Гулъытэм и фIыгъэкIэ

Афганистаным щекӀуэкӀа зауэм зэкъуэш зэхуищӀахэм ящыщ зым, Къэрэшей-Черкесым щыпсэу ХАСАНОВ Хьэсэн Даут и къуэм и лъэгуажьэпкъыр икъутауэ пӀэм хэлът. Абы чэзууэ бгъэдэст и Ӏыхьлыхэр, зыхуей хуагъазэу. ЛӀым и лъакъуэр операцэ иримыгъэщӀмэ, пӀэм къыхэнэнкӀэ шынагъуэ щыӀэт. Ветераным операцэм щӀитыну мылъку иӀэтэкъым, квотэ къыдихынуи хузэфӀэкӀтэкъым… Я ныбжьэгъур зыхэхуа гузэвэгъуэр къуэш къыхуэхъуахэм къыщацӀыхум, цӀыхухэм я Урысейпсо приемнэм ипэ…

Читать далее

«Фронтым дэкIа зэкъуэшхэр»

Мазаем и 18-м Байрамуковэ Хь. и цIэр зезыхьэ къэрал лъэпкъ библиотекэм тхакIуэ, КъЧР-м щIыхь зиIэ и журналист, «Къарачай» газетым и лэжьакIуэ Батчаевэ Фатимэ и IэдакъэщIэкI «Фронтым дэкIа зэкъуэшхэр» тхылъым и лъэтеувэр щрагъэкIуэкIащ. Абы къеблэгъащ республикэм и Парламентым и депутатхэр, хэгъуэгум и Министерствэ, къулыкъу зэхуэмыдэхэм я лIыкIуэхэр, творческэ интеллигенцэр, егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр, тхылъым ихуа лIыхъужьхэм я Iыхьлыхэр,…

Читать далее

Нарт IуэрыIуатэм и лIыхъужьхэр

Адыгэ нарт эпосым и лIыхъужьхэм яхэтщ лIыхэри фызхэри. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри адрейхэм йофIэкI зыгуэркIэ: и къарукIэ, и акъылкIэ, и гулъытэкIэ, нэгъуэщIкIэ. Ауэ ахэр зэщхь ещI зэрыщхьэхуитым, я гупсысэкIэрэ я Iуэху бгъэдыхьэкIэрэ зэраIэжым, зэрыхэкупсэм, цIыхухэр фIыуэ зэралъагъум, псэ лъапIагъэу къалъытэхэм я гъащIэр щIатыну зэрыхьэзырым. НэгъуэщI псалъэхэмкIэ жытIэмэ, зыгуэркIэ ахэр дэркIэ щапхъэ мэхъу. Ауэ абы щIыгъууи яхэлъщ…

Читать далее

Гъэсэныгъэр псом и лъабжьэщ

Черкесск къалэм щыIэ, щIалэгъуалэм зауэ-хэкупсэ гъэсэныгъэ егъэгъуэтыным хуэунэтIа «Авангард» егъэджэныгъэ-методическэ купсэм щIышылэм и 15-м щыхьэщIащ Хьэбэз районым щыщ ныбжьыщIэхэр. Дауэдапщэр къызэрагъэпэщащ «Бжэ зэIухахэм я Махуэ» акцэм ипкъ иту. НыбжьыщIэхэм япежьащ, псалъэ гуапэкIэ иригъэблэгъащ купсэм и унафэщI Баев Уэсмэн. Абы и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ хэкупсагъэр сыт хуэдэ къэралми щыпсэу цIыхум хэлъыпхъэ щэныфIагъхэм языхэзу зэрыщытыр икIи къыдэкIуэтей щIэблэр…

Читать далее

Бремен и «лIыхъужьхэр»

Хьэбэз районым и «Нэмыс» театрым «Бремен музыкантхэр» таурыхъым и премьерэмкӏэ илъэсыр зэхуищIыжащ икӏи 2026 гъэр а гъэлъэгъуэныгъэмкӏэ иригъэжьащ. Щӏышылэм и 14-м Хьэбэз районым щэнхабзэмкIэ и Уардэ унэм къеблэгъахэр Бремен мэз таурыхъым къыщыхутащ… Псоми фIыуэ тлъагъу макъамэ — таурыхъыр утыкум щызыгъэувар режиссёр, КъЧР-м и цӏыхубэ артист КIэдэкIуей Артурщ. Таурыхъым и «лIыхъужь» Трубадур ныбжьэгъу къыхуэхъуа Хьэм, Джэдум,…

