Дохутыр амбулаторэхэр

КъЧР-М И ЦIЫХУБЭ ФРОНТЫМ зэпымыууэ щIеплъыкI республикэ къэухьым щаухуэ социальнэ
IуэхущIапIэхэр. Апхуэдэу, 2024 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм ехъулIэу дохутыр амбулаторихым я ухуэныгъэхэр зэлъэщIагъэхьэн хуеящ. Ауэ, проектхэр оптимизацэ зэращIам, халъхьэну ухуэныгъэ пкъыгъуэхэм я уасэр зэрыхэхъуам, бюджетыр лъэныкъуэ-лъэныкъуэкIэ зэбграгъэкIын къазэрыхудэхуам къыхэкIыу, щаухыну пIалъэхэри ягъэкIуэтэн хуей хъуащ. Республикэм и Iэтащхьэм хэгъуэгум и бюджетым сом мелуан 64,2-рэ гуэдзэу къыхухигъэкIащ а ухуэныгъэхэр 2025 гъэм зэлъэщIагъэхьэн папщIэ.
Апхуэдэу, мэкъуауэгъуэ мазэм ехъулIэу:

— ухуэныгъэу хъуам – лэжьыгъэ щокIуэкI, Iуэхухэр мэкIуатэ.
— Счастливое жылагъуэм дэт амбулаторэм и унащхьэм псы къыпхыкIыу къыщIагъэщащ, абы
къыхэкIыу блынхэм, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ гъуэтэныгъэ къищтащ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи,
Счастливое жылагъуэм дащIыхь дохутыр амбулаторэр яухуэ «Модернизация первичного звена здравоохранения Российской Федерации» федеральнэ проектым ипкъ иту.
НобэкIэ жылагъуэдэсхэми, гъунэгъу къуажэхэм щыпсэухэми — ахэр цIыху минитхум зэрынохьэс, дохутыр дэIэпыкъуныгъэр здыщагъуэтыр жьы дыдэ хъуа сымаджэщым дежщ.
КъЧР-м ухуэныгъэмрэ ЖКХ-мрэкIэ и Министерствэм (ООО «ДКБ-строй») подрядчикым тезыр иригъэтащ зыхуагъэувыжа пщэрылъхэр и чэзум зэрамыгъэзэщIам къыхэкIыу.
НобэкIэ жыджэру екIуэкI лэжьыгъэхэр ОНФ-м и нэIэм щIэтщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *