Дызэкъуэзыгъэувэ ди нып удзыфэ!

Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэ лъэпкъым «Хасэ» жыхуэтIэ Iэмалыр къыдогъуэгурыкIуэ. Нобэ лъэпкъыр зэбгрыдзауэ зэрыпсэум къыхэкIыу, апхуэдэ Хасэхэр адыгэхэр здэпсэу щIыпIэ псоми щыIэщ. Уеблэмэ ахэр нэхъыжь нэхъыщIэкIи гуэшауэ урохьэлIэ.

Апхуэдэщ КъэрэшейЧеркес Республикэри. Абы нэхъ ныбжь зиIэхэр зыхэт Хасэм къинэмыщIауэ, ныбжьыщIэхэр зэкIуалIэ «ЩIалэгъуалэ Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэщIэхъееныгъэри щыIэщ. Ар илъэс 19 хъуауэ лъэпкъым и щэнхабзэр, хабзэхэр хъумэным и ужь итщ…

Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2018 гъэм щыщIэдзауэ щIалэгъуалэ Хасэм и тхьэмадэм и IэнатIэм Къантемыр Арсенщ пщIэрэ щIыхьрэ иIэу пэрытыр.

Мы ныбжьыщIэ гупыр илъэс куэд хъуауэ адыгэм къыдэхьэлIа махуэ хэIэтыкIа псори, гулъытэншэу къамыгъанэу, къызэрыхагъэщхьэхукIыным хущIокъухэ. Апхуэдэу абыхэм концертхэр, фестивалхэр, пэкIухэр, джэгухэр къызэрагъэпэщ.

Дауи, ныпым и Махуэм ахэр лъэныкъуэгъазэу къанэкъым. Абыхэм, сыт щыгъуи хуэдэу, мы махуэщIыр хэIэтыкIарэ адыгэ лъэпкъым щыщ псори иригушхуэу, я щхьэр лъагэу яригъэлъагъужу къызэрызэрагъэпэщынум хущIокъу.

Мы махуэшхуэм Хасэм хэт щIалэгъуалэм концертышхуэрэ хабзэм тет джэгурэ «ХытIыгу щхъуантIэ» зи

фIэщыгъэцIэ щэнхабзэмрэ зыгъэпсэхупIэмрэкIэ паркым щызэхаублащ.

Апхуэдэу, лъэпкъым и дамыгъэ нэхъыщхьэр гъэлъэпIэным теухуа концертым хэтащ Унэж МуIэед, ТхьэкIумашэхэ Русланрэ Расулрэ, «Черкесия», «Ашэмэз», «Синдика» къэфакIуэ, уэрэджыIэ ансамблхэр, Мэремкъул Ачар, Мамхэгъ Каринэ, нэгъуэщIхэри. Концертым икIэм «Дэ адыгэм ди хабзэр аращ» уэрэдыр артистхэми амфитеатрым еблэгъахэми псэр игъэгуфIэу зэдыжаIащ.

Зэрыхабзэщи, адыгэ джэгум къафэжь псори къащIа нэужь, УджкIэ зэхуащIыжащ. ДжэгуакIуэу щытар ныбжьыщIэхэр адыгэ къафэм хуезыгъасэ Адэмокъуэ Ахьмэдщ.

ЩIалэгъуалэ Хасэм и тхьэмадэм къызэрыхигъэщащи, адыгэ ныпым и Махуэр — ар дэнэ щыпсэу адыгэри дызэзышалIэ, зы лъапсэ зэрыдиIэр къэзыгъэлъагъуэ махуэшхуэщ. — Ныпым и Махуэр щыдгъэлъапIэкIэ, абы и тхыдэри, ар зэрызехьапхъэри, абы лъэпкъымкIэ мыхьэ-

нэуэ иIэри щIэблэм гурыдгъэIуэным дыпылъщ. АтIэ, лъэпкъ ныпым пщIэ хуэзыщIым и лъэпкъми нэгъуэщI лъэпкъхэми пщIэ яхуищIыфу мэпсэу. Аракъэ цIыхугъэм лъабжьэ хуэхъужри. Лъэпкъыр зэлъыкъуэзыгъэувэ ди нып удзыфэм и МахуэмкIэ дэтхэнэми сывохъуэхъу! — жиIащ Къантемырым.

КъинэмыщIауэ, щIалэгъуалэм и Хасэм и тхьэмадэм къыхигъэщащ а махуэм Дагъыстаным къикIауэ хьэщIэ гуп махуэщIым зэрыхэтари.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, Хьэбэз районымрэ Дагъыстаным хыхьэ Кизилюрт районымрэ зэныбжьэгъугъэ, зэкъуэшыныгъэ яку дэлъщ. Куэд щIакъым, 2024 гъэм и фокIадэ мазэм, Хьэбэз районым щыщ лIыкIуэ гуп Дагъыстаным зэрыщыхьэщIэрэ. Апщыгъуэращ районитIым яку зэкъуэшыныгъэ зэрыдэлъымкIэ зэгурыIуэныгъэ щызэращIылIари. Иджы чэзур дыдейти, хьэщIэхэр ди лъэпкъ махуэщIым техуэу кърагъэблэгъауэ аращ.

ЖыIэпхъэщ апхуэдэ зэгурыIуэныгъэм щхьэусыгъуэ хуэхъуари: илъэс 50-м щIигъукIэ узэIэбэкIыжмэ, Кизилюрт районым щыIа курыт еджапIэр щIыр хъейри зэхигъэщэщауэ щытащ. 1970 гъэм Хьэбэз районым щыщ адыгэхэр апщыгъуэм мыгъуагъэ къызылъыса дагъыстанхэм пщIэншэу еджапIэр зэфIэгъэувэжынымкIэ ядэIэпыкъуауэ щытащ… Ди фIэщ мэхъу гупсысэ узыншэ, лъэпкъым хуэгумащIэ ныбжьыщIэ щыщыIэкIэ, адыгэ лъэпкъым къэкIуэну дахэ зэриIэр, ар иджыри мы дунеижьым темыкIуэдыкIыу и хабзэ, и щэнхабзэ зэрихьэу зэрытетынур.

Я мурад дахэ псори щIэблэм Тхьэм къадигъэхъу


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *