Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Махуэм ехъулIэу, «Мы — граждане России» Урысейпсо программэм ипкъ иту, Къэрэшей-Черкесым щыпсэу ныбжьыщIэ 12-м я паспортхэр хэIэтыкIауэ иратыжащ. Iуэхур къыщызэрагъэпэщащ «Движение первых»-м и хэщIапIэм. Урысейм и цIыхуу зэрыщытымкIэ дэфтэр нэхъыщхьэр ныбжьыщIэхэм яритащ СВО-м и ветеран, ЛIыхъужьыгъэм и орденым тIэунейрэ и кавалер, подполковник Магомедов Рустам. — Нобэ фи гъащIэм къыщохъу мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэ. Зыщывмыгъэгъупщэ, къэрал уардэм и цIыхуу фызэрыщытыр. Дэнэ фыщымыIами, Урысейм и щIыхьыр ину фIэт! Сывохъуэхъу мы дэфтэрыр къыщызэIуфхыныр фи гъащIэм къыщыхъу гуфIэгъуэ Iуэхугъуэхэрауэ щытыну — унагъуэ щIэнымрэ бын къыфщIэхъуэнымрэкIэ, — захуигъэзащ ныбжьыщIэхэм ветераным. ГуфIэгъуэ Iуэхугъуэр зэфIэкIа нэужь, Магомедов Рустам ныбжьыщIэхэм яхуиIуэтащ и зауэ гъащIэр зэрекIуэкIар, Хэкур зэрихъумар, Щамым, зауэ операцэ хэхам щызэхэта зэхэуэхэр и нэгу зэрыщIэкIар. «КъэрэшейЧеркесым и лIыхъужьхэм» программэм зэрыщытекIуам и гугъу ищIащ. НыбжьыщIэхэр яфIэгъэщIэгъуэну щIэдэIуащ зауэлIым и хъыбархэм. ИужькIэ, упщIэ иратахами я жэуап ягъуэтыжащ.
БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.