Хьэбэз къуажэм дэт щэнхабзэмкIэ Унэм щекIуэкIащ «Дэ дызэщIыгъущ» псапащIэ концертыр. Апхуэдэ IуэхугъуэкIэ районым щрагъэжьащ Хэкум и хъумакIуэм и Илъэсымрэ ТекIуэныгъэ Иным и Илъэс 80-мрэ.

ПсапащIэ мыхьэнэ зиIэ зэхыхьэм хэлъхьэныгъэ хуэщIыным хуэпабгъэу, абы къеблэгъащ районым и артистхэм я мызакъуэу, республикэм щыцIэрыIуэхэри. Апхуэдэщ КъЧР-м и цIыхубэ артист КIэдэкIуей Артуррэ КъЧР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэдэкIуей Фатимэрэ, республикэм и цIыхубэ артист Мэремкъул Ачар, ди хэгъуэгум щIыхь зиIэ и артист Пхъэш Азэмэт, уэрэджыIэхэу ТхьэкIумашэхэ Русланрэ Расулрэ, Iэгуей Руслан, Токъубай Къэхъун сымэ.
КъинэмыщIауэ, пшыхьыр ягъэдэхащ «Черкесия» уэрэджыIэ гупымрэ «Ашэмэз», «Синд», «Iэдииху» къэфакIуэ гупхэмрэ. Пшыхьыр цIыхубэм фIыуэ ялъагъу уэрэдхэмкIэ гъэнщIауэ щытащ, гушыIэхэр куэду щыIуащ.
Район администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI, Къэрэшей-Черкесым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Даур Аннэ фIыщIэ яхуищIащ псапащIэ Iуэхугъуэр къадэзыIыгъахэм.
— Ди мурадыр фIыщэу къыдэхъулIауэ солъытэ. Концертым хэта псори мы Iуэхум яфIэфIу къызэрыхыхьам шэч хэлъкъым. Гуапэщ ди районым и артистхэм къыщымынэу, зызыхуэдгъэзауэ хъуар фыкъыхыхьэкъызэрытхуеблэгъар. ЦIыхури куэдащ. Пшыхьыр гуапэу зэрызэхэтам и щыхьэтщ залым щIэсахэр уэрэдхэм къадежьууэ зэрыщытар. Уеблэмэ «иджыри тIэкIурэ дыщIэсамэ арат» жаIэурэ зэбгрыкIыжащ. Мы гъэм мыр япэу едгъэкIуэкIа пшыхьщ. ДяпэкIи ди мурадщ апхуэдэ псапащIэ пшыхьхэр зэхэтшэну, — къыддэгуэшащ районым и щэнхабзэмкIэ и къудамэм и гуащэ Даур Аннэ.
Пшыхьым ахъшэу къыхэкIар иратащ Хьэбэз районым щыIэ «Родные сердца» псапащIэ гупым и унафэщIым. Тамэ Сусанэ зи пашэ гупым куэд щIауэ зауэ операцэ хэхам хэт ди зауэлIхэм зыщIагъакъуэ. Концертым къыхэкIа мылъкури ди сэлэтхэм сэбэпышхуэ зэрахуэхъунур къыхагъэщащ.
— Мы Iуэхугъуэ хьэлэмэтым и фIыгъэкIэ, артистхэми цIыхухэми лъэкIыныгъэ ягъуэтащ нобэ зэуапIэм Iутхэм щIэгъэкъуэн яхуэхъуну. ФIыщIэ мыухыж яхудощI пшыхьым хэта артистхэм, — жиIащ псапащIэ зэгухьэныгъэм и пашэ бзылъхугъэм.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.