
Зауэм здихьа сабиигъуэ
1943 гъэм, зауэм и гуащIэгъуэу къэхъуа ХЬЭКЪУН Мухьэмэд игъэунэхуащ мэжэщIалIагъэри, щIыIэри, илъэгъуащ фызабэхэм я нэпси.— Зауэм и курыкупсэт, ауэ ди хэгъуэгум нэмыцэхэр ирахужат. Къапщтэмэ, зауэр сэ сцIыхужкъым, ар щиухам си ныбжьыр илъэситIт зэрыхъур. Ауэ зауэ гущIэгъуншэм къихьам, цIыхухэм я фэм дэкIам, гугъу зэрехьам сыщIалэжь цIыкIуу срихьэлIащ, ар фIы дыдэу сощIэж.Хэку зауэшхуэр къыщежьам щыгъуэ, ди адэр…