ЗауэлI хъыжьэт Шорэ Мурат

Хэку зауэшхуэр екIуэкIыу, 1944 гъэм, сэлэтым дежкIэ зауэ нагъыщэ нэхъ лъапIэ дыдэу ялъытэ  «За отвагу» медалымрэ ещанэ нагъыщэ зиIэ «ЩIыхь» орденымрэ къызыхуагъэфэща зауэлI хъыжьэт ШОРЭ Мурат Увжыкъуэ и къуэр. Ди лIыхъужьыр 1907 гъэм къыздэхъуар Хьэгъундыкъуей (Али-Бэрдыкъуэ) жылэжьрами, и гъащIэ псом зыщыпсэуар а къуажэм къыхэкIыу щхьэхуэу етIысэха Хъумэрэ ЦIыкIу дежт. Хэку зауэшхуэр къыщыхъеям, Мурат и ныбжьыр…

Читать далее

ЛIыгъэм и щапхъэ

Сыт щыгъуэ зэманми адыгэхэм зэуапIэм щызэрахьэ Iэзагъэм, къызыкъуах хахуагъэмрэ IэкIуэлъакIуагъэмрэ теухуа хъыбар мащIэкъым тхыдэм къыхэщыжыр. Хэкум емыпцIыжыныр ди лъэпкъ хьэлу зэрыщытыр зэкъым зэрагъэунэхуар. Хэку зауэшхуэр къыщежьами, ТекIуэныгъэр къэгъэгъунэгъуным, къикIуэт ямыщIэу, я гуащIэ халъхьащ зи къару илъыгъуэ ди лъэпкъэгъухэми. Абыхэм ящыщ куэдым яхуэфащэу къэралым и ЛIыхъужьыцIэр къыхуагъэфэщауэ нобэми я щIыхьыр доIэт, я фэеплъыр дохъумэ. Ди щхьэр…

Читать далее

Ерыжь Зулий и фэеплъыр

Абы лъандэрэ зэман куэд текIыжащ… Псыжь къуажэм щыщ Ерыжь Жамболэт и унагъуэм пщэдджыжь уэмым къихъухьащ хъыджэбз цIыкIу. Абы фIащащ Зулий цIэр. Нэшхуэ, щхьэц фIыцIэ хъужауэ, пщащэ цIыкIур къэтэджт набдзэгубдзаплъэу, псори фIэгъэщIэгъуэну. Зулий я гъунэгъухэм я деж куэдрэ щIэст ахэр пшынэ зэреуэм еплъу. Зэзэмызи езы цIыкIуми къыIэщIалъхьэт пшынэр. Апхуэдэм деж абы сыхьэт бжыгъэкIи Iэмэпсымэр иутIыпщынутэкъым, игу…

Читать далее

Дызэкъуэзыгъэувэ ди нып удзыфэ!

Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэ лъэпкъым «Хасэ» жыхуэтIэ Iэмалыр къыдогъуэгурыкIуэ. Нобэ лъэпкъыр зэбгрыдзауэ зэрыпсэум къыхэкIыу, апхуэдэ Хасэхэр адыгэхэр здэпсэу щIыпIэ псоми щыIэщ. Уеблэмэ ахэр нэхъыжь нэхъыщIэкIи гуэшауэ урохьэлIэ. Апхуэдэщ КъэрэшейЧеркес Республикэри. Абы нэхъ ныбжь зиIэхэр зыхэт Хасэм къинэмыщIауэ, ныбжьыщIэхэр зэкIуалIэ «ЩIалэгъуалэ Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэщIэхъееныгъэри щыIэщ. Ар илъэс 19 хъуауэ лъэпкъым и щэнхабзэр, хабзэхэр хъумэным и ужь…

Читать далее

Лъэпкъым и дамыгъэ лъапIэ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и къыхэлъхьэныгъэкIэ, 2010 гъэм щегъэжьауэ адыгэ ныпым и Махуэр мэлыжьыхьым и 25-м щагъэлъапIэ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Черкес, Адыгэ республикэхэм, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэрал псоми. Мы махуэщIыр лъэпкъымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэхэм ящыщщ, сыту жыпIэмэ, дуней псом щызэбгрыпхъа адыгэ лъэпкъым зы блэкIа, зы нобэ, зы пщэдей зэриIэм ныпыр и дамыгъэ хъуащ. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, адыгэ ныпым и гугъу…

