Газетхэмрэ журналхэмрэ Москва щагъэлъагъуэ

Накъыгъэм (майм) и 23-м Москва къалэм дэт лъэпкъхэм я Унэм «Адыгэ щэнхабзэм и Махуэ» щхьэщIэдзапIэм щIэту, «Iэнэ хъурей» зэпсэлъэныгъэ бгъэдыхьэкIэм тету щрагъэкIуэкIащ адыгэбзэмрэ адыгэ щэнхабзэмрэ, лъэпкъ газетхэмрэ журналхэмрэ хъумэным, абыхэм зыужьыныгъэ ягъэгъуэтыным, лъэпкъыр къызэтенэнымкIэ а къыдэкIыгъуэхэми, лъэпкъ театрми ягъэзащIэ мыхьэнэ иным, дэтхэнэми я щыIэкIэпсэукIэм убгъуауэ щрипсэлъащ. Москва къалэм щылажьэ, «Центр сохранения родного языка и традиционной…

Читать далее

Жьэ лIыкIуэ нэхърэ — щхьэ лIыкIуэ

Къэрал, политикэ, жылагъуэ Iуэхузехьэ Сэхъурокъуэ Хьэутий Накъыгъэм и 27-м и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирикъуащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, адыгэ лъэпкъым и нэхъыжьыфI СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий Хьэзрит и къуэр Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, Урысей Федерацэм и Президентым деж лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ Советым хэт, «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблея» зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и Iэтащхьэ,…

Читать далее

Ди къуэшхэр — ди газетым и хьэщIэщым

«Черкес хэку» газетым и редакцэм къеблэгъащ Нартокъуэ СулътIан къыдигъэкI «Вестник народов Кавказа» газетым и илъэс 20 юбилейр зыгъэлъэпIэну ди республикэм къэкIуа хьэщIэхэр: Адыгэ Республикэм и «Черкесский Совет» Адыгэ Хасэ» жылагъуэ организацэм и тхьэмадэ, Вындышхуэ Заурбий, абы и къуэдзэхэу куржыабхъаз зауэм и ветеран, Абхъазым и Леон орденым и кавалер Жылэгъуэт Нурбий, КIэдэкIуей ХьэзрэIил сымэ. ВЫНДЫШХУЭ Заурбий:…

Читать далее

ФIыр кIуэдкъым

Дагъыстан Республикэм и Правительствэм и лӏыкӏуэу КъЧР-м щыIэ МАГОМЕДОВ Мыхьэмэд печатым и Унэм зэIущIэ гуапэ щригъэкIуэкIащ. Ар траухуащ ди хэгъуэгум щыпсэухэм фӏыщӏэ яхуэщIыным, Дагъыстан Республикэм дэIэпыкъуэгъу къахуэхъуахэр гулъытэкIэ къыхэгъэщыным. КъызэрымыкIуэу хьэлъэу къыщIэкIащ Дагъыстан хэгъуэгум дежкIэ мэлыжьыхь мазэр. ЖыIэпхъэщи, япэ махуэм къыщыщIэдзауэ псыдзэм, уэшхым къахуихьа насыпыншагъэр гъэзэкIуэжынымкIэ республикэм къагуэуващ Ищхъэрэ-Кавказ хэгъуэгухэри. КъЧР-м щыпсэухэми лъэныкъуэгъазэу зыкъагъэнакъым. Икӏи…

Читать далее

Я гугъуехьхэр ядэзыгуэш

Текӏуэныгъэм и Махуэшхуэр ди республикэм и дэнэ къали, къуажи Iэтауэ щагъэлъэпIащ. Пэкӏухэр щекӏуэкӏащ Хэку зауэшхуэм хэтахэм я фэеплъ щӏыпӏэхэми. Апхуэдэу, Бэвыкъуэ къуажэм дэт «Хэку – анэ!» фэеплъ комплексым махуэщIым и гъэлъэпIэныр зэӏущӏэ щхьэхуэкIэ ягъэнщIащ. Абы кърихьэлIащ Хъумэрэ Цӏыкӏу, Бэвыкъуэ къуажэхэм щыщу СВО-м хэт зауэлӏхэр. Гупым я пашэу махуэщIым хэта Абдокъуэ Олег утыкум къыщыпсэлъащ. СВО-м и…

