Дахагъэр зэкIужщи, зэкIужыр фащэщ
Адыгэм ди тхакIуэшхуэ МэшбащIэ Исхьэкъ зэрыжиIэгъащи: «… Адыгэ фащэр сэ схуадами, Зэры-Кавказу яхуэхъуащ». Ар лъэпкъ зэхуэмыдэхэм зэрафIэфIыр, езыхэми фащэ зэрахуэхъуар куэд и уасэщ. Абы къегъэлъагъуэ, адыгэм и щыгъыныр — и теплъэкIи и тыншыгъуэкIи хамэ лъэпкъхэми зэрызыхащIэр, я псэм къызэрищтар… Адыгэ фащэр эстетикэ и лъэныкъуэкIэ лъагапIэ ин дыдэм щыIэу къыдолъытэ. Абы зыхилъхьащ лъэпкъым и губзыгъагъэри, ди…