Макъыр гукIэ зэхэпхмэ…

Черкесск къалэм дэт еджапIэ-интернат щхьэхуэм (коррекционнэм) «Дружба народов — единство России» щхьэщIэдзапIэм щIэту дауэдапщэ гъэщIэгъуэн щрагъэкIуэкIащ. Республикэ къалащхьэм дэт, сабий зэчиифIэхэм я «Спутник» купсэм и пэшышхуэм и театр-студием къэзыпщытэж концертышхуэ къыщызэригъэпэщащ. Мамырыгъэмрэ лъэпкъ зэкъуэтыныгъэмрэ я мыхьэнэр уэрэдхэмкIэ, къафэхэмэкIэ, усэхэмкIэ, IэпэтэрмэшкIэ къагъэлъэгъуащ еджапIэм и гъэсэнхэмрэ абы щылажьэ егъэджакIуэхэмрэ. А махуэм ныбжьыщIэхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэм хэплъэну къеблэгъащ Къэрэшей-Черкес…

Читать далее

Зэхуэдэ хуитыныгъэрэ лъэкIыныгъэрэ

«Инклюзивное образование» жыIэгъуэм къызэщIиубыдэ лэжьыгъэм нэхъ зиубгъуащ 2014 гъэм щегъэжьауэ. Абы и купщIэр — зи узыншагъэкIэ дагъуэ зиIэ, къызэрыкIуэ сабийм хузэфIэкI псор зимыкъарухэм, ныбжьыщIэхэм, балигъхэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэн, я Iэпкълъэпкъым зегъэпсыхьын, егъэджэнращ. Хьэбэз къуажэм дэт, Арэшыкъуэ Р. и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм 2018 гъэм щегъэжьауэ инклюзивнэ егъэджэныгъэмкIэ пэш щхьэхуэ щолажьэ икIи мызэмытIэу и гугъу ящIу…

Читать далее

ЦIыхугъэр къыхэзыхахэр

ЧЕРКЕССК КЪАЛЭМ дэт, Байчоровэ М. и цIэр зезыхьэ, ди хэгъуэгум и тхыдэ-щэнхабзэмрэ щIыуэпсымрэ я музей-къуэдмэзым и хэщIапIэм «История жизни» тхылъыщIыр утыку ирахьащ. Ар и IэдакъэщIэкIщ Къэрэшей-Черкесым и Жылагъуэ палатэм хэт Кургинян Гарик. Дауэдапщэр къызэрагъэпэщащ 2026 гъэр Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я Илъэсу зэрагъэбелджылам ипкъ иту, лъэпкъ зэныбжьэгъуныгъэр нэхъри егъэфIэкIуэн мурадыр яIэу. ЖыIэпхъэщи, «История жизни» тхылъым лъабжьэ…

Читать далее

БлэкIам ухуезыгъэплъэкIыжу, нобэм ухэзыгъэплъэж…

Мыдэ-щэ толъкъун щэджащэу адыгэгур, адыгэпсэр къыщыкъубейрэ, апхуэдэ къабзэу, псэхугъуэ здигъуэтыж, а щытыкIитIри щыппкърыкI зы щIыпIэ гуэр щыIэххэмэ, апхуэдэщ Али-Бэрдыкъуэ къуажапщэр зи хэщIапIэ, Кавказ зауэжьыр мыкIыжын уIэгъэу къызытена лъэпкъым и фэеплъ щIыпIэр. ХабзэфI зэрытхуэхъуауэ, тхыгъэщIэ, хъыбарыщIэ къыщытлъыхъуэу ар ди кIуапIэщ. Тхьэр арэзы къахухъу, сыт щыгъуи гуапэу къытпежьэ, гу къабзэрэ хьэрэмыгъэншэу, зи зэмани, зи гуащIи щымысхьыжу мы…

Читать далее

Махуэшхуэм и теплъэ хъуащ

«Хэкум и хъумакIуэхэр» сурэтыр ТекIуэныгъэм и Махуэшхуэм и теплъэгъуэ хъуащ. «ПщIэ зыхуэсщI си хэкуэгъухэ! Сыгушхуэу сывдогуашэ хъыбарыфIкIэ: Къэ рэшей-Черкесым щыщ сурэтыщI Авиловэ Татьянэ лауреат хъуащ «Защитники Отечества. Победа в единстве» Къэралыбэ зэпеуэм, етIуанэ увыпIэр къыщилъэщкIэрэ. Ар яхэтащ зи ныбжьыр илъэс 18-м нэхърэ нэхъыжьхэр зыхэта гупым. Иджы абы и творческэ лэжьыгъэр — хэкупсагъэкIэ, Хэку фIылъагъуныгъэкIэ гъэнщIар,…

