«Дэри дыадыгэщ»

Иджы дыдэ зы тхыгъэ гъэщIэгъуэн къытIэрыхьащ. Ар къытхуэзыхьар илъэс 45-м щIигъукIэ адыгэ газетым щылэжьа, пщIэшхуэ зыхуэтщI ди нэхъыжьыфI Къантемыр Тыркубийщ.

Тхыгъэ цIыкIур 2001 гъэм адыгэ газетым тетагъэххэщ. Ауэ дыхуейт ар иджыри зэ къытедгъэзэжыну, къыпэджэж иIэнкIэ дыгугъэу. нуСи ныбжькIэ сыщIалэжкъым илъэс блыщIым сыхэIэбауэ макIуэ. Абы адэкIэ, сыт щыгъуи сыхущIэкъуащ сыкъызыхэкIа адыгэ лъэпкъыр зэрызмыгъэгъуэщэнум икIи си бынхэмрэ абыхэм я быныжхэмрэ я тхьэкIумэм изгъэкIкъым ящIэт лъым иригушхуэн зэрыхуейр. Сэ си адэращ сыцIыкIуу щIидзэу, а псоми сыщIэзыпIыкIар, ицIыхуж хъыбархэм сащIигъэдэIукIэрэ.

Адэм зэрыжиIэжамкIэ, си адэшхуэ Черкесов Даут Абдулыхь и къуэр шы мэхъаджэ тесу 1880 гъэм къыщыхутэгъащ Марэ къэрэшей къуажэм. И лъахэ дыдэм игъэзэжыну лъэкIыныгъэ иIэтэкъыми, гузэвэгъуэ зэрыхэтыр, зэрахьэщIэр марэдэсхэм ягуригъэIуащ. И щхьэр къыщIрихьэжьам и щхьэусыгъуэр къэзакъ станицэм зытес шы дэгъуэр къызэрыкIэщIишамрэ езыр здэпсэу къуажэ дыдэр къызэрацIыхуамрэт. АпхуэдизкIэ щIалэ къабзэт, дахэт, лъэщти, ар псоми ягу ирихьащ икIи къуажэм къану къищтащ. Зэман дэкIри фызу къэрэшей хъыджэбз кърагъэшащ. Мыгувэу къыщIэхъуащ бынхэр. Ауэ сыт хуэдэуи щрети, и гум ихутэкъым къыздыдэхъухьа Хьэгъундыкъуей къуажэжьыр.

Уеблэмэ и Iыхьлыхэм апхуэдизкIэ яхуезэшти, къыздалъхуа къуажэм жэщыбгым щэхуу кIуэжт, махуэ зы-тIукIи абыхэм яхэсти, къигъэзэжт. «Хьэлэч хъун шыращ апхуэдиз бэлыхь сыщIыхэтыр», — жиIэж зэпытт дадэжьым. ЛIыжьым игу къызэригъэкIыжымкIэ, и Iыхьлыхэр здэпсэур къыздэхъуа жылэм и закъуэтэкъым… Си дадэжьыр 1935 гъэм дунейм ехыжащ, сэ сыкъамылъху щIыкIэ.

Сэ сыкъэхъуа нэужь, ди адэр дзэ къулыкъум ираджауэ Хэку зауэшхуэм хиубыдэри, 1943 гъэ пщIондэ зэуащ. Къигъэзэжащ ныкъуэдыкъуэу. АрщхьэкIэ къыздыдыхьэжа жылэми гуIэгъуэр къыхуахьу, залымыгъэкIэ я Хэкум ирахуу кърихьэлIэжащ. Дэ унагъуэкIэ дызэрыадыгэхэкIыр тетыгъуэр зыIэщIэлъхэм щрагъэцIыхум, ткIэрыкIыжри дыкъанэми зэрыхъунур къыджаIащ. Дэри дыгуфIэт Хэкум ирашхэм дызэрыхамыбжам. Ауэ ди Iыхьлыхэр машинэхэм ираугъуаеу ежьэ щыхъум ди анэр гъуэгыу абыхэм ябгъэдэлъэдащ, щIым зыхиIубащ: «Дэри дыкъэвмыгъанэ, ди закъуэ мы жылэм дэтщIыхьыжын щыIэкъым», — жиIэри.

Ди анэм апхуэдэу зиукIыж, гъы — бжэ щыхъум, сыт тщIэнт, дахэтIысхьэри дэри драшэжьащ. ХамэщIым хьэзаб куэд щытшэчащ, а псори иджыпсту сигу къэзгъэкIыжынкъым. Ауэ сэ сыщыгъуазэщ ди адэ Алабаш Марэ щызэхэта колхозым и тхьэмадэу зэрылэжьам. Абы и ныбжьыр илъэс 87-м иту Черкесск щылIащ. Нобэр къыздэсым си бынри сэри дыщIобэг ди Iыхьлы гуэр къыкъуэкIыу мы хъыбарым къыпащэну.

Шэрджэс унагъуэцIэр, гурыIуэгъуэщ, къытфIаща зэрыхъуари: ипэкIэ къэрэшей къуажэм къумыкъу къыдэтIысхьамэ, «КъумыкъухэкIэ» еджэт. Къэзан къыдэтIысхьами, апхуэдэт. Адыгэ къащыхыхьэм, ди адэшхуэми «Шэрджэс» унагъуэцIэр къратащ. Абы шэч хэлъкъым. Дауэ щрети, Хьэгъундыкъуей ар къыщикIакIэ, нэгъуэщIу къыщIэкIынт и унагъуэцIэ дыдэр. Сэ сыхуейщ нобэр къыздэсым зыри зыхэзмыщIыкI си къуэшхэм, шыпхъухэм е абыхэм къатехъукIыжахэм ящыщ гуэрхэм мы газетымкIэ ди блэкIам и пэжыр зэфIагъэувэжыну. Псом хуэмыдэу абыкIэ сащогугъ адыгэ къуажэхэм дэс нэхъыжьхэм. Сыхуейт абыхэми си хъыбар мыгурыIуэгъуэм къыпащэу, гуфIэгъуэр си унагъуэ кърахьэну.
ЧЕРКЕСОВ Рэмэзан, Холоднородник курыт еджапIэм и завуч,
Прикубан район, 2001 гъэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *