ЗауэлI хахуэ
Хэку зауэшхуэ… Сыту куэд щыгъэпщкIуа мы псалъэхэм: уз хьэлъэм къигъэщI нэпс гуащIэхэр, гуащIэдэкI нэпсыр, махуэ кIыхьхэр, хьэлъэхэр, мазэхэр, илъэсхэр, дэтхэнэ зы пIалъэри шынагъуэкIэ гъэнщIауэ. Зауэр зэрыщIидзэу, си адэшхуэр, Аргун Хъызыр Къагир и къуэр, дзэм ираджащ. Ар минрэ щибгъурэ тIощIрэ зырэ гъэм Зеикъуэ къуажэм къыщалъхуащ. Ауэ жылагъуэм дэсхэм ящыщхэр щыкуэшыжым, сабийуэ Куэш-Хьэблэ къахьыжащ. НэгъуэщI къуажэдэсхэм яхуэдэу,…