МахуэщIыр гъэлъэпIэным
Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекӀуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ илъэс 80 мы гъэм зэрырикъум теухуауэ Къэрэшей-Черкесым щызэхэтыну махуэщӀ дауэдапщэхэр къызэгъэпэщынымкӀэ комитетым хэтхэм яӀущӀащ хэгъуэгум и Ӏэтащхьэ Темрезов Рэшид. «Шэчыншэу, УрысеймкIи Къэрэшей-ЧеркесымкIи мы гъэм и нэхъ къэхъугъэ нэхъыщхьэу щытыр ТекIуэныгъэм и юбилей махуэщIращ. Ди къару зэхэтлъхьэу дыубзыхун хуейщ абы пыщIауэ щытыну лэжьыгъэхэр, псом япэрауэ, ди Президент Путин Владимир…