Щэхур нахуэ зыщI тхыдэ лъэужьхэмкIэ
Черкесск къалэм къикІуа илъэс 200 гъуэгуанэр тхыдэ хъыбархэмкІэ гъэнщІащ. Ахэр икІи гуфІэгъуэщ, икІи нэщхъеягъуэщ, акъылыр, гупсысэр ирахужьэу, узрихьэлІам нэхъыбэж къыуагъэлъыхъуэным ухуигъэпабгъэу. Апхуэдэу, Твердохлебов Сергей «Черкесск: ориентир в океане фактов и событий» зыфІища тхылъым ит тхыгъэ кІэщІ цІыкІум дришажьэри, ди лъэпкъэгъу лІы хахуэм ехьэлІа хъыбар нэхъ убгъуа къыдигъэлъыхъуащ. Пэжщ, ипэкІи газетым тетащ абы теухуа тхыгъэ, ауэ…