Читать далее

И уэрэдхэм уащI гумащIэ

Тобэ ирехъуи, сценэм япэу сыщытехьа гъэм згъэзэж щыхъукIэ, зызогъэщIэгъуэкI артист лъэрыхьхэр нэIуасэ къысхуэхъуу, зы Iупхъуэ къуагъ ядэзгуэшыну къызэрысхуихуар. ИкIи срогушхуэ абы. Апхуэдэ нэрыбгэхэм ящыщ зыщ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и артист, «Ислъэмей» къэрал ансамблым и уэрэджыIэ пашэ ЕЛДАРХЭ Айдэмыр. Айдэмыррэ сэрэ илъэс тIощIым нэблэгъэнущ дызэрызэрыцIыхурэ, абы лъандэри и творчествэр си гум дохьэ, и уэрэдхэм я…

Читать далее

Мазэр щIыгум и гъуэгуэгъу къудейкъым…

Хьэршым хэт вагъуэхэм, планетэхэм, нэгъуэщI пкъыхэм ящыщу Мазэр ди щIыгум нэхъ и гъунэгъу дыдэщ – километр 400 000-м нэблагъэ, нэхъри тегъэчынауэ жытIэмэ, километр 384 467-рэ ди яку дэлъщ. Иджырей хьэрш кхъухьлъатэхэр абы нос жэщиплI-махуиплI хуэдизкIэ. Ди щIыгум а зыращ Тхьэм кърита гъуэгуэгъуу (спутникыу) иIэр. Дыгъэм нэхъ и гъунэгъу Меркуриймрэ Венерэмрэ гъуэгуэгъу яIэххэкъым. ЯIами, ахэр Дыгъэм…

Читать далее

ГуащIэм игъэлъапIэу

ГуащIэдэкIым и Махуэм — накъыгъэм и 1-м илъэс 90 зэрырикъуар игъэлъэпIащ Инжыдж-КIыкIун къуажэм щыщ, зи гъащIэ псор педагогическэ лэжьыгъэм пыщIауэ къекIуэкIа АГЫРБЭ ФатIимэт Мусэ и пхъум. ФатIимэт 1936 гъэм Инжыдж-КIыкIун къуажэм къыщыхъуащ. И нэгу щIэкIащ къэралыр зыпхыкIа щытыкIэ-псэукIэ хьэлъэр, зауэр, гъаблэр, зэхуримыкъуныгъэр… Ауэ, гукIи псэкIи цIыху щабэу, зыми гужьгъэжьгъ хуимыIэу къэгъуэгурыкIуащ. ЕджапIэр къиуха нэужь, Черкесск…

Читать далее

ЦIыхупсэм дэщIауэ

Мы дунейм IэщIагъэ зэхуэмыдэу тетыр я мыхьэнэкIэ зэбгъапщэмэ, медицинэм пэплъыт хъун къыхэкIынукъым. Хэт сыт жимыIэми, псом нэхърэ нэхъ лъапIэ дыдэщ ди Iэпкълъэпкъым дагъуэ темылъу, дылъэжану гъащIэ кIыхь къэдгъэщIэныр, ди узыншагъэм дыхуэсакъыныр, абы ену гулъытэ хуэтщIыныр… Ди гур къыхэузыкIамэ, е лъыр щхьэм дэуеямэ, дызэресауэ, япэу зызыхуэдгъазэр дэIэпыкъуэгъу псынщIэращ. Абы щылажьэ фельдшерыр медицинэм и лэжьакIуэ къудейкъым, атIэ,…

Читать далее

ЦIыху Iэпкълъэпкъым и щэхухэр

ЦIыху Iэпкълъэпкъым нэхъ телъыджэ щIыуэпсым къигъэщIакъым. Абы и лъынтхуэ километр бжыгъэхэр зэхэмызэрыхьу зэрылажьэр, псантхуэхэм къалэну ягъэзащIэр, лъым зэрызигъэкъэбзэжымрэ вирусхэм зэрезауэмрэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIкъым. Къыхэгъэщыпхъэщ цIыхум и щхьэкуцIым ихъумэф хъыбарым хуэдиз зезыгъакIуэ компьютер нобэр къыздэсым къызэрамыгъэщIыфари. ЩхьэкуцIым и зэфIэкI псом щыщу проценти 5 фIэкI цIыхум къызэримыгъэсэбэпыр къэплъытэмэ, ущIоупщIэ: сыт хуэдизт цIыхум лъэкIынур, абы и щхьэр проценти 100-кIэ…

Читать далее