Къурш хъумакIуэхэм я фэеплъыр псэущ

Хэку зауэшхуэм и тхыдэм щIыпIэ хэха щызыубыд къэхъугъэщ Кавказым и хуитыныгъэм щIэзэуным теухуар. 1942-1943 гъэхэм Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм и щхьэдэхыпIэхэм щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэр зэриухрэ зэман дапщэ дэкIа, псы дапщи ежэха, зауэлIхэм я лъэужьым ноби тоувэ лъахэхутэ-лъыхъуакIуэхэр, бгылъэхэм къыщагъуэтыж зауэм хэкIуэдахэм я къупщхьэлъапщхьэр, хьэпшыпхэр. Хуиту, ефIакIуэу, гуныкъуэгъуэрэ гузэвэгъуэрэ хэмыту псэуным папщIэ зи щхьэ зыгъэтIылъахэм я фэеплъу…

Читать далее

ПIэф ФуIэд къыхужаIахэр

Си щIалэгъуэ дыдэу ФуIэд Ибрагимович сыдэлэжьэн щIэздзащ. ИфI фIэкIаи схужыIэнукъым, сигъэгушхуащ, сиунэтIащ, си лэжьыгъэкIэ куэдрэ къыздэIэпыкъуащ.Гу къабзэрэ псэ дахэкIэ лэжьакIуэ гупым яхэта, унафэщI щыпкъэу егъэджакIуэхэр зэкъуэзыгъэувауэщ ар дигу къызэрыкIыжыр. Си гуапэт сехъуэхъуну къыщалъхуа махуэмкIэ.ПщIэ зыхуэтщI ФуIэд Ибрагимович!Уи махуэщI дахэмкIэ, уи илъэс 90-мкIэ си гуапэу сынохъуэхъу! Апхуэдэ махуэщIыр хуабжьу лъапIэщ дэркIи. Сыту жыпIэмэ, уэ — удиегъэджакIуэ,…

Читать далее

Дызэвгъэпсалъэ…

Сэ — ПIэф Ибрэхьим срикъуэщ. Си анэр Шорэ Къамболэт ипхъущ. Дунейм тетыху си адэри си анэри я къару къызэрихькIэ цIыхухэм сэбэп яхуэхъуащ. Си анэр хъулъхугъэ Iуэху куэд илэжьыфу, хъулъхугъэ куэд къечэнджэщу дунейм тетащ.Сэ 1940 гъэм къыщыщIэдзауэ Хьэбэз къуажэм сыдэсщ. Хьэбэз сыщеджащ. Хьэбэз сыщолажьэ. Зыми зэран сыхуэхъуакъым. ЩIэблэр егъэджэнымкIэ, гъэсэнымкIэ си къару къихь къызэрызмыгъэнэнум сыпылъащ. Хьэбэз…

Читать далее

ПIэф ФуIэд: «Ноби сыеджакIуэщ!» — и илъэс 90-м

«Еджэн, еджэн, иджыри зэ еджэн», — апхуэдэ къыхуеджэныгъэм тету и гъащIэ псом псэуащ, нобэми къыддогъуэгурыкIуэ адыгэ лъэпкъым ди нэхъыжь, пщIэшхуэ зыхуэтщI егъэджакIуэфI ПIЭФ ФуIэд Ибрэхьим и къуэр. Мы махуэхэм ар илъэс 90 ирикъуащ. Зи лэжьыгъэ IэнатIэми щыпэрыту, жылагъуэ Iуэхухэми щыжыджэру зи гъащIэ псор езыхьэкIа ПIэфым зэи IэщIыб ищIакъым и щIэныгъэм хигъэхъуэныр, зиужьыныр. ЕгъэджакIуэ ­IэщIагъэм къызэрыхуалъ­хуам…

Читать далее

Псэм и джэ макъ

ЦIыхум дежкIэ щыIэкъым зыщалъхуа къуажэм хуэдэу лъапIэ. Абы къуэпс зэхуэмыдэхэмкIэ пыщIауэ, и гъащIэ псор епхауэ къокIуэкI. Арагъэнщ ШОРЭ Ахьмэд мы литературэ зэIущIэр и псэм нэхъ щIыхыхьар, и гур нэхъыбэу щIигъэпIейтеяр. АтIэ, абы траухуа литературэ пшыхь дахэр къыхузэрагъэпэщащ езы Шорэр зыщалъхуа, зыщеджа, и адэр япэ унафэщIу зыщылэжьа, Жамбэч Сэлихь и цIэр зезыхьэ Али-Бэрдыкъуэ курыт еджапIэм. УсакIуэ,…

Читать далее

«Иджыри зэ адыгэу сыкъигъэхъужащэрэт…»

Дыгъужь Къурмэн и цIэр зезыхьэ Хъумэрэ курыт еджапIэм зи IэщIагъэм хуэпэжу, зи лэжьыгъэм гумызагъэу бгъэдыхьэу Iут педагогхэм ящыщ зыщ ГЪУКIЭМЫХЪУ Мадинэ Уэсмэн и пхъур. Анэдэлъхубзэр фIыуэ илъагъуу щIэблэр къэзыгъэтэдж мы бзылъхугъэм и ӀуэхущӀапӀэм деблэгъащ адыгэбзэм и Махуэм ехъулIэу, икIи и лэжьыгъэм зыщыдгъэгъуазэмэ ди гуапэу, упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ. — Мадинэ, адыгэбзэ дерсым сабий дапщэ къакӀуэр? Иджырей…

Читать далее

«Хъыбарыншэу кIуэда» щыIэжын хуейкъым

ФIэхъус гуапэ фыдох, ди щIэджыкIакIуэ лъапIэхэ! Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ къедгъэжьауэ «Черкес хэку» газетым къытыдодзэ Хэку зауэшхуэм щыгъуэ хъыбарыншэу кIуэдахэр къэлъыхъуэжынымкIэ адыгэм дипхъу щыпкъэ, Урысей Федерацэм и журналистхэм я Союзым хэт ХЬЭМЫКЪУЭ Жаннэ иригъэкIуэкI лъыхъуэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэ къызэрымыкIуэр. Апхуэдэу, совет, нэмыцэ архивхэм хэлэжьыхьурэ, Жаннэ къелъыхъуэж зауэм щыгъуэ кIуэдауэ, иджырэ къыздэсым зи хъыбар ямыщIэхэм я кIэух хъуар. А…

Читать далее