Адыгэ пщащэ Iущыцэхэр

Къэрэшей-Черкес Республикэм щекIуэкIа, «Умники и умницы» XIII телевизионнэ гуманитар олимпиадэм и финалым и призёр хъуахэщ адыгэ пщащэ Iущыцэхэр – Хьэбэз къуажэм дэт, Хъупсырокъуэ Е. и цIэр зезыхьэ лицейм и е 10-нэ гуманитар классым и еджакIуэ ТХЬЭКЪУАХЪУЭ Элинэрэ Али-Бэрдыкъуэ къуажэм дэт е 2-нэ курыт еджапIэм и е 10-нэ «БХМ» классым и еджакIуэ АСЛЪЭНХЭ Анжеллэрэ. ШЭЧ ХЭМЫЛЪУ,…

Читать далее

Бэшэчагъым ипсыхьат

Сыт щыгъуэ зэмани ди къуажэр къулеящ лэжьакIуэшхуэхэмкIэ, зи гуащIэ къабзэкIэ мэкъумэш хъызмэтыр, Iэщхъуныгъэр, ухуэныгъэр, промышленностыр, нэгъуэщI IэнатIэхэмрэ IэщIагъэхэмрэ езыгъэфIэкIуахэмкIэ… Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, си хьэблэ къудейм дэса нанэхэр хиубыдащ зауэм пэ, зауэ, зауэнэужь лъэхъэнэ хьэлъэ дыдэхэм. Абыхэм я нэгу щIэкIащ гъаблэр, зауэм щыгъуэ щIытI къэзытIахэм яхэхуащ, абы гугъуехьу къахуихьар ягъэващ, мэкъумэш хъызмэтыр къэIэтыжыным гуащIэшхуэ хуагъэтIылъащ. Бэшэчагъ…

Читать далее

ЩIыпIэ самоуправленэм и Махуэм

Къэрэшей-Черкес Жылагъуэ палатэм егъэщIылIауэ лажьэ Жылагъуэ советхэр район къэскIэ иIэщ. Сыт, атIэ, абыхэм я къалэныр, сыт хуэдэ сэбэп къыхуахьыр жылагъуэм, цIыхубэм? Абыхэми, нэгъуэщI ди упщIэхэми жэуапэгъу къыхуэтщIмэ ди гуапэу, мэлыжьыхьым и 21-р — щIыпIэ самоуправленэм и Махуэу зэрыщытри и щхьэусыгъуэу, зыхуэдгъэзащ Хьэбэз районым щылажьэ Жылагъуэ советым и секретарь, и IэщIагъэкIэ егъэджакIуэ ХЬЭМДЭХЪУ Зулифэ. Иджыблагъэ КъЧР-м…

Читать далее

Гуп зэгъэуIуам и Iуэхури зэкIэлъокIуэ

2006 гъэм, накъыгъэм и 31-м щегъэжьауэ, УФ-м и Президентым и Унафэр и лъабжьэу, военнэ комиссариатхэм я лэжьакӏуэхэм ягъэлъапӏэ я ӏэщӏагъэ Махуэр. Махуэщӏым хуэкӏуэу зыхуэдгъэзащ Хьэбэз, Абазэ районхэм ядэлажьэ военкоматым и военнэ комиссар ТЕМЫР Инал Игорь и къуэм. Хэхауэ мы щӏалэм депсэлъэным щхьэусыгъуэ зыбжанэ иӏэщ: военкоматхэм я лэжьакӏуэхэм я Махуэр, зэрыгурыӏуэгъуэщи, япэращ. Абы нэмыщӏу, фызэрезэгъынщи, районитӏым…

Читать далее

«Зи бзэ зэзымыпэсыжым и IэкIэ и лъэпкъым и псэр хехыж…»

Адыгэр лъэпкъ гъуазджэм псэкIэ пэгъунэгъу зыщIыф, ар фIыуэ езыгъэлъагъуф цIыху псэлъэгъу къэпщIыныр IуэхуфIщ, ауэ тыншкъым. Мы тхыгъэр зытедухуа щIалэри творчествэм еплъыкIэ хэха хуиIэу бгъэдыхьэхэм ящыщщи, ар зыгъэпIейтеймрэ зыгъэгушхуэмрэ къептхэкIыну ухуежьэмэ, зы напэкIуэцIкъым ихьынур… Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ адыгэ драмэ театрым и унафэщI IэнатIэ пщэрылъхэр зыгъэзащIэ, Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и Iуэхузехьэ, «Кавказфильм» киностудием…

