Адэжь щIэиным и хъумакIуэхэр
ШыщхьэIум и 27-м Хьэбэз къуажэм дэт, «Мой выбор» щIалэгъуалэ купсэм и жэрдэмкIэ, «Мастер национальных ремёсел» зи фIэщыгъэцIэ фестивальгъэлъэгъуэныгъэ щекIуэкIащ. Абы щызэхуэсащ Хьэбэз, Адыгэ-Хьэблэ районхэм, Черкесск къалэм щыщ IэпщIэлъапщIэхэр. Гуапэ зэрыхъущи, къуэш Адыгэ Республикэм щыщ IэпщIэлъапщIэ хьэщIи щыIащ. Ахэр я ныбжькIи, я IэщIагъэкIи зэхуэмыдэу щытащ, ауэ а цIыху къызэрымыкIуэхэр зэщхь зыщI зы щытыкIэм гу лъумытэну Iэмалыншэщ…