Адыгэм ди тхакIуэшхуэ МэшбащIэ Исхьэкъ зэрыжиIэгъащи: «… Адыгэ фащэр сэ схуадами, Зэры-Кавказу яхуэхъуащ». Ар лъэпкъ зэхуэмыдэхэм зэрафIэфIыр, езыхэми фащэ зэрахуэхъуар куэд и уасэщ. Абы къегъэлъагъуэ, адыгэм и щыгъыныр — и теплъэкIи и тыншыгъуэкIи хамэ лъэпкъхэми зэрызыхащIэр, я псэм къызэрищтар…



Адыгэ фащэр эстетикэ и лъэныкъуэкIэ лъагапIэ ин дыдэм щыIэу къыдолъытэ. Абы зыхилъхьащ лъэпкъым и губзыгъагъэри, ди тхыдэм щыщ пычыгъуэхэри, ди дуней еплъыкIэри. АтIэ, дэтхэнэ лъэпкъыпсэми фащэм щыIуплъэкIэ зыхещIэ илъэс щэ бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ псэуа ди лъэпкъэгъухэм я зэманым къыщыхутауэ, е щхьэкуцIкIэ узынэмысыж, ауэ псэкIэ зыхэпщIэ гукъэкIыж гуэрым ухуэкIуэу къыпщегъэхъу.
Ди фащэм и дыкIэри, зэрыбзари гъэщIэгъуэнщ. ЦIыхухъум ейри бзылъхугъэм ейри зэщхьу бзащ, ауэ цIыхубзым ейр нэхъ кIыхьщ, дыщэидэкIэ, бгъэIулъ щIыIухэмкIэ гъэщIэрэщIащ, къинэмыщIауэ, Iэщхьэ тхьэпи щIыгъущ. Фащэм цIыхухъуми цIыхубзми я дахагъэр къегъэлъагъуэ, апщыгъуэми Iэпкълъэпкъым щыщу лей лъэпкъ уIуплъэкъым. Ар ушэсынуи, Iуэху ирипщIэуи тыншщ. Бзылъхугъэ фащэм лъэпкъым щэху щхьэхуэхэри хилъхьэт. Фащэм хэлъ тхыпхъэхэр ауэ къызэрыкIуэ зэрагъэщIэращIэ пкъыгъуэкъым, атIэ абы мэгъу мыхьэнэ хэлъу щытащ. УрысыбзэкIэ жыпIэмэ «оберег» псалъэр нэхъ хуэкIуэу къыщIэкIынущ. АбыкIэ бзылъхугъэм и къэкIуэнум, анагъэм пыщIа псори тыншу къехъулIэным траIуэ хуэдэт, къэзыхъумэ дамыгъэхэу традзэт. Адыгэ зауэлIым и фащэр: афэджанэр, зауэм тегъэпсыхьа цей гъэкIэщIар, хьэзырхэр, лъэхъстэн вакъэхэр, Iэщэ зэмылIэужьыгъуэр.
Адэжьхэм къытхуагъэна щIэин бэгъуам щыщ фащэм дыхуэфащэу дыпсэуну ди къалэнщ. Илъэс бжыгъэхэм къриубыдэу зэрагъэпэща, яузэда фащэм нобэ хэплъхьэни, хэпхыни хэлъкъым. Фащэм теухуа тхыдэри, и щэхухэри нобэ щIэблэм едгъэцIыхуныр лъэпкъ Iуэхущ. Сыту жыпIэмэ, а щIэныгъэр и лъабжьэу ныбжьыщIэхэм къызыхэкIа адыгэ лъэпкъым и псэр зыхащIэнущ, я къуэпсхэр къыздежьэр ящIэнущ, къызыхэкIа лъэпкъым ирипагэу дунейм тетынущ.
Абы къыхэкIыу, фащэм и Махуэр Къэрэшей-Черкесым щыпсэу адыгэ къуажэхэм я сабий IыгъыпIэхэми, еджапIэхэми, щэнхабзэмкIэ Унэхэми щагъэлъэпIащ, дауэдапщэхэр щрагъэкIуэкIащ. Апхуэдэщи, Хьэбэз районым хыхьэ Али-Бэрдыкъуэ (Хьэгъундыкъуей) къуажэм дэт «Вагъуэ» сабий IыгъыпIэм и гъэсэн цIыкIухэми яфIэгъэщIэгъуэну, яфIэфIу адыгэ фащэр абы и махуэ хэхам зыщатIэгъащ.
ИкIи IупщI ящыхъуа щыгъыным и тхыдэри гъэсакIуэхэм хуаIуэтащ, абы халъхьэ тхыпхъэ-щIыпхъэхэм я мыхьэнэр зэхэгъэкIынымкIэ мастер-классхэри щыIащ. А теплъэгъуэхэр щыволъагъу мы тхыгъэм хэт сурэтхэм. Ди республикэм къинэмыщIауэ, махуэщIыр Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр хэгъуэгухэми щаIэтащ. ЖыIэпхъэщи, Черкесск къалэм дунейр щIыIэ, жьапщэ хъуати, махуэщIыр адыгэ фащэм и щIыхькIэ захэшэну адыгэ джэгур, нэгъуэщI махуэ нэхъ хуабэ гуэрым ирагъэкIуэкIыжыну траубыдащ. Адыгэ фащэм, ар къэзыгъэщIа адэжьхэм яхуэфащэу псэун дэтхэнэри Тхьэм дищI! Фащэм и МахуэмкIэ!
Зыгъэхьэзырар ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.