КъэфакIуэхэм я текIуэныгъэхэр
ТIуапсэ къалэм дэт «Южный» пансионатым «Изумрудная волна» зи фIэщыгъэцIэ, къафэр зи Iэпэгъу сабийхэм яхуэгъэпса лагерыр щылэжьащ икIи творчествэмрэ гъуазджэмрэкIэ Дунейпсо зэхьэзэхуэ — фестиваль щекIуэкIащ. Абы хэтащ ди къэралым и хэгъуэгу зэмылIэужьыгъуэхэм къабгъэдэкIа къэфакIуэ гуп куэд. Къэрэшей-Черкесым щыщу мы зэхьэзэхуэ-фестивалым зыкъыщагъэлъэгъуащ цIыхубэ къафэхэмкIэ «Юность Кавказа» ансамблым. НыбжьыщIэхэм я художественнэ унафэщIыр ХЬЭМЫКЪУЭ Азэмэтщ. Зэхьэзэхуэм зыкъыщызыгъэлъэгъуа гупхэм ящыщу…