ЩэкIуэгъуэм и 19-м КъЧР-м хыхьэ муниципальнэ къэхъугъэ къэс щекIуэкIащ #МыВместе Урысейпсо акцэр. СВО-м хэт зауэлIхэм, абыхэм я унагъуэхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъунымкIэ республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид егъэщIылIауэ лажьэ хэгъуэгу Штабым и дэIэпыкъуныгъэкIэ ирагъэкIуэкIащ «Копилка Победы» псапащIэ концертхэр.
Черкесск къалэм акцэр къыщызэрагъэпэщащ щэнхабзэмкIэ Унэм. ИпэкIэ щыIа псапащIэ Iуэхугъуэхэми КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) хэлъхьэныгъэ ин зэрыхуищIам, жыджэру зэрыпыкъуэкIам тету, мызыгъуэгуми акцэм лъэщтэгъушхуэ хуэхъуащ. ПсапащIэ акцэм хэтахэм лъэкIыныгъэ хьэлэмэт яIащ иджыри зэ я дэIэпыкъуныгъэ Iэпэр ди зауэлIхэм хуашиинымкIэ: хуейм и сом такъыр ашычым иридзащ, нэгъуэщIым гуманитар дэIэпыкъуныгъэр здызэхуахьэс щIыпIэ гъэнэIуам ирихьэлIащ, сабийхэм я IэрыщI сурэтхэмрэ псалъэ гуапэхэмкIэ гъэнщIа я тхыгъэхэмрэ ашыч щхьэхуэм ирадзащ. ПсапащIэ концертым къекIуэлIахэм захуигъазэу, республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Агырбэ Зураб жиIащ: — ИкъукIэ гуапэ мэхъу акцэм мыпхуэдиз цIыху къызэрыпэджэжар, псапащIэ концертым мы пэшышхуэм щIэз къызэрекIуэлIар.
Ар иджыри зэ щыхьэт тохъуэ зауэлIхэм дакъуэувэну, защIэдгъэкъуэну дызэрыхьэзырым. Шэч къытесхьэкъым, ТекIуэныгъэр я Iэрылъхьэу, куэд мыщIэу къытхыхьэжынущ ахэр! Къалэм и мэрым къыбгъэдэкIыу къызэхуэсахэм захуигъэзащ мэрым и япэ къуэдзэ Акбаев Ачмэз. — Нобэ ди къалэм, зэрыреспубликэу иджыри зэ игъэлъэгъуащ ди зэкъуэтыныгъэ быдэр. Мыбдеж дыщыIэхэм зэуапIэм Iутхэм ядгъэлъагъун, янэтхьэсын хуейщ быдэу дазэрыкъуэтыр, гукIи-псэкIи дазэрыщIыгъур. КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид къихьа унафэ быдэм теткIэрэ, СВО-р зэрыщIидзэрэ зауэлIхэми я унагъуэхэми мыувыIэу далъогъуазэ, дадоIэпыкъу. Хэти хузэфIэкI хэлъхьэныгъэ хуещI ТекIуэныгъэм. Аракъэ, атIэ, цIыхубэ, къуэш зэкъуэтыныгъэр?! — жиIащ Акбаевым. СВО-м хэта, КъЧР-м и Парламентым и депутат Гусхэ Замир республикэм и Iэтащхьэми, ЦIыхубэ ЗэIущIэми, республикэм щыпсэу псоми фIыщIэ яхуищIащ нобэ зи унагъуэхэм имыс, зэуапIэ хьэлъэр унэ зыхуэхъуа ди щIалэхэм ирагъэгъуэт гулъытэмрэ дэIэпыкъуныгъэмрэ
папщIэ. Къыхигъэщащ ди республикэм хуэдэу а дэIэпыкъуныгъэр здызэпымыу, здэберычэт зэрыгъуэтыгъуейр. — Апхуэдэ щытыкIэм, дэIэпыкъуныгъэ къэс ди зауэлIхэр нэхъри егъэгушхуэ, псэ быдагъэр къахелъхьэ. СВО-м сыкъыщыхэкIыжам, сэри, сэр хуэдэ зауэлIхэри, дегупсыст «сыт иджы тщIэнур, мыпхуэдэ фэбжьхэр ттелъу сытым дыхуэгъэщIа?» Хуабжьу къытщхьэпащ програм мэ, зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Псом япэу къыхэзгъэщынт «Герои КЧР» лэжьапIэ къэгъуэтынымкIэ программэр. СпортымкIэ, щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ, щэнхабзэмкIэ хэгъуэгу Министерствэхэм лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI СВО-м къыхэкIыжа ветеранхэм ягухэр къэIэтыным, IуэхукIэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIауэ икIи, пэж дыдэу, ар хуабжьу сэбэпышхуэ мэхъу, — къызэхуэсахэм ядэгуэшащ Замир. ПсапащIэ пшыхьыр къызэрымыкIуэу гъэнщIауэ, дахэу екIуэкIащ. Балигъхэри, сабийхэри утыкум къихьащ уэрэдхэмкIэ, къафэхэмкIэ. Пшыхьым и кIэух гъуэзэджэ, Iуэхум и джэрпэджэж хъуащ «Кавказ» къэфакIуэ гупым игъэзэщIа, лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр фащэхэмкIэ зыгъэнаIуэ къафэр.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.