Читать далее

И щIэиныр мыкIуэдыжынщ

Псэужамэ, мы мазэм и ныбжьыр илъэси 100 ирикъунут РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист, лъэпкъ щэнхабзэм и Iуэхузехьэ щэджащэ, «Эльбрус» къэфакIуэ ансамбль цIэрыIуэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, абы и унафэщIу щыта ЖЭГУЭТЭН Мыхьэмэт Iэмин и къуэр. Ар къыщыхъуащ Хъумэрэ къуажэм гъатхэпэм (мартым) и 4-м. Творческэ гъащIэм пыщIа хъуащ иджыри еджапIэм щеджэ щIыкIэ, художественнэ самодеятельностымкIэ гупым хэту. Щысабийм…

Читать далее

Ди бзэмрэ щэнхабзэмрэ зыдж японхэр

Японием (Токио) щыщ къэфакIуэ икIи блогер, илъэс 20 зи ныбжь Нозаки Тайга Интернетым и социальнэ сайтхэм цIэрыIуэ щыхъуащ Ищхъэрэ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэм зэрыдихьэхымкIэ. Иджыри курыт еджапIэм щыщIэсым Кавказым лъэпкъхэм я тхыдэм дихьэхат Нозаки. Ди къафэхэр къыщилъэгъуам къыщыщIэдзауэ, зэуэ дихьэхащ мы Iуэхум. Абы зэрыжиIэмкIэ, японхэр Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэм, тхыдэм апхуэдэу щыгъуазэкъым, ауэ…

Читать далее

МЭРЗЕЙ Зое: «Зи бзэм мыхьэнэншафэ езыплъыжым тхьэмыщкIафэ къытоуэ»

АНЭДЭЛЪХУБЗЭМ теухуауэ щыIэ гурыгъузхэр мащIэкъым, ар хъумэным, зегъэужьыным, щIэблэм шэрыуэу яIурылъыным теухуауэ жаIари ятхари мащIэкъым. БзэщIэныгъэлIхэми адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэми абы хуэгъэза я гупсысэхэр куэдрэ утыку кърахьэ. Абыхэм ящыщщ Лэскэн районым хыхьэ Урыху къуажэм дэт курыт еджапIэм №2-м адыгэбзэмрэ литературэмрэкIэ илъэс 30-м щIигъуауэ щезыгъаджэ Мэрзей (Нот) Зое и еплъыкIэр: — Дэтхэнэ егъэджакIуэри сабийхэм я пащхьэ къыщихьэкIэ, дауи,…

Читать далее

«Зы къэрал — зы лъэпкъ»

Ди къэралым и Президент Путин Владимир мы гъэр лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Илъэсу зэригъэувам ипкъ иту, Черкесск къалэм дэт СКГА-м «Зы къэрал — зы лъэпкъ» щхьэщӀэдзапӀэм щӀэту лекцэ-зэпсэлъэныгъэ щекӀуэкӀащ. «ЩӀэныгъэ» Урысей зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща Ӏуэхугъуэм кърагъэблэгъащ жылагъуэ лэжьакӀуэхэр, журналистхэр, властым и къулыкъухэм къабгъэдэкӀахэр, динырылажьэхэр, лъэпкъ-щэнхабзэ зэгухьэныгъэхэм я лӀыкӀуэхэр. «Зы къэрал — зы лъэпкъ» псалъэхэр къызэрыгуэкӀыу Ӏуми,…

Читать далее

ПсапащIэ Iуэхум и къарур лъэщщ

Бзылъхугъэхэм я Дунейпсо махуэм ипэ къихуэу «Зыуэ щыт Урысей» партым жылагъуэ дэӏэпыкъуныгъэмкӏэ и Штабым зэӏущӏэ гуапэ щекӏуэкӏащ, хэгъуэгум и мысату организацэхэм я унафэщӏ бзылъхугъэхэр хэту. Зэхыхьэр «Зэӏущӏэфӏхэр» жыхуиӏэ акцэм ипкъ иткӏэ къызэрагъэпэщащ. Нэхъыщхьэу абдеж щытепсэлъыхьащ мысату организацэхэм епха бзылъхугъэхэм я лэжьыгъэм и мыхьэнэ лъагэм, абыхэм я къарур зэхыхьэмэ, я лъэкӏыныгъэм нэхъри зэрефӏэкӏуэнум. Зэпсэлъэныгъэм хэтащ «Зыуэ…

Читать далее