Читать далее

Адыгэ уэрэдыжьхэм — псэщIэ

Ди адэжьхэм къащIэна уэрэдхэр — адыгэ лъэпкъым и тхыдэщ, и бзэщ, и лIыгъэщ, и гъуджэщ… Жагъуэ зэрыхъущи, IуэрыIуатэм хыхьэ уэрэдхэр, макъамэхэр, гъыбзэжьхэр цIыхубэм нэгъэсыным, хэгъэIуэным телажьэр закъуэтIакъуэщ. НобэкIэ апхуэдэ лэжьыгъэр зи пщэ дэзылъхьэм лъэпкъым хуищIэр гъунэншэщ, щIэблэм и къэкIуэнум хуилэжьыр Iуэхушхуэщ. Адыгэ лъэпкъым и щыгъуэ-щIэж махуэм — (накъыгъэм) и 21-м ехъулIэу хьэгъундыкъуейдэс, бзылъхугъэ лъэпкъыпсэ АСЛЪЭНЫКЪУЭ…

Читать далее

Еджагъэшхуэ

ГъащIэ купщIафIэ езыхьэкI цIыху пцIыхурэ жэуэ къызэупщIмэ, сымычэнджэщу и цIэ къисIуэнущ Братхэ Хьэсин. Си фIэщ мэхъу, «хэт ар?» жэуэ мы хэгъуэгум щыпсэу зы цIыхуи зэрыщIэмыупщIэнур, сыту жыпIэмэ, диктор, журналист, щIэныгъэлI къызэрымыкIуэр псоми фIы дыдэу яцIыхури. Апхуэдэ цIыху уасэ хуэпщIынри Iуэху къызэрымыкIуэщ. ГъащIэм къызэригъэлъагъуэщи, цIыху зэчиифIэм лъэныкъуэ куэдкIэ, IуэхущIафэ зэхуэмыдэхэмкIэ зыкъызэкъуех. Аддэ, областной радио жытIэу щыщыта…

Читать далее

ЗэчиифIагъкIэ Тхьэр зыхуэупса

Зыщалъхуа къуажэри, хэкури, къызыхэкIа лъэпкъри зэрыгушхуэхэм ящыщщ щIэныгъэлI цIэрыIуэ БРАТХЭ Хьэсин Сэхьид и къуэр. Тхьэм ирещIи, ар къэзымыцIыху ди лъахэм ису къыщIэкIынкъым. Нэхъыбэу Хьэсин цIэрыIуэ зыщIар 1957 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс 41-м щIигъукIэ Къэрэшей-Черкес радиокомитетым диктору зэрыщылэжьаращ. Къапщтэмэ, Братхэ Хьэсин хуэдэу дикторыныр япэ дыдэу IэщIагъэ зыхуэхъуа адыгэ цIыху ди хэгъуэгум исакъым. Пэжщ, а IэщIагъэ гугъум хуэзышэ…

Читать далее

Ену иреблэ нартхэм я мафIэр!

Накъыгъэм и 12-м илъэс 90 ирикъуащ Къэрэшей-Черкесым щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, адыгэ еджагъэшхуэ-IуэрыIуатэдж, лингвист, публицист, Хъупсырокъуэ Хъ. и цIэр, «ЩIыхь нагъыщэ» орденыр зезыхьэ щIэныгъэхутэ институтым (КъЧИГИ-м) лъэпкъхэм я IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэрылажьэ нэхъыжь БРАТХЭ Хьэсин Сэхьид и къуэр. 1998 гъэм къыщегъэжьауэ Хьэсин щолажьэ КъЧИГИ–м IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм. А зэманым къриубыдэу абы и Iэдакъэ…

Читать далее

Ем зэгъусэу пэувыр токIуэ

Республикэ прокуратурэм «Iэнэ хъурей» гъэпсыкIэм иту зэIущIэ щекIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ Iулъхьэм бэнэныгъэ дегъэкIуэкIыным хуэгъэзауэ хабзэхъумэ къулыкъухэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуар къызэщIэкъуэжыным. ЗэIущIэм ирагъэблэгъащ Урысейпсо ЦIыхубэ Фронтым и хэгъуэгу къудамэм, Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ КъЧР-м и Iэтащхьэм деж щыIэ Купсэмрэ Жылагъуэ палатэмрэ я лIыкIуэхэр, хъыбарегъащIэ Iэмалхэм я лэжьакIуэхэр. Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ хабзэ зэхэтыкIэр зэрагъэзащIэр нэIэм щIэгъэтыныр зи пщэрылъ, республикэм…

Читать далее