ЦIыху Iэпкълъэпкъым и щэхухэр

ЦIыху Iэпкълъэпкъым нэхъ телъыджэ щIыуэпсым къигъэщIакъым. Абы и лъынтхуэ километр бжыгъэхэр зэхэмызэрыхьу зэрылажьэр, псантхуэхэм къалэну ягъэзащIэр, лъым зэрызигъэкъэбзэжымрэ вирусхэм зэрезауэмрэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIкъым. Къыхэгъэщыпхъэщ цIыхум и щхьэкуцIым ихъумэф хъыбарым хуэдиз зезыгъакIуэ компьютер нобэр къыздэсым къызэрамыгъэщIыфари.

ЩхьэкуцIым и зэфIэкI псом щыщу проценти 5 фIэкI цIыхум къызэримыгъэсэбэпыр къэплъытэмэ, ущIоупщIэ: сыт хуэдизт цIыхум лъэкIынур, абы и щхьэр проценти 100-кIэ лажьэу щытатэмэ?

Iэпкълъэпкъым пкъыгъуэу пкърылъым къалэн щхьэхуэ ягъэзащIэ. Абыхэм языхэзым ныкъусаныгъэ къылъыкъуэкIмэ, ар Iэпкълъэпкъ псом йофыкI, цIыхур сымаджэ мэхъу. ЦIыху Iэпкълъэпкъым и зэхэлъыкIэр сыт хуэдизу гугъуу щымытами, ар къызытехъукIыжыр зы налъэщ (клеткэ).

Анатомием щхьэхуэ-щхьэхуэу едж Iэпкълъэпкъыр: къупщхьэлъапщхьэр, псантхуэр, лъынтхуэр, ныбэм илъ пкъыгъуэхэр, лым я ухуэкIэр. Дэри абыхэм зэхэгъэщхьэхукIауэ дриплъэнщ. Къупщхьэлъапщхьэм и зэхэлъыкIэр ЦIыхум и къупщхьэлъапщхьэм лыри, щIыфэри, лъынтхуэхэри ешэкIащ, абы Iэпкълъэпкъыр захуэу еIыгъ, зэрегъакIуэ икIи кIуэцIфэцIым и «хъумакIуэщ». Сабий къалъхуагъащIэм къупщхьэ 270-рэ иIэщ, ауэ цIыхур балигъыпIэ щиувэм ирихьэлIэу и къупщхьэлъапщхьэр пкъыгъуэ 205 — 207-рэ ирикъужу аращ — языныкъуэ къупщхьэхэр зэпокIэж.

Псалъэм папщIэ, щхьэ къупщхьэр, шхужьыр, тхым щыщ IупщIэ зыбжанэ, нэгъуэщIхэри. Къупщхьэхэр псори хуэрэ псантхуэкIэ зэпыщIауэ зэрощIэ. ГъэщIэгъуэнракъэ, щхьэкъупщхьэр пкъыгъуэ 23-уэ зэпкърылъщ, тхыр — 32 — 34-уэ, дзажэмрэ бгъэгумрэ — 25-уэ, Iэр — 64-уэ, лъакъуэр — 62-уэ. Къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, къупщхьэхэр налъэ-налъэу зэпкърылъщ, я зэхуакум дэт ткIуаткIуэм зригъэбыдылIэу. Къупщхьэм йокIуалIэ эндост, хъыщт, лъынтхуэ, псантхуэ, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэу, къупщхьэ гъуанэхэм илъщ лъыр къэзыгъэщIыж куцIыр.

А псори зэуIу хъумэщ, къупщхьэм и къалэныр щигъэзащIэр. КъинэмыщIауэ, къупщхьэм хэлъщ Iэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэ шыгъу зэмылIэужьыгъуэхэр: кальций, калий, натрий, нэгъуэщIхэри. Къупщхьэлъапщхьэм хеубыдэ щхьэкъупщхьэр, тхыр, дамэр, шхулъэр, блэгъукIэр, блыпкъыр, IэфракIэр, IэфракIэщIагъыр, Iэпщэ зэрытыпIэр, Iэпхъуамбэ къупщхьэхэр, Iэгу къупщхьэхэр, дзажэхэр, шхужьыр, куэпкъыр, гъуэбзиикIэр, гъуэбзиикIэ щIагъыр, лъэтхьэмпэр.