Читать далее

Жантемыр Муслъимэт и усэхэм нэIуасэ фыхудощI

ЩIымахуэм зепхъэнкIыж Нэсащ щIымахуэр и кIэм, зепхъэнкIыж.Хьэуа къабзащэр зыщумыгъэнщIу гуакIуэщ.Хьэ макъ, шы макъыуУэсыщIэр лъэгум къыщопсалъэ.Къесащи куууэ, лъэгуажьэм къэсу ухощатэ.Цы хъар хужьыбзэщ нэм къиплъыхьыр.НысащIэм и щхьэтепхъуэуЖыг пцIанэр уэсым исеящ.Сабийхэр макIуэ къежэхыпIэмЗэкIэлъхьэужьу Iэжьэр джабэм къокIуэсэх.Дыхьэшх, гуо макъым зэщIещтэ хъуреягъырСыт щыIэ сабиигъуэм нэхъ гупсэху.Зыгуэрхэм ящI уэс дадэАдрейхэр лъэрыжэкIэ къожэх.Хъуэпсэгъуэ зэманщи, уэршэрагъкIэЩIымахуэр зэгъусэу ягъэкIуатэ.Гъатхэпэ мазэм гугъэфIхэмкIэ дыпожьэУэс куэдыр ябж…

Читать далее

ЕгъэджакIуэ щыпкъэ, гъэсакIуэ нэс

Спорт зэхьэзэхуэкIэ и щIыхьымрэ и фэеплъымрэ ягъэлъэпIащ, яIэтащ илъэс 30-м зэрынэхьэскIэ зи къару,  зи гуащIэ ин, щIэныгъэ куу егъэджакIуэ IэщIагъэм хуэзыгъэтIылъа, щапхъэ зыгъэлъагъуэ спортсмену, узэщIакIуэу, къызэгъэпэщакIуэ къызэрымыкIуэу лъэпкъым и щIалэгъуалэм ящхьэщыта КЪЭЗЭНОКЪУЭ Мухьэрбий Хьисэ и къуэм. Фэеплъ Iуэхугъуэр здыщрагъэкIуэкIа, Арэшыкъуэ Р. и цIэр зезыхьэ Хьэбэз къуажэ курыт еджапIэм къеблэгъащ Мухьэрбий и ныбжьэгъуахэр, игъэсахэр, къыдэлэжьахэр, Зеикъуэ…

Читать далее

ЛIыпIэ ныбжь

Лъэпкъымрэ лъахэмрэ зи къалэмыр гуащIафIэу хуэзыгъэлажьэ, зэчийкIэ Тхьэр зыхуэупса ди лэжьэгъу ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэ и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъуар, лIыпIэ ныбжь зэриувар иджыблагъэ игъэлъэпIащ. Ар — и щIэщыгъуэр имыкIыу зи IэнатIэм пэрыт, гъащIэр, бынунагъуэр, ныбжьэгъур фIыуэ зылъагъу цIыхущ. Хьэтызэ Жьакуэ къуажэм щыщ Дэбагъуэхэ Хьэмидрэ Iэминатрэ я бынунагъуэшхуэм къихъухьащ. Хьэмид ухуакIуэу щытащ, Iэминат тучантесу, сабий IыгъыпIэм и…

Читать далее

«Уи зэфIэкIым мардэ иIэкъыми, тегушхуэ!»

УзыншагъэкIэ дагъуэ зиIэхэм я IэщIагъэ IэкIуэлъакIуагъыр къэгъэлъэгъуэнымкIэ «Абилимпикс» хэгъуэгу чемпионатыр ди республикэм щрагъэжьащ.Къэрэшей — Черкес къэрал филармонием и чемпионатыр хэIэтыкIауэ къыщызэIуахащ.Абы къеблэгъащ КъЧР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ и министрым и къуэдзэ Карасовэ Заирэ, республикэм гуащIэдэкIымрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэкIэ и министрым и къуэдзэ Шияновэ Ольгэ, предприятэшхуэхэм я лIыкIуэхэр, IэщIагъэ къыздыщIах ику ит еджапIэхэм, коррекцэ еджапIэхэм я унафэщIхэр.«Абилимпикс» чемпионатыр ди…

Читать далее

«ГъащIэм и мафIэ»

Къупщхьэ куцIымкIэ донорхэр нэхъыбэ щIыным хуэгъэза Урысейпсо акцэр Къэрэшей-Черкес Республикэм щрагъэжьащ.«ГъащIэм и мафIэ» («Огонь жизни») пхъэдзакIэмафIэр (факел) Черкесск къалэм къынахьэсащ. Абы ипкъ иту, ЩIыхьым и Аллеем къыщыщIадзэри Черкесск къалэм лъы здат Станцэм нэс къэжэныгъэ ирагъэкIуэкIащ.Гугъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ къэзыгъэлъагъуэ акцэм и нагъыщэ пхъэдзакIэмафIэр лъы здат Станцэм къынихьэсащ Урысейм къупщхьэ куцI донорхэр нэхъыбэ хъуным щIэгъэхуэбжьауэ елэжь, плIэнейрэ дунейпсо…

Читать далее