Уэрыншэу щIылъэр къызокIухь…

Ныбжьэгъур лъэужьыншэу кIуэдкъым, Ар гукъэкIыжхэм хэпсыхьащ. Игъуэ нэмысу ущытхэкIми, Къэбгъэзэжыну си гугъащ – Гъуэгуанэм дызэдытеувэу, Иджыри зэ дрикIуэжынт, Ныбжьэгъухэр гуапэурэ дгъэгуфIэу, ФIэхъус сэламри ятхыжынт. АрщхьэкIэ, гъащIэм къигъэзэжкъым, Уэрыншэу щIылъэр къызокIухь. Жэщитхуи хъуауэ гугъэзэжым Къысхуехьыр уи фэеплъу пщIыхь: Аргуэру гъэхэм дыпхырокIыр, Ди бдзэжьеящи блэдмыгъэкI, Уи дыхьэшх макъри гум пхырокIри, Уи фэеплъ дахэр си гум къокIри, БжьыхьэкIэ…

Читать далее

НэхъыфI дыдэхэм ящыщу

Куэд щIакъым «Орлёнок» сабий купсэм «Хрустальные звёздочки» Урысейпсо фестиваль-зэхьэзэхуэм и Iыхьэ ныкъуэр зэриухрэ. Абы хэтащ ди къэралым и хэгъуэгу 36-м къабгъэдэкIа сабийхэр. Зэпеуэр номинацищымкIэ екIуэкIащ: уэрэджыIэхэр, къэфакIуэхэр, макъамэ Iэмэпсымэм еуэхэр. Жюрим и пашэу щытар Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист, Къэрал Кремль Унэм и режиссёр нэхъыщхьэ Глазов Евгенийщ. Нэхъыщхьэращи, Урысей псом щыщу мы зэпеуэм хыхьа ныбжьыщIэхэм…

Читать далее

Зи пшынэбзэр дахащэ

Пшынауэ Iэзэм нэгъуэщIу елъагъу уафэмрэ щIылъэмрэ, ар цIыхугуми, хы лъащIэми, къуршхэм я нэхъ лъагэ дыдэми носыф и псэм къиIущэщ нотэ мытхахэмкIэ. Хэт ди адыгэм апхуэдэ зэфIэкI зиIэу нобэ къытхэтыр жыпIэу угупсысэмэ, япэу уи щхьэм къэкIыр, Тхьэм ирещIи, нэрыбгэ зытIущщ. Апхуэдэ зыщ мы тхыгъэмкIэ зи гугъу фхуэтщIыну щIалэр — Адыгэ Республикэм, Къэрэшей-Черкесым, Ингушетием щӏыхь зиӏэ я…

Читать далее

Адыгэм и дыщэ макъ

Жэпуэгъуэм и 2-м ТУТ Заур Нэжыд и къуэр илъэс 75-рэ ирикъуащ. ЗэрытщIэщи, ныбжьыр зэхэлъщ блэкIамрэ нобэмрэкIэ, абы къэкIуэнури яхэтыжу. ЦIыху ныбжьыр ауэ къызэрыкIуэ бжыгъэкъым, атIэ лъэбакъуэ зырызу зэхэлъ, пщIэ пылъу зыхуэкIуа лъагапIэщ. Заурщи, и гъуэгуанэм и кIыхьагъым абы и гум Хэкушхуэми, къыщалъхуа хэку цIыкIуми лъа-гъуныгъэ дахэ хуилъу къэгъуэгурыкIуа лIы нэсщ. Адыгэм и къуэ пажэ, Урысейм…

Читать далее

«Щэнхабзэзэпх зэпыщIэныгъэм и еджапIэ»

КъЧР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмрэ печатымрэкIэ и Министерствэм и къызэгъэпэщыныгъэкIэ, «Архыз 24» телеканалым и дэIэпыкъуныгъэкIэ, фокIадэм и 23-25 махуэхэм Черкесск къалэм дэт «Спутник» купсэм щылэжьащ «Щэнхабзэзэпх зэпыщIэныгъэм и еджапIэ» щIалэгъуалэ егъэджэныгъэ форумыр. Щэнхабзэм епха лэжьыгъэхэр, зэпсэлъэныгъэхэр дэгъэкӏыным, хъыбар нэпцӏхэмрэ «хъы» къэухьым шынагъуэу щыхъэмрэ защыхъумэным, утыку къэпсэлъэкӏэм зыхуегъэсэным ятеухуауэ лекцэхэмрэ мастер-классхэмрэ къызыхалъыта программэм хэтащ Ищхъэрэ Кавказым…

Читать далее

Лъэпкъхэм яку дэлъ благъагъэр ягъэщыпкъэу

2026 гъэм фокӏадэм и 13-м къыщыщӏэдзауэ и 21-м нэс Ищхъэрэ Кавказым и хэгъуэгухэм щекӏуэкӏащ «Зэныбжьэгъугъэм и гъуазэхэр. Кавказым и чэщанэхэр» лъэпкъ зэгурыӏуэныгъэм и юбилей волонтёр проектыр. Мы гъэм ар епщӏанэу йокӏуэкӏ. Абы зэкъуигъэуващ хэгъуэгуиблым къабгъэдэкIа «Кунаки», «Горцы», «Джигиты» гупищым хэта нэрыбгэ 45-рэ. Япэ махуэхэм гупищыр хэгъуэгу щхьэхэхуэм щылэжьащ. «Кунаки»-м и программэр Ингуш Республикэм щрагъэжьащ. Абдеж…

Читать далее

Полицэр зэрылажьэм арэзы дыкъищIмэ…

Урысейм и МВД-м и Урысейпсо щIэныгъэхутэ институтым (ВНИИ) и лэжьакIуэхэр тхьэмахуэ кIуам ди хэкуэгъухэм яхуэзэурэ щIаплъыкIащ икIи зыщагъэгъуэзащ полицэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм Iуэху еплъыкIэу хуаIэр, дзыхьу хуащIыр, хабзэхъумэ къулыкъухэм фейдэуэ къыхуахьыр. Къалащхьэм къикIа щIэныгъэрылажьэхэр — ВНИИ-м и унафэщIым и къуэдзэ, юридическэ щIэныгъэхэм я доктор, полицэм и полковникыу отставкэм щыIэ Невский Сергейрэ Курчатовскэ институтым и къудамэм и…

Читать далее

«Къэрал лъэщым Iэ худоIэт!»

Хэхыныгъэхэм ипэ къихуэу, Урысейм и Президент ПУТИН Владимир къэралым и цIыхухэм захуигъэзащ УРЫСЕЙ псом и дэнэ къуапи хуэдэу, махуищым къриубыдэу Къэрэшей-Черкесми щекIуэкIащ УФ-м и Къэрал Думэм и е IX-нэ зэхуэшэсыгъуэм хэтыну депутатхэр къыхэхыным хуэгъэза хэхыныгъэ компанэр. Абы папщIэ хэгъуэгум къыщызэIуахащ сыт щыгъуи лажьэ зи хабзэ хэхыпIэ щIыпIэ 249-рэ, пIалъэкIэ къызэрагъэпэща хэщIапIитIрэ. «Хэхыныгъэхэм дыхэтыныр — ТекIуэныгъэм…

Читать далее

Республикэм и лIыщхьэу хахащ Темрезов Рэшид Бориспий и къуэр

Хэхыныгъэхэм Зыуэ щыт я махуэм — фокIадэм (сентябрым) и 20-м — КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тIощIрэ ебланэ зичэзу сессием депутат 48-м щIаплъыкIар зы упщIэщ: Урысей Федерацэм и Президентым къыбгъэдэкIа кандидатхэм КъЧР-м и Iэтащхьэ IэнатIэм техьэныр къыхахынращ. Парламентарийхэр зэдэарэзыуэ КъЧР-м и Iэтащхьэ IэнатIэр илъэситхукIэ игъэзэщIэну хуагъэфэщащ 2011 гъэм щегъэжьауэ хэгъуэгум и лIыщхьэ ТЕМРЕЗОВ Рэшид…

Читать далее

«Си лъагъуныгъэм и сатырхэм сыщымысхь…»

ЩыIэщ цIыху, и щIыхьыр къалащхьэ утхэм щиIэтын папщIэ къэхъуауэ зимылъытэжу, атIэ, и гъэсэныгъэ лъагэмкIэ цIыхубэ псом гъуазэ хуэхъуфу. КХЪУЭХЪУ Хъаннэ Мухьэдин и пхъур апхуэдэхэм ящыщщ. Абы и творческэ макъыр ину Iукъым, ауэ уи гущIэ лъащIэм хохьэ, ар зэхэзыххэм я тхыр нэхъ захуэ хъу къыпщегъэхъу, уеблэмэ пасэ зэманым уэзыгъэгъэзэж, мыхьэнэ зиIэ гукъэкIыжхэр, махуэен зэрызехьэм хэту псэу…

Читать далее