ЦIыхум и къупщхьэлъапщхьэм хьэлъэшхуэ хуэшэчыну, лъагэ гуэрым къелъэмэ, мыкъутэну быдэу къигъэщIащ. Псалъэм папщIэ, куэпкъым и зы сантиметр зэбгъузэнатIэм хуэзэу тонн 58-рэ ешэч! Абы къыдэкIуэу, Iэпкълъэпкъым къупщхьэу илъым и хьэлъагъыр килограмми 9 ирикъуу аращ. Къупщхьэ нэхъ ин дыдэу Iэпкълъэпкъым илъыр куэпкъращ (сантиметр 37 — 45-рэ и кIыхьагъщ), нэхъ цIыкIу дыдэхэр (сантиметр 0,5 мэхъу дэтхэнэри) тхьэкIумэкIуэцIым илъщ, тхьэкIумэIупсым и щIыбагъ къыдэлъу. ЦIыхум и лъагагъыр зэлъытар и къупщхьэхэм я инагъ-цIыкIуагъращ.

Ауэ ар лъагэ хъунуми, цIыкIуу къэнэнуми зэпхыжар Iэпкълъэпкъым къыщекIуэкI химическэ реакцэхэмрэ гормонхэмрэщ. Гормонхэр къыщыунэхуж эндокриннэ системэр тэмэму мылажьэмэ, цIыхур къэзылъхуа адэ-анэм я теплъэм емылъытауэ, е лъагэIуэу, е цIыкIущэу къэнэнкIэ хъунущ. КIуэцIыр зэрыузым, щIыфэр къызэрилъэлъым хуэдэу, ди къупщхьэхэри «сымаджэ» мэхъу зыхуэныкъуэ витаминхэмрэ химие пкъыгъуэхэмрэ ямыгъуэтмэ.

Псалъэм папщIэ, джэдыкIэ кугъуэ, шэ, дыгъэпсыр къызэмэщIэкI цIыхум витамин D хуэчэмщи, и къупщхьэхэр махэ, къуаншэ мэхъу, къопщIантIэ, армырми къемэщIэкI кальцийр Iэпкълъэпкъым кърелъэсыкI. Нэхъапэм рахитыр (аращ зэреджэр а узым) узыфэ мыхъужу къалъытэт, ауэ ар къызыхэкIыр къахута нэужь, зэфыкIхэми я бжыгъэр куэдкIэ нэхъ мащIэ хъуащ. Щхьэкъупщхьэр, зэрыжытIащи, нэхъапэIуэкIэ зыбжанэу зэхэлъауэ, зэгуэкIэжа къупщхьэщ. Аращи, къыхагъэщхьэхукI щхьэкупцIапцIэ къупщхьэр, натIэ къупщхьэр, нэзэрыхъэр, нэпкъыр, нэжьгъыр, жьэ пхъэбгъур, жьэпкъыр. КIэщIу жыпIэмэ, цIыху щхьэкъупщхьэр Iыхьэ 28-уэ зэхэлъщ икIи абыхэм я зэпылъыпIэхэр IэпхъуамбэкIэ къыпхуэгъуэтынущ, утеIэбэмэ.

