьэу зэфӀэдгъэкӀыпхъэ ди зэхуэдэ къалэнщ къэралым и щхьэхуитыныгъэр нэхъри гъэбыдэныр. Нэхъыщхьэу, фӀыщӀэ хуэсщӀыну сыхуейщ Путин Владимир Владимирович дзыхь къыдигъэзам папщӀэ! Ар пщӀэшхуэщ икӀи абы къыдэкӀуэу ди къэралым, дыкъыздэхъуа КъэрэшейЧеркесым, абы щыпсэу дэтхэнэ зыми я пащхьэм жэуаплыгъэ ин щыдиӀэщ», — социальнэ зэпыщӀэныгъэхэм щитхащ ди республикэм и Ӏэтащхьэм. ЗэӀущӀэм ипкъ иту ди къэралым и Президентым къигъэлъэгъуащ хэгъуэгухэм я унафэщӀхэм я пащхьэ къит къалэн нэхъыщхьэхэр.

Гулъытэ хэха хуищӀащ цӀыхухэм зэпымыууэ епсэлъылӀэу, абыхэм я лъэӀухэмрэ гукъыдэжхэмрэ зэхахыу, жэуапхэри иратыжу лэжьэн зэрыхуейм, лъэпкъ проектхэмрэ зыужьыныгъэмкӀэ программэ нэхъыщхьэхэмрэ зэрагъэзащӀэр езыхэм я нэӀэ зэрытрагъэтыпхъэм. Щхьэхуэу Путин Владимир къыхигъэщащ зауэ операцэ хэхам хэтхэмрэ абы и ветеранхэмрэ защӀэгъэкъуэным мыхьэнэшхуэ зэриӀэр, ди хъумакӀуэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ гъащӀэм зыщыпэщӀэхуэ сыт хуэдэ щытыкӀэми набдзэгубдзаплъэу бгъэдыхьэн зэрыхуейр.

Апхуэдэуи, игъэбелджылащ СВО-м хэтахэмрэ абы и ветеранхэмрэ мамыр гъащӀэм хэзэгъэжынымкӀэ Ӏэмалхэр къызэгъэпэщыным мыхьэнэшхуэ зэриӀэр. «Къалэн псом хуэдэу, дэри ахэр дяпэкӀэ дызэлэжьынум и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэщ. Къэрэшей-Черкесым щыпсэухэм къабгъэдэкӀыу фӀыщӀэ хуэсщӀыну сыхуейщ Урысейм и Президентми къэралым и Правительствэми ди республикэм гулъытэ зэпымыууэ къызэрыхуащӀым, къызэрыддэӀэпыкъум папщӀэ. Федеральнэ, хэгъуэгу унафэщӀхэр зэрызэдэлажьэм и фӀыгъэкӀэ, КъЧР-м щагъэзащӀэ цӀыхухэм я псэукӀэр езыгъэфӀакӀуэ Ӏуэхугъуэшхуэхэр социальнэ, экономикэ, инфраструктурэ, егъэджэныгъэ, узыншагъэр хъумэн ӀэнатӀэхэм деж. ДяпэкIи къалэн куэд къытпэщылъщ. Федеральнэ купсэм и дэӀэпыкъуныгъэкӀэ икӀи Къэрэшей-Черкесым щыпсэухэм зэпымыууэ дайпсалъэурэ республикэм адэкӀи зегъэужьыным, абы и экономикэ, социальнэ лъэкӀыныгъэхэр гъэбыдэным зэкӀэлъыкӀуэу делэжьынущ», — къыщӀигъужащ ди хэгъуэгум и лӀыщхьэм.

Зыгъэхьэзырар ЕЗАУЭ Маринэщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *