А махуэм къегъэлъагъуэ ди лъэпкъым и пабгъэныгъэ къэмыланджэжымрэ и лъэщагъымрэ. Абы цIыхухэр зэкъуегъэувэ сыт хуэдэ зэмани, сыт хуэдэ шынагъуэхэр къыщыкъуэкIкIи, хуеунэтI къыздалъхуа щIыналъэм и хуитыныгъэмрэ и мыхьэнэмрэ хъумэным. Зэхэвэзэхэжьэ щыщыIа лъэхъэнэм и лъэпощхьэпохэм япэлъэщыным дэ дыкъызытекIыжахэр зэрызэкъуигъэувам и тхыдэ щапхъэм ноби дытрегъэгушхуэ иджырей зэманым и шынагъуэхэр къызэнэкIыным. Нобэ а зэрыIыгъыныгъэр нэрылъагъу щохъу зауэ операцэ хэхам хэт ди зауэлIхэм я щыпкъагъэмрэ я лIыгъэмрэ.
Абыхэм я адэшхуэхэмрэ я адэжьхэмрэ Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм зэращIам хуэдэу, нобэ Iэщэр я Iэдэжу щIозэу тхыдэм и пэжым, Урысей Федерацэм и мыхьэнэмрэ абы и цIыхухэм я шынагъуэншагъэмрэ, ерыщу пэщIэтщ неонацизмэм. Абыхэм я лIыхъужьыгъэр — цIыхубэ ополченэм и хабзэхэр пызыщэщ, ар щыхьэт тохъуэ Хэкум худиIэ лъагъуныгъэмрэ хэкупсагъэмрэ псалъэ къудейуэ щымыту, урысеипсэм и мыхьэнэ зэрыхъум.
Урысей Федерацэм и къарур къыхокI и цIыхубэ лъэпкъыбэм и зэрыIыгъыныгъэм. Щэнхабзэ, дин зэхуэмыдэхэр зезыхьэхэм я лIыкIуэхэр зыщыпсэу ди республикэмкIэ а псалъэхэм хэгъэщхьэхукIауэ мыхьэнэшхуэ яIэщ. Ди зэкъуэшыныгъэр, пщIэ зэрызэхуэтщIыр, ди Хэкум и къэкIуэнумкIэ жэуаплыгъэр зэрызэдэдгуэшыр лъапсэ быдэ хуохъу абы и къэщIэрэщIэныгъэм. Дыхуейщ, ди хэкуэгъу лъапIэхэ, фиIэну псэуныгъэ быдэ, зэIузэпэщ, фи унагъуэхэм – махуэрэ фIыгъуэу щыIэмрэ.
Дэтхэнэ унагъуэми ирелъ зэгурыIуэныгъэрэ берычэтрэ, ди Урысей Федерацэр махуэ къэси ирехъу нэхъ лъэщ! МахуэщIымкIэ! Лъэпкъ зэрыIыгъыныгъэм и МахуэмкIэ!
ТЕМРЕЗОВ Рэшид, Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэ ИВАНОВ Александр, Къэрэшей-Черкес Республикэм и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ АРГУН Мурат Къэрэшей-Черкес Республикэм и Правительствэм и тхьэмадэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.