Щхьэм дыркъуэ игъуэтыныр псом нэхърэ нэхъ шынагъуэщ, сыту жыпIэмэ, Iэпкълъэпкъ псор зезыгъэкIуэж, псантхуэхэр зэкIуэлIэж щхьэкуцIыр абы илъщ. Ауэ щхьэкъупщхьэм иIэщ зэфIэкI телъыджэ, цIыхур щхьэкIэ техуа нэужь, зэрытехуа щIыпIэм хэлъ къупщхьэм удыныр щабэ ищIыфу, адрей къупщхьэхэм лъимыгъэIэсу, я зэпылъыпIэм деж къыщызэтригъэувыIэу. Щхьэкъупщхьэр зы къупщхьэ хъурей закъуэу щытатэмэ, джэдыкIэр зэрыкъутэм хуэдэу, зэгуэпкIынут. Нэхъ гъэщIэгъуэныжу зэхэлъщ цIыхум и тхыр. Тхыр къупщхьэ 33-рэ ирокъу. Абыхэм зэреджэр тхыIупщIэщ. Щхьэкъупщхьэ лъабжьэм къыкIэщIэт тхыIупщIитIыр — пщэгурыгъыр — адрейхэм ещхькъым. Япэм зэреджэр атлантщ. Абы щхьэр зэриIыгъым къыхэкIыу, пасэрей цIыхушхуэхэм я цIэр фIащащ.

ЕтIуанэм щхьэмрэ пщэмрэ зэпещIэ икIи цIыхум и щхьэр зэригъэкIэрэхъуэфыр, зэригъэсысыфыр абы и фIыгъэщ. ТхыцIэм къыхокI бгъэм илъ пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр (тхьэмбылымрэ гумрэ) зыхъумэ дзажэхэр. АдэкIэ, цIыхур зезыгъакIуэ шхужьымрэ куэпкъымрэ тхыцIэм и лъабжьэм къыпоувэ. Языныкъуэ цIыхухэм я тхыцIэр апхуэдизкIэ лантIэщи, щIыбкIэ зрагъэзыхыурэ, я щхьэр я лъакъуэ зэхуакумкIэ къыдагъэплъыжыф, тхыцIэм зыкIи зэран хуэмыхъуу. Къыхэгъэщыпхъэщи, дэтхэнэ зыми хузэфIэкIынущ ар, цIыкIу щIыкIэ щIадзэу хурагъэсамэ.

Апхуэдэ зыгъэзэкIэм ухуэмыхьэзыру зупщытмэ, уи тхыр зэпищIыкIынурэ Iэрызехьэу укъэнэнущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, тхыцIэм и кIыхьагъкIэ зыщызыукъуэдия куцIым игъуэта дыркъуэр пхуэгъэзэкIуэжынукъым, ныкъуэдыкъуэ хъуами и Iэпкълъэпкъыр зыхимыщIэжу, IэкIэ зэрахьэу псэунущ. ТIурытIурэ 12 мэхъу цIыхум и дзажэхэр. Ахэр псори бгъэгум деж щызэхохьэж, и лъабжьэ дыдэм къыкIэщIэтым къинэмыщIауэ. Абы къыхэкIыу, а тIум дзажэнэпцIкIэ йоджэ. ЦIыхур щыбауэкIэ дзажэхэри мэхъей. Анатомием IупщIу зэхегъэщхьэхукI цIыхухъу шхужьымрэ цIыхубз шхужьымрэ. ЦIыхубзым и шхужь къупщхьэр нэхъ бгъуэщ, щабэщ.

ЦIыхухъум и шхужьыр нэхъ Iузэщ, къупщхьэри нэхъ быдэщ. Ауэ, сыт хуэдизу къупщхьэр быдэу щытми, дыркъуэшхуэ ягъуэта нэужь, ахэр мэкъутэ. Апхуэдэхэм деж къупщхьэ къутар гипскIэ зэщIашхэри зэпокIэж. Ауэ ар сэбэп щымыхъуи щыIэщ. ИтIанэ дохутырхэм лыр зэгуагъэжри, къупщхьэр зэхуахьэсыж, шурупрэ пластинэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зэрагъэубыдыж икIи, гъэщIэгъуэныракIэ, зэпокIэж. ЛыпцIэм и ухуэкIэр Пэжщ, Iэпкълъэпкъыр зыIыгъыр къупщхьэращ, ауэ ар езыр-езыру зэфIэтыфынутэкъым лыпцIэ ешэкIауэ, хуэмрэ псантхуэхэмрэ къупщхьэр ямыунэтIу щытатэмэ. Къупщхьэхэми хуэдэу, лыпцIэри Iыхьэ-Iыхьэу зэхедз, икIи абыхэм я бжыгъэр 600-м щхьэпрокI.

Языныкъуэ лыпцIэхэм (псалъэм папщIэ, Iэпщэм е куэм) я лэжьэкIэр тлъагъуу, зыхэтщIэу щытми, дызэриIэр дымыщIэххэу лыпцIэ куэд дыдэ кIуэцIми илъщ. Апхуэдэу, лыпцIэ щхьэхуэщ гури, лъатэри, бгъэмрэ ныбэмрэ я зэхуаку дэлъ, цIыхум и тхьэмбылыр зыгъэлажьэ диафрагмэри, нэгъуэщIхэри. ЛыпцIэр налъэ кIыхьурэ зэхэлъщ, языныкъуэхэр къупщхьэм ешэкIыпащ, адрейхэр хуэкIэ къупщхьэм епхащ. ЦIыхум нэхъыбэрэ къигъэсэбэп лыпцIэхэр нэхъ ин мэхъу. Псалъэм папщIэ, къыщикIухькIэ и лъэнкIапIэм, куэм, пхэщIыщхьэм нэхъ трекъузэри, ахэр нэхъ инщ.

Апхуэдэщ Iуэху щищIэкIэ, щыIэбэкIэ къигъэсэбэп Iэпщэри. ЦIыхум и хьэлъагъым и Iыхьэ щанэр зыубыдыр дызытепсэлъыхь лыпцIэхэращ. Къупщхьэхэми хуэдэу, лыпцIэ Iыхьэ къэс къалэн щхьэхуэ егъэзащIэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, нэщIащэм къекIуэкI лыпцIэм напIэр зэтрепIэ, зэтрехыж, натIэм телъым уи напщIэр дрешей, Iэпщэм телъым IэфракIэ къупщхьэр егъэлажьэ, ныбэм телъ лыпцIэм цIыхум и пкъым зрегъэгъазэ, куафэм телъым лэгуажьэр зэфIегъауэ, гъуэбзиикIэм телъым лъэтхьэмпэр зэрегъакIуэ, лъэнкIапIэм лъэдакъэр къеIэт, пщэм хэлъым щхьэр егъэкIэрахъуэ. Спортым хэтхэм нэхъыбэрэ ягъэлажьэ лыпцIэм елъытауэ я теплъэми зехъуэж. Дэтхэнэми ицIыхуу къыщIэкIынущ хуэш жыхуаIэр. ЦIыхум куэдрэ Iуэху ищIэмэ е спортым зыдригъэхьэхрэ лыпцIэр зэпымычу лажьэмэ, ар ешэщIри, зыри сэбэп мыхъуу, лыпцIэр къимыутIыпщыжу щIешэ. Абы зэреджэр хуэшщ. Апхуэдэхэм деж щIиша лыпцIэм хуэзэу мастэ хаIури, псынщIэу къеутIыпщыж. Лъынтхуэхэм я лэжьэкIэр Iэпкълъэпкъым апхуэдизкIэ лъынтхуэ куэд хэлъщи, ахэр псори зэпыпщIэрэ къэппщатэмэ, и кIыхьагъыр километр 96500-рэ ирикъунут. Ар ЩIы экваторым и кIыхьагъым нэхърэ тIукIэ нэхъыбэщ! ЦIыхум лъыуэ щIэтым — литри 5 — зы дакъикъэм къриубыдэу Iэпкълъэпкъыр къызэхекIухь, гум кърихуэкIыурэ. Гум къикIа нэужь, лъыр лъынтхуэшхуэхэм ирожэ зы меданым сантиметр 40 икIуу. Лъэпхъуамбэхэмрэ Iэпхъуамбэхэмрэ хэлъ лъынтхуэ псыгъуэ цIыкIухэм къыщысым ирихьэлIэу сантиметр 0,05-рэ меданым къичу нэхъ хуэм зещI лъым. Лъым къыщикIухькIэ лъынтхуэм зэрытрикъузэм давленэкIэ йоджэ.

