Ди сабийхэм я IэкIэ
ТЕРРОРИЗМ псалъэр зэрызэхахыу, цӀыху куэдым я нэгу къыщӀохьэ блэкӀа мыжыжьэм, Хаттаб, Басаев Щэмил, Умаров Доку, Гочияев Ачемез, нэгъуэщӀ куэдми хуэдэ щIэпхъэджащIэхэм я зэранкӀэ ди къэралым и цӀыхубэм я гум «уӀэгъэ мыхъуж» къыщыхэна зэманыр, щызэхуэхьэса теплъэ щхьэхуэхэр. Норд-Остым, Беслан, Волгодонск, нэгъуэщӀ урысей къалэхэм къыщыхъуа, лажьэ зимыӀэ цӀыхуищэ бжыгъэ зыхэкӀуэда къэхъукъащӀэхэм цӀыхубэм я гукъэкӀыжым лъэужь фӀыцӀэ къыщагъэнащ….