Читать далее

ДыщэкI Тамарэ и фэеплъу

Гуауэщ илъэс куэдкIэ зи гуащIэр щапхъэ пхуэхъуу къыпхэта лэжьэгъу нэхъыжьыр зэшэзэпIэу, упэмыплъагъэххэу щыпхэкIыжкIэ… Ди щIэджыкIакIуэхэм, дауи, я гулъытэм щIэхуакъым илъэсыщIэр зэредгъажьэу къыдэкIа «Черкес хэку» газетым къытехуа щыгъуэр — илъэс 50-м щIигъукIэ лъэпкъ журналистикэм хуэлэжьа, «Ногай давысы» нэгъуей газетым зи гуащIэ къызэрымыкIуэ щызыгъэтIылъа ДЫЩЭКI Тамарэ Борис и пхъур дунейм зэрехыжам тедухуар. Пэжщ, Тамарэ адыгэ газетым зэи…

Читать далее

ИлъэсыщIэ Iэнэр

МафIэшым игу ирихьынур, и нэфIыр къызэрытхьэхунур къыхэтхынщ. МахуэщI Iэнэм тетынум и плъыфэ нэхъыщхьэр ехъулIэныгъэ къэзыхьхэрауэ, МафIэшым и плъыфэхэрауэ щытын хуейщ, Iэмал имыIэу. Апхуэдэщ плъыжьыр, гъуэжьыр, дыщафэр, гъуэплъыфэр. Абыхэм махуэщI теплъэгъуэ къагъэщIынущ икIи Шым и гур къахьэхунущ. А плъыфэхэм гулъытэ нэхъыщхьэр едгъэгъуэтын хуейщ, апщыгъуэми щхъуантIафэри Iэпэдэгъэлэл дымыщIу. Iэнэм тетыпхъэщ шхынгъэфIэIу-гъэIэфI удз щхъуантIэхэр. Шым фIыуэ илъагъу удзым,…

Читать далее

ГъэщIэгъуэнщ

1666 гъэр — МафIэшым и Илъэсу щытащ. А гъэ дыдэм Лондон мафIэс ин дыдэ къыщыхъуауэ тхыдэм хыхьащ. Ди лIыщIыгъуэм и 406 гъэ— книжник Маштоц Месроп армян алыфбей къигъэщIащ. Ар Шы Плъыжьым и гъэт. 1547 гъэ — Грознэ Иван и тепщэгъуэм урысей топхэр (пушкэхэр) ягъэжауэ щытащ. Нэхъ гъунэгъуу дыкъэIэбэнщи, 1966 гъэр Китайм и тхыдэм хыхьащ социальнэ…

Читать далее

Гъагъэ, щIэращIэ, ди «Черкес хэку»

Мыпхуэдэ щхьэщIэдзапIэм щIэту Урысейм и ЛIыхъужь Къардэн Уэхьид и цIэр зезыхьэ ПсэукIэ-Дахэ курыт еджапIэм дерс-зэIущIэ щызэхашащ. Абы и къызэгъэпэщакIуэу щытащ адыгэбзэр хъумэным фэрыщIыгъэ зыхэмылъ псэемыблэжыныгъэ къару хэзылъхьэ егъэджакIуэхэр, лъэпкъыбзэм, лъэпкъ щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ щIэблэр дезыгъэхьэх Абдокъуэ Фатимэрэ КIэдэкIуей Ларисэрэ. Республикэм, уеблэмэ адыгэ зыщыпсэу нэгъуэщI хэгъуэгухэм щекIуэкI лъэпкъыбзэ, лъэпкъ литературэ Урысейпсо олимпиадэхэм, адыгэбзэм теухуа егъэджэныгъэ-щIэныгъэ зэхыхьэхэм мы…

Читать далее

«Сэр сэру сызекIуэным сыщIохъуэпс!»

Жьакуэ къуажэм щыщ Бахътырхэ я унагъуэм къихъухьа хъыджэбз цIыкIур мази 8 щрикъуам, дохутырым «ДЦП» диагнозыр хуигъэуват. АкъылкIи псэкIи абы уеувэлIэныр къызэрымыкIуэу хьэлъэт адэ-анэм я дежкIэ. Ауэ унагъуэм щIэс нэхъыжьхэм — нанэ-дадэм, зы дакъикъи ягъэгужьеякъым ныбжьыщIэхэр: «Тхьэшхуэм къыщыттрилъхьакIэ тхьынщ. Уэ нысэ, плъэкI къомыгъанэ!» — жраIащ сабийм и анэм/ Абдеж щыщIадзащ Бахътырхэ къахуэхъуа сабийм и гъащIэм щIэбэнын….

Читать далее