Псыр зэрызекIуэ бжьамийм и кIуэцIымкIэ къигъэлажьэурэ махэ зэрыхъум, зэрызэгуитхъым хуэдэу, лъыми лъынтхуэхэр егъэлажьэ. Гур псынщIэIуэу къеуэурэ, лъыр уэру кърихуэкIмэ, лъынтхуэхэми къатохьэлъэри, цIыхум и «давленэр докIуей». ЦIыху узыншэм и давленэр, псалъэм папщIэ, 120/80-щ жаIэ. Ар куэдым дощIэ. Ауэ сыт абы къикIыр? 120-р гум лъыр къыщиутIыпщкIэ лъынтхуэм къызэрытехьэлъэращ, 80-р нэщI хъуа гум лъыр зэрилъэдэж къарущ. Лъыр гъэщIэгъуэну зэхэлъщ. Абы хеубыдэ плазмэ, тромбоцит, лейкоцит, эритроцит жыхуэтIэхэр, нэгъуэщIхэри. Лъым и къалэн нэхъыщхьэр — цIыхум шхыным, псым, хьэуам къыхих къарур, къэуатыр, кислородыр Iэпкълъэпкъым лъигъэсынырщ, вирусхэмрэ уз зэмылIэужьыгъуэхэмрэ ебэнынырщ. Хущхъуэншэу зегъэкъэбзэжыф лъым. Апхуэдэу, лейкоцитхэм Iэпкълъэпкъым къеуэлIа узымрэ вирусхэмрэ е «хэлIыкIа» клеткэхэр къаухъуреихьри, «йозауэ, яшх». ИужькIэ ар Iэпкълъэпкъым къыпкърокIыж.

Апхуэдэхэм деж цIыхур плъыржьэр мэхъу. Дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, лъыр узым ебэну аращ, температурэр дэкIуеямэ. Лъым и сыт хуэдэ пкъыгъуэми къалэн щхьэхуэ ягъэзащIэ: эритроцитхэм кислородыр кърахьэкI, лейкоцитхэм микробхэмрэ вирусхэмрэ яукI, цIыхум лъы щIэкIмэ, тромбоцитхэр уIэгъэм деж щызэхуосри, лъыр къагъэувыIэ, плазмэм къэуатыр Iэпкълъэпкъым лъегъэIэс. ИкIэм-икIэжым дакъикъитху къэс лъыр жьэжьейхэм ягъэкъэбзэж. Къапщтэмэ, лъыр куэдрэ псэукъым. Эритроцитхэр мазиплI, тромбоцитхэр махуи 10, лейкоцитхэр махуи 6 — 9 къэс мэкIуэдыж. ДэнэтIэ, лъыр къыздикIыр апхуэдэу щыхъукIэ?!

НэхъапэIуэкIэ къызэрыхэдгъэщащи, лъыр къыщыунэхур къупщхьэ гъуанэхэм илъ куцIырщ. Сабий къэхъуагъащIэхэм къупщхьэу хэлъым лъы къабзэ къагъэщI, балигъым и къупщхьэшхуэхэращ лъыр къыщыунэхур. ЦIыхур сымаджэ щыхъуам деж анализ ирагъэт. Абы папщIэ, Iэпэм, Iэблэм лъы къыхаш. Дэ а псори лейуэ къытщохъу, ауэ лъым и зэхэлъыкIэм теухуауэ дохутырым къыхуэхутэнущ сымаджэм къефыкIыр. ЩыIэщ хущхъуэкIэ яхуэмыгъэхъуж узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Апхуэдэхэм деж цIыхум и лъыр зэрыщыткIэ яхъуэжын хуей мэхъу. ГупиплIу ягуэш лъыр — 1, 2, 3, 4-нэ жиIэу. Языныкъуэ гупхэр зэхозагъэ, языныкъуэхэр къыпхакIэну шынагъуэщ. ЦIыхум емызэгъ гупым щыщ лъы хакIэмэ, лIэнущ. КIуэцIфэцIым и зэхэлъыкIэр Пэ кIуэцIым къыщыщIэдзауэ цIыхум пкърылъ пкъыгъуэхэм кIуэцIфэцIкIэ уеджэ хъунущ. КъедбжэкIынщ ахэр: бзэгу, пэ кIуэцI, тэмакъ, тэмакъыщIэ, къурмакъей, тхьэмбыл, гу, бгъэлыцI, ныбэлыцI, тхьэмщIыгъу, шхалъэ, зэз, лъатэщIыб шхынгъэткIу (хьэбзэгупэ), жьэжьейхэр, чэ, гъутхьэпсылъэ, лъхуадэхэр, лъхуалъэ, кIэтIий гъум, кIэтIий псыгъуэ, куэтэн.

Машинэм гъэсыныпхъэ имыту зэрызэщIэмынэм хуэдэу, цIыхум и Iэпкълъэпкъыр зекIуэн, лэжьэн папщIэ, шхэн хуейщ. Лъым хуэдэуи, а шхыныр гъэткIуныр, къэуатыр, хьэуар Iэпкълъэпкъым игуэшэнырщ кIуэцIфэцIым и къалэн нэхъыщхьэр. ЦIыхур ерыскъыншэу мазэ, псы емыфэу махуищ псэуфынущ. Ауэ мыбауэу дакъикъэ зыбжанэ хуэшэчынуращ. ЖьэкIэ е пэкIэ цIыхум жьэдишэ хьэуар къурмакъеймкIэ йохри, бгъэлыцIыр тIууэ щызэхэкIым деж тхьэмбыл ижьымрэ сэмэгумрэ зреугуашэ. Тхьэмбылым хэлъ лъынтхуэ псыгъуэ цIыкIухэм хьэуам кислородыр къыхахри, Iубахъэм щIыгъуу гъуэз хуабэрэ углекислэ газымрэ къыжьэдокIыж. Тхьэмбылымрэ гумрэ адрей пкъыгъуэхэм щыщ зэран къахуэмыхъун, къинэмыщIауэ, цIыхур щыбауэкIэ къыдэIэпыкъун папщIэ, абыхэм ныбэлыцIыр къыкIэщIэтщ. Дауи, хьэуам сабэ, фIей куэд хэлъщ, ауэ а псори тхьэмбылым нэскъым — пэ кIуэцIымрэ тэмакъымрэ щызэхуехьэсри, дыкъыщепскIэ е дыщыпсчэкIэ къытпкъро кIыж. Шхыныр къурмакъейм еха нэужь, лъатэм (шхалъэм) къыщохутэ. Шхалъэм илъ кислородымрэ ферментхэмрэ ерыскъыр ягъэткIури, кIэтIий псыгъуэмкIэ ягъэкIуатэ. Абдеж белокыр, углеводыр, дагъэр, витаминхэр, шыгъухэр кIэтIийм щызэщIефри, Iэпкълъэпкъым ирегуашэ, лъым хэту. КIэтIийр зэпымычу мэлажьэ. Iэпкълъэпкъыр зыхуеину псори шхыным къыхиха нэужь, къэнэжыр куэтэным йохри, къыдохыж. А Iуэхум къепхащ лъатэщIыб шхынгъэткIури, тхьэмщIыгъури, зэзри. Шхалъэм и щIыбагъ къыдэлъ шхынгъэткIум и фIэщыгъэцIэм къызэригъэлъагъуэщи, и къалэн нэхъыщхьэр шхыныр зыгъэткIу ткIуаткIуэмрэ инсулинымрэ къигъэщIынырщ.

ТхьэмщIыгъум лэжьыгъэшхуэ егъэзащIэ, ауэ абы и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ кIэтIий псыгъуэм къикIыу гум кIуэ лъыр игъэкъэбзэныр. Ерыскъым е псым хэлъу Iэпкълъэпкъым щхъухь лъэIэсамэ, ар къэзыгъэувыIэр тхьэмщIыгъур аращ. КъинэмыщIауэ, мы пкъыгъуэм щызэхуэхьэсащ витамин куэди. Iэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэ витамин лIэужьыгъуэмрэ бжыгъэмрэ и чэзум къеутIыпщ. Абы къепхащ зэзри — кIэтIий псыгъуэм къыщыхута дагъэр зыгъэткIу ткIуаткIуэр щызэхуэхьэса «чысэр». ЦIыхум и зэзыр кърахми зэранкъым, сыту жыпIэмэ, абы ит ткIуаткIуэр къэзыгъэщIыжыр тхьэмщIыгъуращ. ЦIыхум и IэштIымым хуэдиз мэхъу и жьэжьейри. Абыхэм я къалэн нэхъыщхьэр — лъыр язу, Iей къыхагъэкъэбзыкIамрэ шыгъумрэ цIыхум къыдэгъэхынырщ. Чэр цIыхум и сэмэгурабгъу джабэмкIэ щыIэщ. Ныбэрылъым ар къызэригъэсэбэпымрэ балигъым и Iэпкълъэпкъым щигъэзащIэ къалэнхэмрэ зыкъым. Ныбэрылъым и чэм и къалэн нэхъыщхьэр куцIым щIыгъуу лъы къэгъэщIынырщ. ЦIыху балигъым и чэм лъыр егъэкъабзэ: сэбэп мыхъужыну эритроцитхэмрэ бактериехэмрэ къыхезыкI. Мыбдеж жыIапхъэщ, цIыху балигъым и чэр имыIэжу зэрыпсэуфынур. Абы игъэзащIэу щыта къалэныр занщIэу и пщэ делъхьэ лимфэ системэм. Псантхуэхэм я лэжьэкIэр Iэпкълъэпкъыр зезыгъакIуэ къупщхьэхэмрэ лыпцIэхэмрэ зэпызыщIэжри, цIыхум узыр зыхезыгъащIэри, зыгъэбауэри, зыгъэпсалъэри щхьэкуцIым екIуэлIэж псантхуэхэращ.

Псантхуэхэр пкъыгъуищу зэхэлъщ: щхьэкуцIыр, тхыцIэм илъ куцIыр, Iэпкълъэпкъ псом игуэша къуэпсхэр. Языныкъуэхэр щIоупщIэ: «Щхьэуз хущхъуэ уефа нэужь, дауэ абы узыр зэригъэувыIэр, узыр здэщыIэр къызэрищIэр?» — жаIэри. Ар къыбгурыIуэн папщIэ, мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщ эндокриннэ системэм игъэзащIэ къалэныр. ЦIыхум нэщхъеягъуэ е гуфIэгъуэ гуэр щилъэгъуакIэ, зыгъэгуфIэри, зыгъэнэщхъейри, зыгъэгушхуэри, и гур хэзыгъэщIри, кIэщIу жыпIэмэ и гурыщIэхэмкIэ жэуап зыхьыр эндокриннэ системэращ. Аращ икIи зыгуэр зэрыузыр псантхуэхэм къезыгъащIэр. Щхьэр щыузым деж Iэпкълъэпкъым и эндокриннэ системэм гормон къегъэщI. А гормоныр псантхуэхэм лъоIэсри, щхьэкуцIым хъыбар ирегъащIэ Iэпкълъэпкъым ныкъусаныгъэ зэрыщыIэр, зыгуэр зэрыузымкIэ. Щхьэуз хущхъуэм хэлъщ дызытепсэлъыхь «хъыбарегъащIэ» гормоныр зыгъэужьых пкъыгъуэ.

А гормонхэр мыхъуатэмэ, узыр зэи зыхэтщIэнутэкъым. ЦIыхум и гур къэувыIа нэужь, ар лIауэ ябж. Ауэ къыхэгъэщыпхъэщ, цIыхум и гур къэувыIа нэужь, щхьэкуцIыр иджыри сыхьэт бжыгъэкIэ зэрыпсэуфынур. Абы къыхэкIыу, дохутырхэм цIыхур лIауэ къыщалъытэр и щхьэкуцIым импульс къимытыжмэщ.

ФЫРЭ Анфисэ, «Адыгэ псалъэ», Налшык


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *